Си унагъуэ

Iуэтэж

Си адэшхуэ-анэшхуэр щыпсэум, си унагъуэр ахэрауэ си гугъэт. Си анэр зэи хущIыхьэртэкъым. ЩIэгъэкъуэн ямыIэу къэна анэ щхьэзакъуэхэр лэжьыгъэ-IэнатIэ Iуигъэувэрт. Си адэр… Абы зэм сурэт щIыным, зэм театрым, зэм нэгъуэщI зыгуэрым зрипщытурэ зыхуейр къыгурымыIуэжу гъащIэм хэзэрыхьыжат. Си анэм фIыуэ сыкъилъагъурт. Ауэ щыхущIыхьэхэм деж. Тхьэмахуэм зэ шхын, саугъэт къытхуихьырт, быдэу IэплIэ къысхуищIырт, итIанэ Iэнэ кIыхь къигъэувырт, дигъашхэрти, аргуэру ежьэжырт. Сэ си «адэ-анэм» ягъусэу адэкIэ хуэмурэ дыпсэурт, нанэ игъусэу хадэ хэсщIэрт, дадэ игъусэу мэз сыкIуэрт, пщыхьэщхьэ къэс абыхэм я уэршэр, гукъэкIыж кIыхьхэм сыщIэдэIуурэ дыпсэурт.
 Си анэшхуэр цIыхубз дахэт, арагъэнт пагэ щIэхъуари. Абы зыуэ щхьэц дахэ телъти, сфIэфIт ар мажьэ къуаншэкIэ зэрижьым сеплъыну. Дадэ цIыху пхъашэт, лIы къуэгъу хъужрэ жьакIэ мащIэ тету, езым дыхумэр къыкIэрихыу дапщэщи къикIухьырт.
 Нанэ и щIалэхэр (дадэ сэрэ) дапщэщи къабзэу, екIуу хуэпауэ фIэкIа дыкъыщIигъэкIыртэкъым. А тIум щыщу хэтыт сэ нэхъыфIу слъагъур? Нобэми сщIэркъым абы и жэуап, а тIури сэркIэ зыуэ щыт лъапIэныгъэ гуэрт. А лъапIэныгъэм лэпсымэ, тутынымэ, шатэмэ, мэзымэ къыкIэрихырт. ПщэдджыжькIэ сыкъызэрыушу сэ япэу слъагъур лъахъшэу зыкъригъэзыхауэ къысщхьэщыт си адэшхуэрт. Си нэр къызэрызэтесхыу абы и Iупэ гъущахэмкIэ: «Къэуш, си щIалэ, нанэ лэкъум пщтыр тхуигъэжьащ. Уэрэ сэрэ цыжьбанэр хъыбарныбэ хъужу мэз лъапэм къыщыдожьэ», - жиIэрт. Абы яужь сэ дадэ и пщэм зесшэкIырти, и жьакIэр къызэрысхэуэр сфIэмыфIыщэурэ быдэу IэплIэ хуэсщIырт, абы щыгъуэ сэ дэнэ щысщIэнт ар зэрынасыпышхуэр. 
- Хьэуэ дадэ, сэ иджыри тIэкIу сыжеинущ. ИтIанэ сэ лэкъумкъым, хьэлывэщ сызыхуейр, - жысIэрт зызгъафIэу. 
- Ара, ТIу? Ар Iуэху-тIэ, - жиIэрти, пщэфIапIэмкIэ щIэт нанэ егиерт, псынщIэу хьэлывэ ищIыну. 
Заул дэмыкIыу нанэ бжэIум къиувэрт:
- Уэ хьэлывэ зэрыжыпIэнур сэрат зымыщIэр?! ПхуэсщIащ си нэху, фынакIуи дывгъашхэ! 
Сэ зыщыстхьэщIкIэ тIури къысщхьэщытт, нанэ и Iэ щабэхэмкIэ схухидыкIа напэIэлъэщIыр иIыгъыу къызэжьэрт, дадэ къабзэу зэрызыстхьэщIым кIэлъыплъырт. ИтIанэ дэ дышхэрт, дадэ сэрэт шхэр, нанэ зэи къэтIысыртэкъым, цIыхухъухэр дышхэхукIэ зыхуей дыхуигъазэмэ нэхъ къищтэрт. ИтIанэ дадэ сэрэ, дыкъэтэджыжырти, цIыхухъухэм зэрахьэлу: -Дыбгъэтхьэжащ! - жытIэрти, пщIантIэм дыкъыщIэкIырт. 
Дадэ тутын ефэхукIэ сэ абы и джабэм сыкIэщIэст, абы и Iэхэр и лъэгуажьэм зэрытрилъхьэм хуэдэу сэри зысщIыну сыхэтт. 
- Ухуэхьэзыр нобэрей махуэм? - къызэупщIырт дадэ. 
- НтIэ, - сымыпIащIэу естыжырт сэри жэуап. 
- Е фызыжь, укъытхуэмеймэ, дэ ди Iуэху тщIэжыну докIуэ - жиIэрти нанэ зыхуигъазэрт.
Аддэ жыжьэу нанэ и макъ къэIурт: «Зывмыгъэгувэу фыдэкI, армыхъу фщIэн къыфхуэзгъуэтынущ».
 Дадэ сэрэ чы матэ зырыз къатщтэрти, мэзым дыкIуэрт. Дадэ куэд ищIэрти, къызжиIэрт жыгыуIум и щхьэр щIэплъыжьыр, шыкуртIым нэхъ IэфIыр, си анэр куэдрэ къыщIэмыкIуэжыфыр, цыжьбанэм уеIуса иужь щIэпапщэр, си адэр здэкIуэдар, си анэшхуэр щIэдахэ дыдэр, нэгъуэщI Iэджи. 
Шэджагъуэм мэзыр къызэрыплъу, дэ унэм дыкъэкIуэжырт. IэнэщIу зэи къэдгъэзэжыртэкъым: Iэгъэбэгу, щIымэракIуэ, удз хущхъуэ куэду къэтщыпырт. Нанэ дигъашхэрти дигъэгъуэлъырт, сэ пэш щIыIэтыIэм сыщIагъэгъуалъхьэрти, дадэ къысщхьэщысу сигъэжейрт. Сыкъызэрыушу нанэ и шэ гъэпщтамрэ и щIакхъуэ хуабэмрэ хьэзыру Iэнэм телъти, ар зэрытшхыу пщIантIэм Iуэху щыдиIэмэ тщIэрт, нанэ хадэм ихьэрти пщIэрт. ЦIыхухъу къалэнымрэ цIыхубзым еймрэ зэхэгъэщхьэхукIати, псоми ди Iуэху длэжьыжырт.
Абы лъандэрэ зэман дэкIащ, сэри балигъ сыхъуащ, ухуейрамэ, си дадэ нанэм нэхърэ нэхъыжьыж сыхъуауэ си гур къызэузу сымаджэщым сыщIэлъу мыр сигу къызогъэкIыж. КъызогъэкIыжри согупсыс: сэ Iэмал имыIэу сыхъужын хуейщ, мыпхуэдэ гукъэкIыж дахэхэмкIэ цIыхум садэгуэшэн, сэри зыгуэрым и гукъэкIыж дахэ сыхъун папщIэ.
Букач Олег.
 

 
 

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: