Нэри пэри зыхуэху Кавказ Ищхъэрэ!

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ сурэт гъэлъэгъуэныгъэ фокIадэм и 14-м щыщIэдзауэ щокIуэкI Москва и Внуковэ международнэ кхъухьлъэтапIэм. Выставкэр мы илъэсым и кIэ пщIондэ екIуэкIынущ. Iуэхур къызэрагъэпэщащ СКФУ-мрэ кхъухьлъэтапIэмрэ, Кавказ. РФ IуэхущIапIэр я дэIэпыкъуэгъуу.
Сурэтхэм къытощ Iуащхьэмахуэ лъапэ и бгы уардэхэр, Кавказ Ищхъэрэм и нэгузыужь щIыпIэ дахэхэр. Лэжьыгъэхэм къыщыгъэлъэгъуащ щIыналъиблым я дахагъэхэр: гуэлхэр, мылылъэхэр, псынэпсхэр, аузхэр, бгыщхьэхэр, мэзхэр, губгъуэхэр, пасэрей архитектурэ ухуэныгъэхэр, иджырей бгы-лыжэ комплексхэр, зыплъыхьакIуэхэм иджыри я лъэ здынэмыса тхыдэ щIыпIэхэр. Ахэр Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэ телъыджэхэм я Iыхьэм щыщ зы мащIэщ. Шэч къытетхьэркъым ахэр кхъухьлъэтапIэм щызэхуэсхэмрэ къалэм и хьэщIэхэмрэ ягу зэрыдыхьэнум. 
Выставкэм хагъэхьащ Кавказ Ищхъэрэм и сурэтыщI 16-м я IэдакъэщIэкIхэр: Лашков Фёдор, Головин Иван, Агиров Тимур, Гассиев Михаил, Тайбарее Антон, Шапиев Мухьэммэд, Давыдов Къантемыр, Британишский Андрей. ЩIыналъэм щыпсэу художникхэм я лэжьыгъэхэмкIэ нэрылъагъущ я щIыпIэ дахэхэр абыхэм зэралъагъур.
- Зэманыр мытыншми, ди щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр зэрыгъунапкъэншэм и щыхьэтщ мы гъэлъэгъуэныгъэр, - жиIащ кхъухьлъэтапIэм производствэмкIэ и унафэщI Хартунян Дмитрий. – КхъухьлъэтапIэм и лэжьакIуэхэр дяпэкIи дыхьэзырщ къэралым и щIыналъэхэм яхудиIэ щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр едгъэфIэкIуэну. Кавказ Ищхъэрэм туризмым зыщегъэужьынымкIэ выставкэр къэщхьэпэну дыщогугъ! 
Гу зылъытапхъэ: выставкэм хагъэхьа дэтхэнэ сурэтми QR-код иIэщ. Ар IэмалыфIщ дэтхэнэ зы лэжьыгъэми теухуахэм укъеджэу зыхэбгъэгъуэзэнымкIэ е уедэIуэнымкIэ.
«Кавказ РФ» IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Тапаев Рустам зэрыжиIэмкIэ, гукъыдэж зиIэ псоми Iэмал гъуэзэджэ яIэщ Кавказ Ищхъэрэм кIуэным и пэ къихуэу Кавказ Ищхъэрэм зыхагъэгъуэзэну. 
СКФУ-м и ректор, Урыс Географие зэгухьэныгъэм Ставрополь крайм щиIэ къудамэм и унафэщI Беспалов Дмитрий Iуэхум щытепсэлъыхьым къыхигъэщащ хьэщIэхэм я пащхьэм хэщыпыхьауэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыпIэ нэхъ дахэхэр къызэрыщ сурэт нэхъыфIхэр зэрыщагъэлъагъуэр, 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: