Зэныкъуэкъур щIыуэпсым и бийщООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2001 гъэм и щэкIуэгъуэм хъыбар зэбгригъэхат, къэралхэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэпэщIэувэныгъэхэр нэхъ щызэщIэплъэ щIыпIэхэм щIыуэпсым и щытыкIэр къызэрымыкIуэу зэрыщызэIагъэхьэр къэлъытауэ, а Iуэхугъуэ мыщхьэпэм жылагъуэр пэщIэтыным къыхуезыджэ махуэу щэкIуэгъуэм и 6-р къэлъытэн зэрыхуейм теухуауэ.
Къэралхэр а унафэм щеувалIэм, псом япэу зэгупсысар адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхъей зауэхэм зэраныгъэшхуэ къызэрашэм къыхэкIыу, ахэр дыкъэзыухъуреихь дунейм хъугъуэфIыгъуэу пкърылъми икъукIэ зэрегуауэрщ. Уеблэмэ щIыуэпсым къылъыс тхьэмыщкIагъэр апхуэдизу инщи, зэжьэхэуэныгъэхэм къарикIуэм «ижь» зыщIихур абыхэм зыщаубгъу къэралхэмрэ щыпсэу цIыхухэмрэ я закъуэкъым, атIэ а хэкухэм къедза Iэхэлъахэри гузэвэгъуэшхуэм хадзэ, щIэблэщIэми щIэин мыхъумыщIэкIэ «яхуоупсэ».
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 11:48 →
Дунейпсо щIэиным и махуэ
02.04.2024 - 13:24 →
Бзухэм я дунейпсо махуэ
21.03.2024 - 10:00 →
Махуи жэщи щызэтехуэ
20.01.2024 - 13:00 →
Нэжэгужагъэщ - узыншагъэщ
15.01.2024 - 17:45 →
Мэзкъуэдыхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ я махуэ
|