Беслъэней Темырлан псоми ятокIуэ

Самбэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым самбэмкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Уэщхъун СулътIан къызэрыджиIамкIэ, Къыргъызым и къалащхьэ Бишкек иджыблагъэ щекIуэкIащ щIалэгъуалэм самбэмкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ.
Бишкек и «Газпром» спорткомплексым хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ щызэпеуащ къызэрыгуэкI самбэмрэ зэзэуэным нэхъ тегъэщIа самбэмкIэ.
Килограмм 58-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбэна Беслъэней Темырлан япэ увыпIэр абы къыщихьащ. КIэух зэхьэзэхуэм нэсын папщIэ ди щIалэм иригъэкIуэкIа зэIущIищыр и хьэрхуэрэгъухэм хэпщIыкIыу и IэзагъкIэ ефIэкIыу къафIихьащ. Дыщэ медалым щхьэкIэ абы къыпэщIэта хэгъэрей бэнакIуэ Карабеков Аслъэни, зэрыжаIэу, «къыдигъэплъакъым» икIи зэIущIэм и бжыгъэр 9:0-у текIуащ.
Беслъэней Темырлан и гъэсэнхэр ПшынащIэ Мурат, Псэун Мурат, Уэщхъун Башир, Мудрэн Аслъэн сымэщ, къыхигъэщащ ди псэлъэгъум.
 
Алыдж-урым бэнэкIэ
Поддубный Иван и фэеплъу
Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Ейск къалэм щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ урысейпсо зэпеуэр, Поддубный Иван и фэеплъу къызэрагъэпэщар.
Абы хэтащ спортсмени 165-рэ, абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу бэнакIуи 9 яхэту.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ щыхъуащ Тэркъан Казбек (кг 55-рэ), Щауэ Сэлим (кг 63-рэ), Щад Уэсмэн (кг 130-рэ) сымэ.
Жолдащ Валерэ (кг 77-рэ) етIуанэ хъуащ. 
Ещанэ увыпIэр къахьащ Мэкъуауэ Рустам (кг 55-рэ), Къуныжь Хьэмэтбий (кг 60), МахуэлI Инал (кг 67-рэ), Тэхъу Беслъэн (кг 87-рэ), Гъубж Аскэр (кг 130-рэ) сымэ.
 
Медалыншэ хъуакъым
    Жэпуэгъуэм и 6 – 9-хэм Калининград къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щIыхь зиIэ и тренер Хромов Владимир и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ куэдым, Белоруссием я спортсмен ныбжьыщIэу I30-м нэблагъэ.
   Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэ, Лэскэн щIыналъэм и гъэсэн ЗэращIэ Амир и хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым гуащIэу щекIуэкIа зэхьэзэхуэм домбеякъ медалыр къыщихьащ. Ди щIалэр щыбанэр килограмм 92-рэ хъухэм я дежщ. 
 
Чемпионатым кIуэнухэр къызэрыхах зэхьэзэхуэ
Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм шахмат псынщIэу джэгунымкIэ я чемпионат. Абы кърихьэлIат шахматисти I20-рэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм цIыху I2 хэтащ.
ЦIыхубзхэм я деж ещанэ увыпIэр къыщихьащ Щыхьмырзэ ФатIимэ. Джэдгъэф Чэмал ветеранхэм я зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр щиубыдащ.
Мы чемпионатыр къызэрыхах зэпеуэу щытащ. Абы къыщыхэжаныкIахэр шахмат псынщIэу джэгунымкIэ Урысей Федерацэм и чемпионатым хэтынущ. Ар Сочэ къалэм щекIуэкIынущ жэпуэгъуэм и I4 - I5 махуэхэм.
 
Щомахуэ Беслъэн етIуанэщ
Урысейм универсальнэ зэзауэмкIэ и Кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэ Воронеж къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 32-м я спортсмени I70-рэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и зэуакIуэ Щомахуэ Беслъэн а зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. КIэух Iыхьэм нэсын папщIэ иригъэкIуэкIа зэуэгъуиплIыр ди щIалэм къихьат, ауэ иужьрей дыдэр абы фIихьащ Кемеровэ областым щыщ спортсменым. Щомахуэм къратащ зэIущIэм и дыжьын медалыр, абы къыдэкIуэу къыфIащащ Урысей Федерацэм спортымкIэ и мастер цIэ лъапIэр.
Беслъэн зыгъасэр Щомахуэ Казбекщ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: