Гупсысэ куукIэ гъэнщIа фэилъхьэгъуэ

Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу

СурэтыщI-модельер, дизайнер цIэрыIуэ, Адыгейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща СтIащ Юрэ мы гъэм адыгэ дунейм фIыгъуэ инкIэ хуэупсащ.

КъуэкIыпIэ къэрал музейм и Кавказ-Ищхъэрэ къудамэу Мейкъуапэ дэтым абы утыку къыщрихьащ адыгэ бзылъхугъэм и фащэ телъыджэ.  Куэд зэрыщыгъуазэщи, СтIащым гулъытэ зыхуищIыр нэкъэгъапцIэ цIуугъэнэхэракъым, атIэ и IэрыкIхэр гупсысэкIэ гъэнщIынырщ.

Бостейр къызэрыгуэкIхэм зэращымыщыр зэ IуплъэгъуэкIэ гурыIуэгъуэ мэхъу. Къэдабэ плъыжь фIыцIафэм къыхэщIыкIа фащэм дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр хэпхъауэ хэдыкIащ, уэркъ гуащэм хуадауэ гурыщхъуэ уагъэщI абы иIэ цы Iудэ лъапIэм, пыIэ лъагэм.

СтIащым  бостейр идыну тезыгъэгушхуахэм я гугъу къытхуищIащ.

- «Хатты в древних языках и культурах» фIэщыгъэм щIэту Щомахуэ Татьянэрэ ПхытIыкI Хьэутийрэ дунейм къытрагъэхьа тхылъым седжа иужькIэ, илъэс куэд щIауэ здыну сызыщIэхъуэпс (илъэсиплI ипэкIэ зэ къезгъажьэри, щызгъэтыжат), бостейр зэрыздынур, абы иIэну теплъэр сэркIэ IупщI хъуащ, - къыддогуашэ ар. -ИлъэситIым нэблагъэкIэ селэжьауэ къыщIэкIынщ. Мы бостейм дамыгъи 140-рэ тетщ. ФэрэкI узыфэм и хущхъуэ къэзыгъуэта адыгэ анэм и фэеплъу абы и Iэпэтхьэмпэхэм дохутырхэм я дамыгъэ тетщ.

Тхыдэ лIэщIыгъуэ зыбжанэ къыщызгъэлъэгъуащ бостейм. Абы фэм къыхэщIыкIауэ иIэ Iудэнхэри адыгэ нагъыщэщ, ар дэфтэрхэм къыщызгъуэтыжащ.

Си IэдакъэщIэкIхэр си быным хуэдэщ. Анэм и бын псори и зэхуэдэщ, сэри ахэр схузэхэдзынукъым. Ауэ, шэч хэмылъу, иджырейм къызэрымыкIуэу селIэлIащ.

КъуэкIыпIэ къэрал музейм и Кавказ-Ищхъэрэ къудамэу Мейкъуапэ дэтым СтIащым и IэдакъэщIэкIхэм я музеи, лъэщапIи хэтщ. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуаха иужь, утыкум кърашащ фащэр зэкIупс адыгэ пщащэм хъыджэбз цIыкIурэ щIалэ цIыкIурэ и гъусэу.

- ФэрэкIыр зыгъэхъужа бзылъхугъэм, зы сабийм деж кърихыурэ абыкIэ адрейм еIэзэу, узыр игъэхъужу, зэтригъэувыIэу щытауэ аращ. ИтIанэ, адыгэр зэи зауэ-банэ хэкIакъым, цIыхухъухэр зауэ IэнатIэ Iутти, бзылъхугъэм унагъуэм епха гугъуехь псори и пщэм къыдэхуэрт. Гугъуехь инхэр, хьэзаб куэд зылъэгъуа адыгэ бзылъхугъэм и фэеплъщ мы гъэлъэгъуэныгъэр, - жеIэ СтIащым. - Бостейр зда иужькIэ Щомахуэ Татьянэрэ ПхытIыкI Хьэутийрэ сепсэлъащ. Япэрауэ, я тхылъым ит дамыгъэхэр къызэрызгъэсэбэпар яжесIэну, итIанэ, фащэр езгъэлъагъуу, къазэрыщыхъур къэсщIэну сыхуэпIащIэрт. Арэзы техъуащ къызэрызгъэсэбэпам. Бостейр ягу зэрырихьар, тхылъыр сэбэп къызэрысхуэхъуам иригуфIэу къызжаIати, си гуапэ хъуащ, - жеIэ СтIащым.

Мыдбежым къыжыIапхъэщ, СтIащ Юрэ къыщалъхуа махуэр Адыгэ фащэм и махуэу зэрагъэувауэ щытар (фокIадэм и 28-р). Абы и фащэхэр укъызэрыфэн, хьэгъуэлIыгъуэм узэрыхэтын фэилъхьэгъуэкъым, атIэ тхыдэ щIэинщ. Юрэ и зэфIэкI инхэм я щыхьэтщ абы и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ Тыркум, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Германием, Израилым, Иорданием, Сирием къэрэлыгъуэхэм, Ставрополь, Кисловодск, Краснодар, Псыхуабэ, Налшык, къалэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэми зэрыщекIуэкIар. Абы ида фэилъхьэгъуэхэр щIагъыбзалъэщ. Фащэм и къарумрэ мыхьэнэмрэ тIуащIэу щIегъэхуабжьэ СтIащым.

- Псэм фIэфI Iуэху пщIэмэ, Iэмал имыIэу къохъулIэнущ, итIанэ абы зэи утезэшэнукъым,- жеIэ ди псэлъэгъум.

Ди щIэблэр фащэкIэ «зыхуэпэжахэм», фащэр зэрыдахэр цIыхухэм я фIэщ зыщIыжахэм я пэрытщ СтIащ Юрэ. Ар фIэфIу лъэпкъ тхыдэм топсэлъыхь, абы езым хищIыкIымкIэ зимыгъэнщIу къыбдогуашэ. Илъэс 90-м щхьэдэха нэхъыжьыфIым къиIуэтэжыни щIэныгъэ ини иIэщ, ауэ псом хуэмыдэу удехьэх цIыхур фIыуэ зэрилъагъум. Нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ зэхигъэкIыркъым абы и псэлъэгъухэр, атIэ жиIэмрэ и Iэм ищIымрэ къызыгурыIуэщ къилъыхъуэр.

Иджырей и IэрыкIымкIэ ар адыгэм зэрыхуэупсар фэилъхьэгъуэкъым, атIэ фэеплъщ. Абы дунейм иджыри зэ игу къигъэкIыжащ адыгэ бзылъхугъэм и акъылыфIагъыр, IэпэIэсагъыр, щэныфIагъыр, дахагъыр.

Ди нэхъыжьыфIым узыншагъэрэ дэрэжэгъуэрэ и бэу иджыри илъэс куэдкIэ лъэпкъым тхуэпсэуну, тхуэлэжьэну дохъуэхъу!

ЩОМАХУЭ Залинэ.
Поделиться: