Благъуэу пIэрэт?

Мы Iуэхур къыщызэхъулIар Граждан зауэм и кIэхэрщ. Бэрбащ уфIэкIмэ, Стояновым и щIыгуу щытам деж, ди жылэм щыщ гуэрхэми зэращIу, сэри мэкъупIэ къэсщэхуауэ сыкъэкIуат, удзпыхкIэ (косилкэ) мэкъу сеуэну.
Сивхэр хуэщIауэ вы псынщIэ хъарзынэти, шэджагъуэ хъуху зы IыхьэфI къэзгъэжыхьри (къыхэзгъэщхьэхукIри), етIуанэр, хуэджабэ егъэзых хуэдэу, гъунэ къислъэн щIэздзат. Аргъынэ зэхуэдитIым сыкъэмысыпэу, IэмбатитIым щIигъун нэгъабэрей мэкъу зэтелъу сыхуозэ, уэшх-уэсымрэ дыгъэмрэ ирагъэуфIыцIыхьыжауэ. Выхэр къызогъэувыIэри, мэкъум сокIуалIэ. Гуахъуэр гум къизнати, лъапэкIэ тIэкIу къытесIэтыкI хуэдэу сощIри, и лъащIэм сыщIоплъэ. Удз щIагъуэ щIэттэкъыми, къэзгъэжыхьын си гугъэу зэ фIыуэ сытепкIэжри, сыкъежьэжащ. Моуэ удзпыхым сытетIысхьэжа къудейуэ витIыр къощтэ, лъэныкъуэкIэ зрадзэкIри, срахьэжьэ. ТетIысхьэпIэм сыкъехуэхыным зымащIэщ иIэжар. 
Сыт щыгъуи IурыщIэу щыта выхэр къэзгъэувыIэн си гугъэу, сайгуоуа щхьэкIэ, ауи сыкърадзакъым. Удзпыхым и бзэри зэрылъэкIкIэ мэлажьэ, мо удз бэгъуам лъэужьышхуэ хеш. Шэмэджыр къэувыIэмэ, абы дилъэф удзыр гулъэфыфI хъунути, бзэр зыгъэувыIэм тIэу-щэ сытепкIа щхьэкIэ, ауи схуэгъэхъеякъым. Ауэрэ витIыр гум и гъунэгъу къыщыхъужым, нэхъ зыкъагъэхуэм. Сэ зэуэ сыкъолъэри, ерагъыу ахэр къызогъэувыIэж. ВитIыр апхуэдизкIэ папщэрт, кIэзызырти: «Уэлэхьэ, мыхэр зы бэлыхь гуэрым къигъэщтагъэнкIэ!» – жызоIэ сигукIэ.
Удзпыхыр къесIуэнтIэкIыжу мэкъупIэм сыкъэкIуэжын си гугъа щхьэкIэ, витIыр ауи я пIэ схуикIакъым. «Уэлэхьэ, емынэ къыспэувынкIэ хуитщ, а си витIыр къэзыгъэщтам сыIумыплъэу сымыдэн!» – жызоIэри, сыкъогубжь. Пыпхъуэ зэращI гуахъуэ кIы кIыхьым хуэдэ гум илъти, къызохри удзпыхым пхиупщIыкIа лъэужьым сытету сожьэ. Моуэ зы шабзэ уэгъуэ хуэдиз къэскIуауэ соплъэри, а аргъынэ дыдэм тету, мэкъужьыр здэщылъамкIэ къикIыу зыгуэр къысхуокIуэ.
Жыжьаплъэу сэ ар япэщIыкIэ уашхэ къысфIэщIат, ауэ къыщыблагъэм, сызэрыщыуар наIуэ мэхъу уашхэм апхуэдизыкIэ пытыну Iэмал иIэтэкъым. Сытми тIури дызэхуэкIуатэурэ, зэгъунэгъу дохъу. Сэ сызэрыуэным хуэдэу гуахъуэкIыр хьэзыру сIыгъыу сыкъакIуэрт, IитIкIэ субыдыжауэ. Дызэбгъэдыхьэпэу сэ абы сыщыIуплъэм, игъащIэм шынэр симыхабзами, си щхьэфэц тэджахэм си упщIэ пыIэр къысфIаIэтат. А сэ къыспэува псэущхьэм хуэдэ ди щIыпIэм зэи сыщрихьэлIатэкъым, ялъэгъуауэ жаIэжуи зэхэсхатэкъым: тIэкIу хуэщимэ щIыкIэу щыт и щхьэр щхъуантIафэт, и нэхэр пхъэ зэгуэгъэзам къыдэплъ жыпIэну, зэв теплъэт, хуэкIыхь щIыкIэу, и кIэ кIыхьыр щIым илъэфырт, шындырхъуо лъакъуэхэм ещхьу лъэбжьанэшхуэхэр зыпыт лъакъуиплI щIэтт, къуаншэрэ лъахъшэу. И бгъэгуфэр, игъаджэ хуэдэ, хъей зэпытт.
КIуэ аракъэ, шындырхъуор хуэдищэ бжыгъэкIэ бгъэинмэ зэрыхъунур уи нэгу къыщIэгъэхьи, апхуэдэт къыспэувар. И фэ гъуабжэ-щхъуантIафэм цы лъэпкъ темыту быркъуэшыркъуэ теплъэти, «мыр благъуэу къыщIэкIынщ!» - жызоIэри, гурыщхъуэ сощI.
Иджы мы хъыбарыр къызэрезгъэжьа хуэдизрэ дызэплъу дызэпэщIэтагъэнщ, гъуэгум текIын къытхэмыкIыу. Гъусэ лъэпкъ симыIэу си закъуэти, мыбы сиукIыжыкъуэми си хьэдэр зышэжын зэрысщIымыгъур си жагъуэ хъужат. ТIэкIу сыжьэхэкIуатэу щыщIэздзэм, щIэтIысыкI хуэдэу зищIри, зэуэ зигъэпщу, блэм къыжьэдэIукI макъ лъахъшэм ещхьу зэхызигъэхыу щIедзэ. Сэ ар нэрылъагъуу нэхъ гъум къэхъуу щыслъагъум, зэуэ сигу къридзэжат лIыжьхэм жаIэу зэхэсхыгъар: «Благъуэм жьы зэхуехьэс, ар гъуэз ещIри, къыпэувхэм ящIрегъэху, зыщIиху псори малIэ!» 
Къыспэувар зэрыблагъуэм шэч лъэпкъ къытесхьэжыртэкъым. И псэр пыту гъуэгур къызэзымытынт а къыспэщытыр, къызэрысфIэщIымкIэ. Апхуэдэу Iуэхур шынагъуэм щыхуэкIуэм, сигури къызэрыгъуэтыжри, си ерыщагъри къэунэхужащ. «Уэлэхьэ, уи унагъуэр кIуэдынумэ, сыноплъурэ дзыгъуэм хуэдэу гъуэзкIэ зозмыгъэгъэлIэн!» - жызоIэ, къарууэ сиIэр гуахъуэкIым изохьэлIэри, и щхьэм сытехуэныр си мурад щэхуу, соуэ. Ауэ езыри бэлэрыгътэкъым. Зэуэ си дежкIэ зыкъедзри, гуахъуэр и щхьэм темыхуэу и тхыцIэ зэрыIыгъым йохуэ. ГуахъуэмкIэ мывэ гуэрым сеуа къысщыхъуат. 
Еуэ, абдежым хьэкъувэкъун едгъажьэри, сэ сыуэмэ, езым зыщIигъэцIэфтым, зытримыгъахуэурэ, дыгъэр екIуэтэхыху дыкъызэрехуэкIащ. сэри сызыщыгугъын си гъусэтэкъыми, щыгъыну сщыгъыр пщIэнтIэпсым псыф ищIа пэтми, чэм имыIэу себгъэрыкIуэрт. Езыри нэгъэсауэ псэущхьэ псынщIэт, Iэлти, сызэрыпэмыплъауэ фIыуэ дызэрыгущIырт. 
Ауэрэ зэ шэрыуэу сыуа хъури, гуахъуащхьэр езым и щхьэм къыхуищIэу тохуэри, пIэжьажьэу къызоуд. «Ыхьы-ы, уэлэхьэ си Iуэхур иджы нэхъ зыгуэр мэхъукIэ! Мы цIапIэм и насыпыр къепцIыжа си гугъэщ!» - жызоIэри, тIэу-щэ аргуэру и щхьэм соуэри согъэмэх. Гур здэщытым сожэри, джыдэ зэщIэлъыкIар гузэвэгъуэкIэ (пIащIэ-тхъытхъыу) гуахъуащхьэм лъатэпскIэ изопх быдэуи, къызогъэзэж. Благъуэм зыкъищIэж хуэдэу хъуати, тIэкIу зыкъигъэсысын и гугъа щхьэкIэ, зэуэ джыдэр и щхьэм хэзупцIэри, щIым хэсIулIэжащ.
Апхуэдэу, семыкIуэлIащэурэ (и гъуэзыр къысщIихункIэ сышынэрт), лыIу-лыIуу соупщIатэ. Абы апхуэдизкIэ лышхуэ телът, лъы куэд къыщIэкIати, гъэлъэхъушхуэ а щIыпIэм дыгъужьым щашха фIэкIа пщIэнтэкъым. Мэкъу Iэтэ нэхъыбэ къызэрыкIын пыбупщI мыхъужыну ихъуреягъыр дутат. Махуэ ныкъуэр абы сфIихьати, къэнэжа сыхьэт зытIущым зыри сщIэжакъым, гум сигъуалъхьэри зызгъэпсэхуащ. Пщыхьэщхьэм гъуэмылашэхэр ныслъэIэсри, благъуэ супщIэтари удзу дутари ялъэгъуат, яфIэтелъыджэу. 
Ар и укIыкIэу, си насып текIуэри, сукIыгъат игъащIэм сымылъэгъуа благъуэр…   
*   *   *
Хьудэ иукIыгъар, и сурэтыр, зэрыжиIамкIэ, благъуэтэкъым, атIэ Курыт Азиеми нэгъуэщI щIыпIэ хуабэхэми щыпсэу шындырхъуо лъэпкъыгъуэу «варан» жыхуаIэрат. Ар зэи умылъэгъуамэ, благъуэ хужыпIэным зыри хуэIуакъым. Уеблэмэ, варанхэр здэщыIэ щIыпIэхэм щыпсэу лъэпкъ гуэрхэр абы благъуэкIэ йоджэ. Езым и инагъыр метррэ ныкъуэм щIегъу. Уащымыхьэу, езыхэр нэхъапэ къыпщыхьэ я хабзэкъым, псом хуэмыдэу цIыхум. Ауэ, езыр шынагъуэ щихуэм и деж, къыпэувар зэригъэшынэным пылъщ, зегъэпщ, пщэ макъ хуэдэуи ирегъэщI, и кIэмкIи мауэ. 
Мы хъыбарыр Хьудэ тхьэмыщкIэ къызэрызжиIэжу, зэуэ гурыщхъуэ сщIат ар зэрываранымкIэ. Пэжыр жыпIэнумэ, тхылъри хуэсхьу и сурэтри езгъэлъагъуну сытелъэдат, ауэ сегупсысыжа нэужь сыхущIегъуэжат. ИукIа псэущхьэр мыблагъуэу, апхуэдизу мышынагъуэу лIыжь гупцIанэм къищIатэмэ, шэч лъэпкъ хэмылъу и жагъуэ дыдэ хъужынут узыфIэкIыфыну псэущхьэ хьэкъыншэр зэриукIар. Абы къыхэкIыуи, и гугъу сщIыжакъым. Дауэрэ къемыкIуэкIами, игъащIэм имылъэгъуа псэущхьэ шынагъуэм пэуври, лIыгъэ хэлъу езэуат, я къарукIэ щIагъуэ зэрамыгъэхьу, икIи текIуат. ЦIыхухэми а хъыбарыр ноби зэраIуатэр «Къэбгъавэ Мэсхьуд благъуэ зэриукIар!» жаIэущ. Дэтхэнэм гурыбгъэIуэфыну благъуэмрэ варанымрэ зэрызэщхьэщыкIыр? Къренэ зэрыщыту.
Ауэ гъэщIэгъуэныр а ди щIыпIэм щымыпсэу псэущхьэр Бэвыкъуэ къуажэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм къызэрыщыхутарщ. Абыхэм ди щIымахуэр щахуэмышэчкIэ, гурыщхъуэ пщIы хъунущ, Граждан зауэм и кIэхэм зоопарк е цирк гуэр зэтекъута щыхъум къаIэщIэкIауэ, апхуэдэуи уегупсыс хъунущ Хьудэ и мэкъупIэм къыхэна Iэмбатэхэм я щIагъ щыжейуэ щIымахуэр щрихыфауэ, а псэущхьэхэр мышхэу зэман кIыхькIэ зэрыпсэуфыр къэплъытэмэ. Гъуэ-екIуэлIапIэу а здэжеям щIэсагъэнкIи мэхъу. А и хэщIапIэм Хьудэ зэрымыщIэкIэ хуэзэу темыпкIамэ, къэмыхъеинкIи хъунт. 
Зэман куэд дэкIащ абы лъандэрэ. Иджы сыткIэ а псор наIуэ пщIыжын?
ШЭРДЖЭС Алий. Хьэбэз, 1961-1971 гъэхэм.
Поделиться:

Читать также: