Кърухэр

рассказ
Бжьыхьэт…
Зы тхьэмахуэ хуэдизкIэ анэшым сыщыIэну сыкIуэжат. Хэт зыфIэмыфIыр, щыцIыкIум деж, анэшыр? Абыхэм нэхъыфIу укъалъагъуу, нэхъ къыптегужьеикIауэ къыпщохъу. Куэдрэ узэрамылъагъура хъунщ. Зыкъом лъандэрэ пхуагъэтIылъа IэфIыкIэхэр уи Iэгум къыщыпхуракIутэм деж, уи щхьэм Iэ къыдалъэрэ, "мэ, си тIасэ, мы тIэкIур шхы", жаIэрэ гуапэу къыщоплъым деж, сыту гукъинэ! Мис а махуэми си адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ я куэщIым зызгъафIэу сисыну, я хъыбар гъэщIэгъуэнхэм седэIуэну, сагъэфIэну сыщыгугът. Иджыри къэс си Iум итщ нанэ и дэлэнхэм я IэфIагъыр, я псы къабзэм и щIыIагъыр, си нэгум щIэтщ я хадэпс куур, я жыг хадэшхуэр, я пщIантIэм дэт дэшхуейхэр, жызум къудамэ хьэлъэхэр, я бжэIупэм Iут удз гъэгъа плъыжьхэр. Псысэ дахащэм сыхэтауэ къысщохъуж, а зэманыр си гум къыщыкIыжым деж.
  НтIэ бжьыхьэт…
  Шэджагъуэ хуегъэзэкIт. Сабийуэ сыщыта щхьэкIэ, зы къэмынэу, иджыпсту слъэгъуам хуэдэу, сощIэж а махуэм къэхъуа псор. ТIэкIу сыхэжеяуэ сыкъэтэджат, ауэ нанэ и пщэдджыжьышхэр хьэзыру къыспежьэри сигъэтхъащ. Сигъэуэршэрурэ тэлайкIэ дыщыса нэужь, кIуэ тIасэ, хуабэ гуэр щытIагъэ, дадэ деж дыкIуэнщ, щыжиIэм, сыгуфIэри унэбгъум кIэрыт пщэфIапIэм сыкъыщIэжащ. ПщIантIэм джэдкъазыр дэзу дэтт. Джэди, къази, гуэгуши куэду яIэт абыхэм. Псом нэхърэ нэхъ сфIэгъэщIэгъуэныр хьэрэхэрат. Хьэрищ яIэт, иныжь хъужарэ я бжьакъуэхэр я щIыбым теуэжу. ИкъукIэ сащышынэрт, ауэ дадэ и псалъэхэр си гум къэзгъэкIыжри, IуэмкIэ сеплъэкIыурэ унэм сыщIэлъэдэжащ. Дадэ жиIэрейт ахэр жэмхэм нэхърэ нэхъ губзыгъэу. Хуабэ гуэр зыщыздзэри пщэфIапIэм згъэзэжащ. 
 - Сэ сыхьэзырщ, нанэ!
 - Ар сыту псынщIэу. Еуэ-тIэ, нежьэ! – дадэ хуигъэхьэзыра гъуэмылэр къищтэщ, си Iэр иубыдри, нанэрэ сэрэ куэбжэмкIэ дунэтIащ.
 Дадэ хъумакIуэу еджакIуэхэм зыщагъэпсэху лагерым щылажьэу арат. Лагерыр гъэмахуэрат щызэIуахри, иджыпстукIэ къэхъукъащIэр зригъэлъагъуу, цIыху хамэ тримыгъэхьэу щыIэт абы. Нанэ махуэм щэ-плIэ гъуэмылэ хуихьырт. Лагерыр губгъуэшхуэм и кIэм деж щыухуат. Мы дунейм зыхуэныкъуэ щымыIэу гъэмахуэ мазищыр мы лагерым щахьт еджакIуэхэм. Лагерь щIыбагъым дэт джабэ цIыкIум уехмэ, ныджэм занщIэу ухуэкIуэрт, дыгъэ зыщегъэупIэу, зыгъэпсэхупIэу, зыгъэпскIыпIэу яIэт ахэр цIыхум. Джабэ нэкIум мэракIуи, къыпцIи, балии щыкуэдт. Лагерым и сэмэгурабгъум чэщанэшхуэ щытт. Къуажэм удэмыхьэ щIыкIэ, жыжьэу уплъэмэ, япэу плъагъур арат. Куэбжэм укъызэрыдэкIыу мы жэнэтым уIуплъэрт. Куэбжэм къыщыщIэдзауэ дадэ и лэжьапIэм нэс метр щитI хуэдиз дэлъми арат. Сытми, маршынэхэр щызежэ гъуэгур зэпыдупщIри, куэд дымыкIуауэ, нанэ жеIэ:
 - УафэмкIэ плъэт, хъурыфэ цIыкIу.
 Сыплъэмэ, сыт гъэщIэгъуэн?! Псом япэ зы нэхъ ищауэ, зым и ужьым зыр иту, сатыритIу загуэшарэ, а япэ итым деж щызэхуэзэжу зыгуэрхэр лъатэрт. 
 - Сыту дахэ! Нанэ, хэт ахэр? – си нэхэр уафэм итхэм къатезмыгъэкIыу соупщI сэ нанэм.
 - Кърухэр щIыпIэ жыжьэхэм лъэтэжу аращ.
Ахэр дахащэу зэрызэхэувам, зэрызашэщIам ситхьэкъуауэ сеплъырт. Зы макъ гуэрхэри къэIут жыжьэу. ДэнэкIэ къикIми сымыщIэу, зысплъыхьащ, сызэщIэдэIукIащ. Згъуэткъым.
 - Сыт узылъыхъуэр? – къызоупщI нанэ.
 - Зыгуэр зэхызох. ЗиIысри сщIэркъым.
 - Ар кърухэращ, хъарып. Гъатхэм дызэхуэзэжынщ, жаIэу аращ, - къыпогуфIыкI нанэ.
Кърухэр ныджэм къызэрыдэлъэтыкIыжрэ куэд щIатэкъым иджыри. Сэ япэу къру слъагъуу арати, я дахагъэмрэ, я губзыгъагъэу зэрызэхэтымрэ бауэкIэщI сащIауэ сыщытт. Сыту сфIэдахэт, сыту сфIэкъабзащэт слъагъур! Апхуэдэу, слъагъумрэ зэхэсхымрэ сфIэмащIэу сыщыту, тхьэкIумэр игъэузу, псэр къыдэскIэу макъышхуэ гуэр къэIуащ. Уафэм си нэхэр зы напIэзыпIэкIэ къытесхри, сыщыдэплъеижам, сатыр дахэу кIуэм зы къру къыхэхури, чэщанэм и щхьэм техуащ.
 - А сымыгъуэт, сыту леишхуэ ираха! – къыжьэдэхуащ нанэ.
 - Сыт, сыт, нанэ, къэхъуар? – сыхудоплъей сэ абы.
 - Мобдеж щыт лIыр фочкIэ дэуейри, кърур къриудыхащ, на!
 Сыкъэщтарэ, си лъакъуитIыр щIэкIэзэзыхьу сыщытщ, чэщанэмкIэ соплъэри. Абдежым, къру гупым зы къахолъэтыкIри чэщанэм телъ хьэдэм бгъэдолъатэ, пэкIэ йоIусэ, «къэтэдж, дэ гъуэгуанэшхуэ къытпэщылъщ» жыхуиIэу. Мыдрейм зигъэхъей хуэдэкъым.
 Абы хэту цIыху цIыкIур фоч макъым зэхуешэс.
 - Сыт къэхъуа мыгъуэр? – и Iэхэр и гум телъу щIоупщIэ зы нанэжь.
 - А, Толэ къру къиукIауэ аращ. Уэт, щIалэжь! Тебгъэпсэфын хуейкъэ, Iэгъу, апхуэдэу?! Уэлэхьи, мэлэдецым-тIэ, - чэф нэIу хъужауэ жэуап ет зы лIы гуэрми.
 - Сыту гущIэгъуншэ а Толэ жыхуэпIэр, а гъуамэр. Пу, нэжэс!!! - жеIэ, и щIыбыр къегъазэри IуокIыж зы фыз.
 АпщIондэху, зэм къагъэзэж, зэм къэувыIахэщ, жысIэурэ, кърухэри кIуэдыжащ. Абы хэту дадэ къэсащ. ЗызыгъэлIу щыт Толэм бгъэдэлъадэщ, зыкъишэщIри, еуэщ аби, тIэрабгъуу къриудащ. Толэ и нэм лъы къытелъэдауэ зыкъыщиIэтыжым, щIалэхэр къежэри яубыдащ.
 - Хьэ ныбэм къикIа! Уи щхьэр фIэзмыхым Тхьэр згъэпцIащ! – ищIэр имыщIэжу, аргуэру зишэщIащ дадэ.
 - А, лIыжь, сыт пщIэр? ЗыкъэщIэж! – нанэ и макъыр щызэхихым, дадэ мэупщIыIуж.
 - Еплъ мо пщIам! – чэщанэмкIэ и Iэр ишийурэ, Толэм щIэкIиящ дадэ.
Толэ плъэри илъэгъуащ, хьэдэ зыгъей цIыхум хуэдэу, бэлыхь зытелъ кърур. ЩIалэхэми Толэ яутIыпщри, щIыбагъкIэ икIуэтыжахэщ. Толэми и лъакъуэхэр илъэфурэ, щыму я деж дыхьэжащ. Сытыт жыпIэжынур абы и ужькIэ?!
 - НакIуэ, лIыжь, накIуэ. Зыри пхуещIэжынукъым, - дадэ япэ иту, нанэ си Iэпэр иIыгъыу, иужьым диту дежьэжащ лагерь лъэныкъуэмкIэ…
 Нанэ куэд щIат Iэнэм шхыныр къызэрытригъэувэрэ, ауэ дадэ абы IэпэкIэ хэIэбатэкъым. ИгъэупщIыIужат. Сэри щхьэгъубжэм сыкIэрытт, уэру си нэм къыщIэж нэпсхэр щIэслъэщIыкIыу. Си гум техуэртэкъым слъэгъуар. Си щхьэм изагъэртэкъым кърум и Iуэхур зэрыхъунур. Си щхьэ еслъытырт. Сыту пIэрэт цIыхум ищIэнур, апхуэдэ къыщыщIамэ? Сытыт сэ сщIэнур? Куэдым сегупсысырт.
 - СыщIэкI хъуну? – пэшым сыщIэмызэгъэж щыхъум, сеупщIащ нанэ.
 - Хъунущ, ауэ жыжьэ умыкIуэ, - нанэ жиIэным нимыгъэсу къэпсэлъащ дадэ.
Бжэр зэрыIусхыу, жьы щIыIэм си Iэпкълъэпкъым зришэкIащ, уэсыми къысIурыуащ. ЧэщанэмкIэ сыплъэмэ, тетщ кърур хьэдэм щхьэщыту. Сыту гукъутэт абы уеплъыну. Сыту гузэвэгъуэшхуэ хэтт ар. Гъуэгу теувэжа, псэ зыIутым апхуэдэ епщIауэ, дауэ къыпхуэгъунут? 
 - НакIуэ, хъурыфэ цIыкIу, дыкIуэжынщ, - гупсысэхэм сакъыхишыжащ нанэ.
  КIэщI-кIэщIурэ сыкъызэплъэкIыурэ дынэсыжащ унэм. 
Щхьэгъубжэм сыкъыдэплъмэ - соплъэ, куэбжэм сыкъыдэкIмэ - соплъэ… Тетщ кърур. Зэм ныджэмкIэ мэлъатэри, зыгуэрхэр и жьэм жьэдэлъу къегъэзэж. Тхьэм ещIэ, шхын къыхуихьмэ, къэхъужын и гугъэу ара хъунт.
Сытми, апхуэдэурэ, нанэхэ сызэрыщыIа тхьэмахуэм текIакъым кърур чэщанэм. Сэри мамэ сыкъишэжри, Iейуэ сызыхуэзэша си ныбжьэгъухэмрэ си шыпхъухэмрэ сакъыхыхьэжри, тIэкIу сытеужат, ауэ щIэх-щIэхыурэ сегупсысырт кърум и гуIэгъуэм. Зэман дэкIауэ, аргуэру нанэхэ дыIухьащ, даIуплъэну.
 - Нанэ, пщIэжрэт кърухэр? Дауэ хъужат? – си нитIыр къижу соупщI нанэ.
 - А, Iей, дауэ къыпщыхъурэ? Къэхъужри, лъэтэжахэт зэгъусэу, - и Iэгухэр зэтригъауэурэ гуфIэу жеIэ.
 - Сыту фIыт, - си фIэщыпэ хъуауэ согуфIэ сэри.
 - Сыт зи гугъу фщIыр? Фэ тIум щэху гуэрхэр фиIэщ, - щIоупщIэ си анэр.
 - А, зырикIщ, - жи нанэ.
 Щэху цIыкIуу, зэхэзмых я гугъэу, мэуэршэр иджы тIури:
 - Дауэ къыпщыхъурэ, пщIэжрэт чэщанэм тена кърум и Iуэхур? – жи нанэ.
 - НтIэ, КIуцэ сшэжыну сыкъыщыкIуам срихьэлIат.
 - НтIэ, мис а кърур тхьэмахуитI енкIэ щхьэщытащ хьэдэм. КъыщхьэщымыкIыу, еIунщIу, къигъэтэджыжын и гугъэу.
 - ТхьэмыщкIэ мыгъуэ!
 - Жэщи махуи, цIыху цIыкIум яфIэгъэщIэгъуэну тетащ, тхьэ. Зы пщэдджыжь гуэрым тетыжтэкъым, япэ уэсри кърипхъыхат. Ди гъунэгъу Заур яфIыдэкIуеящ, зэзгъэлъагъунущ, жиIэри. Къехыжмэ, и нэгур зэхэуфащ, зы псалъэ жиIэркъым. ДыщыщIэупщIэм, зи ныбэр шэпхъым зыгуипхъа хьэдэм етIуанэр телъщ. Ныжэбэ лIауэ аращ! Зэхъузэбз хъун мыгъуэт. ЦIыхухэм нэхърэ нэхъ зэхуэпэжщ ахэр! Бзу, жаIэ итIанэми, жи.
 А псалъэхэр щызэхэсхам, си нэпсхэр къежэхат, си тэмакъым зыгуэр тенат, симыгъэбауэу, си макъыр утIыпщауэ щхьэ сымыгърэ, жысIэрт. Ауэ, закъезгъэщIакъым. Адрей пэшым сыщыджэгуу арати, пIэм сигъуалъхьэри хуэму сыгъыурэ сыIурихащ. Иджыри къыздэсым си нэгум щIэтщ жэщыр къэзыгъэнэху мазэ нурыр зытепсэ къру закъуэр чэщанэм и щхьэр ехьэхауэ тету. Си тхьэкIумэхэм итщ нанэ сщибзыщIыну хэта псалъэхэр. Нобэр къыздэсым кърур лъэтэжауэ сщIэуэ фIэкIа и гугъэкъым езыми. 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: