Си адыгэбзэр

Эссе

Пщэдджыжьщ. Акъужьыр гуапэу къопщэ. ЛэжьакIуэ сокIуэ. ЕджапIэ пщIантIэм сыдохьэ. «Уи пщэдджыжь фIыуэ!» - къызохъуэхъу япэу сызыхуэза еджакIуэр. «Уэри уи пщэдджыжь фIыуэ!» - изотыж сэри жэуап икIи занщIэу сигу къокIыж: «ЯпэщIыкIэ щыIар Псалъэщ…» Сыту мыхьэнэшхуэ иIэ Псалъэм си дежкIэ! Псом хуэмыдэу ар адыгэбзэу щытмэ.
Класс пэшыбжэр Iусхри сыщIыхьащ. Сахоплъэ еджакIуэхэм. Языныкъуэхэм сакъыу сызэпаплъыхь, адрейхэм гуфIэгъуэр я нэм щIэзщ, еджакIуэ зытIущи зэшу щысщ, ауэ зы хъыджэбз цIыкIу зыгуэркIэ къысщыгугъыу щтэIэщтаблэу къызоплъ. Мы цIыкIухэр иджыпсту къыдэсхьэхын хуейщ. Адыгэбзэ Псалъэ си урокыр къызэрыщIэздзэнум мыхьэнэшхуэ иIэщ. Дунейм бзэуэ тет щэ бжыгъэхэм сыщегупсыскIэ, сэ си нэгу къыщIоувэ чэщей жыгыр ЩIы хъурей ину, абы зэкIэщIэтыпэу тезу тет тхьэмпэхэр лъэпкъхэр арауэ. Тхьэмпэхэр я теплъэкIи, инагъ-цIыкIуагъкIи, абыхэм ирижэ лэдэххэмкIи зэрызэхуэмыдэм ещхьу, зы лъэпкъи, зы бзи зэщхьу дунейм теткъым. Щхьэ чэщей жыг? Чэщейр угъурлыщ, гъащIэ кIыхь иIэщ, гъэмахуи щIымахуи и тхьэмпэхэр удзыфэпсщ. 
 Пасэ зэманым псэуа алыдж философ Ксанф къызэрихутамкIэ, зи анэдэлъхубзэм къабзэу ирипсалъэ сабийм и акъылыр нэхъ жанщ, набдзэгубдзаплъэщ, жыджэр цIыкIущ, нэхъыбэ зригъэщIэну хущIокъу. Апхуэдэр щалъхуа щIыналъэ плъыфэбэу зэхэлъым: къуршхэм, псыежэх Iэлхэм  - шэрыуэу, гъэщIэгъуэну, удихьэхыу пхутепсэлъыхьыфынущ. 
Адыгэм и адыгэбзэр и гущIэлъапсэм адэ куууэ щыгъэпщкIуащ. Махуэ къэс къимыгъэсэбэпми, сыхьэт къэс иримыпсалъэми, уеблэмэ щыгъупщэжауэ къыщыхъуми, и гум, и псэм къыбгъэдэкI гуфIэгъуэр е нэщхъеягъуэр абы къызэриIуатэр адыгэбзэкIэщ. Плъыржьэру телъ сымаджэр зэрыIуэщхъур и анэдэлъхубзэрщ. 
Адыгэр гъащIэ гъуэгум «зыдидза къуэладжэм къыдэкIыжыфынтэкъым», и адыгэбзэр щымыгъупщэжыным пыщIа Iуэху лъэпощхьэпохэр къызэримынэкIыфатэмэ. Сыт щхьэкIэ жыIэт: гу къуэпскIэ адыгэр пыщIащ и адыгэбзэм, и адыгэ щIыналъэм. Абы къихутэфащ а бзэм гъащIэм щиIэ мыхьэнэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэ цIыхурщ, а зырщ адыгэбзэм ирипсалъэр, ар зезыхьэр, зыIурылъыр. 
Дунейр зэрызэхэлъыр къыщыбгурыIуэнур, гъащIэм и IэфIри и дыджри зыхэпщIэу ущыпсэуфынур, уи анэдэлъхубзэм хэт дэтхэнэ зы псалъэри гум, псэм къыбгъэдэкIыу къыупсэлъмэщ. Философым е тхыдэджым дэтхэнэ зы хьэпшыпри зэрилъагъур ар и бзэм къызэригъэсэбэпымкIэщ. ХамэбзэкIэ дыпсалъэми, дызэрыгупсысэр анэбзэмкIэщ. ЦIыхур гуп щахэтым деж зэрыпсэлъэнур псоми къагурыIуэну бзэмкIэщ, ауэ зэрыгупсысэр и анэдэлъхубзэрщ. Къуажэдэс адыгэ сабий япэ классым кIуам япэщIыкIэ адыгэбзэкIэ гукIэ есэпыр ищIынурэ, итIанэ урысыбзэкIэ жэуап итыжынущ. 
Люлье Леонтий 1846 гъэм урыс-шэрджэс псалъалъэ, грамматикэ кIэщI щIыгъужу, зэхилъхьэри Одессэ къыщыдигъэкIауэ щытащ. Венгр бзэщIэныгъэлI Балинт Габор 1904 гъэм къэбэрдей-венгр-латин псалъалъэ зэхигъэувэу къыдигъэкIам щапхъэу къыщыхьа псалъэжьхэм, нэщэнэхэм, къуажэхьхэм хуэдэхэр гъуэтыгъуейщ. НтIэ, хамэм иджыну, зригъэщIэну зыщIэхъуэпс адыгэбзэр си еджакIуэ цIыкIухэми ящIэн хуейкъэ? Хуейщ Iэмал имыIэу. Сэ дезгъэхьэхынщ ахэр а ди адыгэбзэм. Ар  си къалэн нэхъыщхьэщ. 
 

 

МЭЛЕЙ ФатIимэ.
Поделиться:

Читать также: