ДжэдуКъэмыгупсыса хъыбар Мы хъыбарыр къыщыхъуа жэщыр, пшагъуэм сыхэтым хуэдэу, ерагъыу сщIэж къудейуэ арщ. Си ныбжькIэ илъэсиплI сыхъуу къыщIэкIынт абы щыгъуэ. Ауэ си гумм къыщIинар си адэм деж къыщIыхьэ и ныбжьэгъухэм, гъунэгъухэм яхуиIуэтэжурэ иридыхьэшхыу зэрыщытарщ. Гъэмахуэт абы щыгъуэ. Си анэм пщыхьэщхьэм ищIа джэдлыбжьэр унагъуэм тхунэшхысатэкъыми, къыддэхуар пщэфIапIэм кIэрыт лъахъшым фIидзащ шыуан цIыкIум зэрилъу. Абы и щхьэтепIэр жэзым къыхэщIыкIат, и кур гъуанэу. Лыбжьэмэр къыщIихьа хъунщ, унагъуэр дыгъуэлъыжа нэужь, ди гъунэгъум я джэдур къекIуэкIщ, пщэфIапIэм хэлъ щхьэгъубжэ цIыкIумкIэ дэпкIри лъахъшым дэлъеящ. И щхьэр щхьэтепIэ гъуанэм ириIури лыбжьэр ишхащ. Ирикъуа хъунти, къехыжыну щыхуежьэм, и щхьэр инащ щхьэтепIэ гъуанэм. Сыт ищIэнт, къепкIыхыжри, гузэвэгъуэр къылъэIэсауэ, зэм зы плIэнэпэмкIэ, зэми адреймкIэ лъэуэрэ Iэуэлъауэшхуэ ищIу хуежьащ. А макъым дыкъигъэушащ сабийри балигъри, дэ дышынауэ дыгъырт. «Сыту пIэрэ къэхъуар?» жаIэри, си адэ-анэр къэтэджащ, нэху гуэр щIагъанэри пщэфIапIэ бжэIупэм Iухьащ. Си анэр япэ ищри бжэр Iуихащ. Плъэмэ зы хъурей гуэр елъагъу, и кум нитI къицIуукIыу. Езы джэдур фIыцIабзэти плъагъуртэкъым. Си адэр шынэщ, занщIэу пщэфIапIэбжэр хуищIыжри унэм щIэлъэдэжащ, «бисмиллахьи» жиIэурэ. Си анэми а псалъэ дыдэр жиIэурэ IукIуэтащ бжэр Iухауэ къигъанэри. Джэдур щIэжыжащ, щхьэтепIэр и щхьэм зэрыфIэлъу. ИтIанэщ ди анэм къыщыгурыIуар Iуэхур зытетыр. Ди лъапсэм къыбгъурытт КъардэнгъущI Зырамыку и унэр. Ар щэбэт къэсыхукIэ къэкIуэжырт къуажэм. Хъыбар, уэрэдыжь куэд зыщIэ ди Зырамыку а жэщ дыдэм иригъэблэгъат Къуныжь ХьэкIашэ - я лъэпкъым хьэгъуэлIыгъуэ яIэу, и хьэщIэхэм ябгъэдигъэсыну. Зырамыку и шынэхъыжь Мухьэмэдрэ ХьэкIашэрэ зэныбжьэгъут. Къалэм къикIыжу Зырамыку къыдыхьэжамэ, ХьэкIашэ кърагъэблагъэурэ уэрэд зэдыжаIэу зэрыщытар фIы дыдэу сощIэж. Апхуэдэу ехутылIэри, а жэщым Зырамыку къэкIуэжат и унэм. Джэдур абы я пщIантIэм дэлъэдауэ къижыхьырт. Зырамыку куэбжэр Iуихыу ар щилъагъум, шынэри занщIэу къридзылIэжащ. ПщIантIэм дыхьэжын дзыхь имыщIу, и шынэхъыжьым я деж кIуэри абы нэху къыщекIат. ЕтIуанэ пщIэдджыжьым Зырамыку, и къуэшыр щIыгъуу, къекIуэкIащ ди дежкIэ. ИкIи «жэщ кIуам мыпхуэдэ телъыджэ срихьэлIащ, езыр мазэм пэлыдрэ и нитIыр къицIуукIыу. Уэлей, пэжым ухуеймэ, игъащIэм зэ сышынамэ, иджы етуанэм» щыжиIэм, ди анэр дыхьэшхащ. «Ей, сыту фышынэкъэрабгъэ зэкъуэшхэр, апхуэдизу фызыгъэщтар фи лъапсэм ис джэду фIыцIэращ», - жиIащ. ИкIи абы лей къызэрытехьар, и щхьэр щхьэтепIэм зэринар яхуиIуэтэжащ. Тхьэмахуэ дэкIауэ джэду тхьэмыщкIэр къагъуэтыжащ, ди гъунэгъум я хадэм лIауэ илъу. КЪАРДЭНГЪУЩI Тосэ. Псыгуэнсу къуажэ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:34 →
Насыпыр сыт зэлъытар?
27.04.2024 - 19:53 →
Хъыджэбз мэкъуауэ
27.04.2024 - 11:18 →
Hapт Ермыдэ иныжьхэр зэриукIар
26.04.2024 - 17:20 →
Абазэ таурыхъхэр
26.04.2024 - 13:00 →
Хьилэшы къэрабгъэ
|