Усэхэр

Уриныкъуэщ зым

ЖаIэ цIыху къэс и псэр
Ныкъуэу къигъэщIауэ.
Аращ псэгъу зимыIэр,
Гугъэр кIэрыщIауэ,

Лъыхъуэу нэкIи гукIи,
ПIащIэу къыщIэнар.
Аращ хузэфIэкIыр,
Аращ къыхуэнар…

Дызэрихуэу бампIэм
ЖэщкIэ дымыжей.
ИкIкъым псэр гъэрыпIэм,
Тафэм тена джейщ.

Хуейкъым и фIэщ хъуну
Ныкъуэу къигъэщIау,
Псэгъуу хуэфэщэну
Тхьэм къыримытау.

Гугъэр гъащIэм щыщщи,
Егъэхуабэ псэр.
Ныкъуэри гъунэгъущи,
Хуабэм ещIыр гъэр.

Зэрогъуэт IыхьитIыр,
Ныкъуэхэр зы мэхъу,
Зэроубыдри IитIыр,
Жьы а тIур зэдохъу.

Къэбгъуэтауэ пфIэщIу
Ныкъуэр, ущыуам,
УтIыпщ уепIэщIэкIыу,
Ууейкъым уэ ар.

Тумыгъэлъ бэлыхьи,
Уэри зомыукIыж.
Къыумыхь уэ гуэныхьи,
Уи гъуэгу теувэж.

Къэбгъуэтынущ псэгъур,
Уи фIэщ быдэу щIы.
ПтекIынщ гуныкъуэгъуэр –
Уриныкъуэщ зым!!!

Зэхэпхрэ? 

Зэхэпхрэ Бахъсэныжь и макъыр?
Зэхэпхрэ, мывэхэр мэжей?!
Къэтэджи зылъыпыIу уи вакъэр,
ПсынщIэIуэу, иIэ, зыгъэхъей.

КъыщIэкIи унэм зыщIэдэIут….
Уи щIыфэм зырешэкIыр жьым.
КъыпыгуфIыкIыу мазэ нэхур
(КъыжьэдэмыкIми зы Iым),

Къырешыр гъащIэм и уэрэдыр,
ЗэпещIэ щыгъэ гъэщIэгъуэн.
Тхьэм ещIэ ар къущитыжынур.
Къанэну цIыкIуу е бэгъуэн?

ЩIы узытетыр пхуэгумащIэщ,
УтреIыгъэ мы дунейм.
Зэхэпхрэ, ари мэIущащэ –
«Уэ улъэтэну сыхуэмей.

Сошынэ уэ укъехуэхынкIэ.
Си щIыгум быдэу лъэкIэ тет!»
Мэпсалъэ жэщыр дыжьын макъкIэ,
Си упщIэу хъуам жэуап кърет.

Зэхэпхрэ Бахъсэныжь и макъыр?
ЗыщIэдэIукIыт, умыжей!
Уэ урисыт мы гъащIэм? ПщIэкъым.
Жэуап къэлъыхъуэ, умыжей!

Узгъуэтыжкъым

Сыт хуэдэ псалъэкIэ уи жагъуэ,
КъохьэлъэкIыну, зэрысщIар?
Си IущэщэкIэр уафэгъуагъуэм,
Пхуэмышэчыжу, уэ пэпщIа!?

Сымыгъуэтыжу уэ уи лъагъуэр,
Сыплъыхъуэу губгъуэм силъэдат.
Сэ къыздалъхуауэ щыта вагъуэр
Си гъусэу жэщ псом къэскIухьат.

Сэ къэзгъэнакъым къуакIи тафи,
Уафэгуи, мэзи – узмыгъуэт.
Жьындуи, мэз гуащи, тхьэрыкъуэфи
Сэ сеупщIат – уамылъэгъуат.

Къызоущыхьри махуэ псокIэ,
Узмыгъуэтыжу сыкъокIуэж.
ЗыхэсщIэу банэ гъур къыстокIэ.
Мы къысщыщI псори, дуней, пэж?

Сыхъуауэ пIэрэ, жызоIэ, нэф?
ТхьэкIумэхэм зэхамыхIа?
Дунейжьыр хъуауэ ара чэф?
УзимыIа е узиIа?

ГъуэгущхьитI

Ехьэхауэ си щхьэр мащIэу,
Сымыхъейуэ, мис, сыщытщ.
КъэзгъэщIауэ хъуа си гъащIэр
КъызощIэж. Си нэгум щIэтщ

Гузэвэгъуи, гъэщIэгъуэни,
Лъагъуныгъи, нэпс щIэкIаи,
Гукъыдэжи, схуэмыгъуэни,
Схуэмахуэни, сIэщIэкIаи.

ГъащIэ ныкъуэр згъэсыжауэ,
Дэпыр си бгъэжыпым илъщ.
Сэ кIэщI – кIэщIурэ собауэ,
ГъэщIэгъуэн си нобэм пылъщ.

ЩызэхокIыр гъуэгущхьитIыр,
СыздэкIуэным согупсыс.
Сыт схъуэжыну сызыхуитыр?
Си Iэпхъуамбэхэр мэсыс.

Согузавэ. Хуэдэщ си гур
Схуэмыубыду къысфIипкIын.
Къытолъадэ нэгум нэпсыр,
Дауэ сщIымэ, дауэ хъун?

Гъуэгур тIууэ щаугуэшым,
Щхьэ ещанэр щыгъупща?
Пщэдейр къыщыбжаIэ пэшым
Лъагъуэ сыт щIыхуамыщIар?

ПсэщIэ

Иджыщ си псэр къыщалъхуари,
СабиипIэ итуращ.
Псы Iэрышэ сяпэ итри – 
Си пщэдей тенджызыращ.

КъалъхуагъащIэщ си псэр, цIынэщ,
Ауэ куэд и нэгу щIэкIащ.
Мыухыжыным ар и гъунэщ,
И щIэдзапIэри аращ.

Гуэныхьыншэщ псэ быдзафэр,
Дунеишхуэм илъщ и куэщI.
И тепIэнщ къуршыщхьэ афэр.
Сыт хуэныкъуэ ар нэгъуэщI?!

Си гъуэгум и хъумакIуэ

Срихьэжьэу ситхьэлэну
Гъатхэ псыдзэри хэтат,
Гъуэмб дыджыжьым сыкъыринэу
ГъащIэри сэ сфIежьэжат,

Блащхьэ фIэту Iэмыр гуэрым
Хуеят напэр сIэщIихын,
Сыхуигъадэрт абы гъэрым,
Игугъэжырт сырибын.

Яугуэшырт си щIыбагъкIэ
Тхьэм насыпу къызитар,
Зыхадыхьырт псалъэмакъкIэ
ГъащIэм натIэм къыритхар.

СырахулIэрт гъуэгущхьиблым,
«Хэдэ!» жаIэт зэщIэнау.
Сыхэплъыхьт си пащхьэм итым,
КъызжаIахэр си фIэщ хъуау.

СфIэкIуэдауэ си акъылыр,
СымыщIэжу гум жиIар.
Къыгуатхъыным хуэдэу си лыр,
КъызэуалIэт бийу сиIар.

А дакъикъэм си щхьэр сIэтти,
Си Iэр дамэу зэкIэщIэсхт.
Си щIыбагъым зыгуэр дэтти,
(И бэуэкIэри зэхэсхт),

Сыкъипхъуатэрти къауцу,
Насып гъуэгум сритыжт.
ЗыкъэсщIэжыху сынэмысу
«Зыгуэр» и лъагъуэр сфIэкIуэдыжт.

Ар сымыщIэ хэту щытми,
Зыми зэи ямылъэгъуащ…
Нобэ махуэм си псэр пытми,
ФIыщIэр ейщ, сыкъихъумащ.

Къафэ

Гум илъ псалъэхэр къырихыу,
Бзэм жимыIэр къыбжеIэф.
Дигъэ бзийхэр нэм къыщIихыу,
Дыкъыздофэ лъапэлъэф.

Гугъуехь псори тщыгъупщауэ,
Мы дунейр къокIэрахъуэкI.
Си Iэр щабэу бубыдауэ,
Дэ хъурейуэ дыкъокIуэкI.

Дыгузавэ хуэдэщ мащIэу,
Ауэ нэм гуфIэгъуэр щIэтщ.
Дэ допсалъэ, доIущащэ,
Лъагъуныгъэр ди лъым хэтщ. 

СщIатэмэ…

Уэ укъысхуейуэ сэ сщIатэмэ,
Си гур мы си бгъэм къипкIынт.
Уэ фIыуэ сыплъагъуу жаIатэмэ,
Си псэм уи деж зынричынт.

Сэ сылъэтэфу щытатэмэ,
Гъуэгур уи деж сыунэтIынт,
СынопщIыхьыну сэ сщIатэмэ,
Си гъащIэ псор къэзжеинт.

Уи Iэхэр щабэу къэсщтэнти,
Псалъэ нэхъ IэфIхэр бжесIэнт.
Уи нэгум гуапэу сиплъэнти,
Гухэлъ нэхъ куур пхуэсIуэтэнт.

Сыт хэпщIыкIыр? 
(мухьэжырым и гъыбзэ)

Сыт хэпщIыкIыр уэ гуIэгъуэм?
Сыт хэпщIыкIыр нэпс гъужам?
Урахуакъым уэ уи хэкум,
Уахэтакъым хым икIам.

АдыгэлIым нэпс щIигъэкIыу
Щыплъэгъуакъым Къэбэрдейм.
Уи хэкужьым ущIэлIыкIыу 
Уитыгъакъым хамэ куейм.

Ныбэ нэщIым гур пигъэхуу
Губгъуэм зэ ущымэха?
Е шэджагъуэм дуней нэхур
Зэуэ кIыфI къыщыптехъуа?

Уи псэм фIэфIыр бгъеижакъым,
Гугъуехь гъуэгум игъэгъуау.
Уи гум банэ къытекIакъым,
Гухэлъ куур зэхиуIыхьау.

Ужьыхакъым уэ уи жьэгур – 
Упсэужщ укъыщалъхуам.
ЗэIухауэ уэ уи нэгур
Уахэтыжщ уэ къыбдалъхуам.

Си унэцIэр мэкIуэдыжыр,
Сыкъинащ си закъуэ уэгум,
Си лъэпкъ мафIэр мэукIыфIыжыр.
Сыт хэпщIыкIыр уэ гуIэгъуэм?!

Бжьыхьэ тхьэмпэхэр полъэлъыр…

Бжьыхьэ тхьэмпэхэр полъэлъыр,
Къуалэбзухэр мэлъэтэж.
Абы щIыгъуу си гухэлъхэр
Жьыбгъэ бзаджэм сIэщIехыж.

Иужь дыдэ утесауэ
ТетIысхьэпIэр закъуэу щытщ.
Си нэр абы тедияуэ,
Гупсысэшхуэм сэ сыхэтщ:

Лейуэ зэ сыпхуэзэжатэм…
Лейуэ зэ сыпIуплъэжам…
Сэ собампIэр, сэ сощатэр,
Сыт блэкIам сыщIэIэбар?

Си псэм хуабжьу сызэрехуэр,
ТIэкIуи сыхузэгуопыж.
ГъащIэ гъуэгум усIэщIехыр,
Ауэ сыхущIемыгъуэж.

Фырэ Анфисэ
Поделиться:

Читать также: