НыбжьыщIэхэр зэхьэзэхуащ

 Краснодар крайм щрагъэк1уэк1ащ къарукIэ зыхъумэжыным пыщIа спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ ныбжьыщIэхэм я 15-нэ Урысейпсо джэгухэр . ТхэквондомкIэ спортсмен 300 щызэпеуащ абы. Ахэр ди къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ 18-м къикIат.

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр 24-рэ хъурт. Абыхэм ящыщу япэ увыпIэр къахьащ Сасыкъ Исмэхьил, Науржан Ясинэ, Ахмадовэ Аминэ, Мамхэгъ Эмир, ПащIэ Заурбэч, Трегубов Герман, Гупзешэ Албэч сымэ.

 ЕтIуанэр яубыдахэщ Гуэбэшы Салим, Щэрдан Алан, Нэзрэн Инал, Кочкаров Магомед, Сындыку Русалинэ, домбеякъ медаль къахьащ Трегубов Георгийрэ Мэкъуауэ Камиллэрэ.

 Массоги, стоп-балл лIэужьыгъуэхэмкIэ дыщэ медаль тIурытI къахьын яхузэфIэкIащ Абазэ Ислъам, Къалмыкъ Ратмир, Ахмадовэ Азэ сымэ. Апхуэдэ дамыгъэ зырыз зыIэрагъэхьэфащ ХьэтIэхъу Къантемыр, Къуэдзокъуэ Залым, КIашэ Самирэ сымэ. Къалэ Самирэ дыжьын медалитI къихьащ.

  

 Адыгэхэм я махуэр ягъэлъэпIащ

 Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу  Налшык боксымк1э Урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ илъэс 18 - 20 зи ныбжьхэр хэту. Мыбы хэтахэщ спортсмен щэ ныкъуэ. Ди республикэм щыщхэм нэмыщI абы кърихьэлIат Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ингушым, Ставрополь, Краснодарь крайхэм къикIахэр.

 Ди щIалэхэм мыбы дамыгъэ лъапIэу 9 къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытакIэ зыхэта гупым щытекIуахэщ Гъубжокъуэ Рустам (кг 54-рэ), ХьэкIуащэ Рустам (кг 60), Макитов Анзор (кг 63-рэ), Агуо Хьэжсет (кг 67-рэ), Мудрэн Мухьэмэд (кг 71-рэ), Гижгиев Юсуф (кг 75-рэ), Юанов Азнаур        (кг 80), Сен  Астемыр ( кг 80 нэхърэ нэхъ хьэлъэхэр) сымэ.

 Дыжьын медаль къихьащ Лий Алан (кг 54-рэ).

 

 ЩIалэгъуалэр наркотикым и бийщ

 Апхуэдэ къыхуеджэныгъэм щIэту, Налшык щрагъэкIуэкIащ  2007-2009 гъэхэм къалъхуа щIалэгъуалэм алыдж-урым бэнэк1эмк1э я республикэпсо зэхьэзэхуэ. Спортсмени 150-м щIигъур я хьэлъагъ елъытакIэ гуп 11-у гуэшауэ щытащ.

 Зыхэта гупхэм щытекIуахэщ Балъкъэр Iэдэм (кг 42-рэ), ГъукIакIуэ Казбек (кг 45-рэ), Дзу Аслъэн    (кг 48-рэ), Уэртэн Расим (кг 51-рэ), Джаппуев Ислъам (кг 55-рэ), Кумыщ Ислъам (кг 60), Къанкъул Тамерлан (кг 65-рэ), Чыл Алихъан (кг 71-рэ), МацIыхъу Имран (кг 80), Шомпар Инал (кг 92-рэ), Къэблыхь Нодар (кг 110-рэ).

 Зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэм яхуэфэщэн кубокхэр, медалхэр, саугъэтхэр иратащ.

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: