Бжьыпэр зыIыгъыр хэку лъагъуныгъэрщИджырей лъэхъэнэр – ХХ лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм къыщегъэжьарэ иужьрей илъэс тIощIыр къызэщIиубыдэу – къапщтэмэ, шэрджэс усыгъэм зыужьыныгъэшхуэ игъуэтауэ пхужыIэнукъым, абы хэлэжьыхь усакIуэ нэхъыщIэхэм я бжыгъэр зэрымащIэ дыдэм къыхэкIыу. Нэхущ Мухьэмэд, Дыгъужь Къурмэн, Бемырзэ Мухьэдин сымэ дунейм зэрехыжрэ, шэрджэс усыгъэр куэдкIэ нэхъ фагъуэ хъуащ, абы и зыужьыныгъэри къэбэрдей усыгъэм хэпщIыкIыу къыкIэрыхуащ. Апхуэдэу щытми, нобэкIэ абы телажьэу, усэ хъарзынэхэри я Iэдакъэ къыщIэкIыу, тхылъ щхьэхуэуи къыдагъэкIхэу я цIэ къипIуэфынущ усакIуэ нэхъыжьхэу Шорэ Хьэсин (Хьэгъундыкъуей), ГъукIэкъул Даут (ВакIуэ-Жылэ), Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ (Хьэгъундыкъуей), Хьэкъун Риммэ (Хьэбэз), Зэубыд Ахьмэд (Зеикъуэ), Шорэ Ахьмэд (Хьэгъундыкъуей) сымэ, нэгъуэщI зыбжанэми. Абыхэм я лъэмбым къиуващ усакIуэ щIалэхэу Брат Мурат, Бемырзэ Зураб, Чэнджэщауэ Артур сымэ, нэгъуэщIхэри.
Шэрджэс усыгъэм нобэкIэ нэхъ жыджэру хэлыжьэхьыр Бемырзэ Зурабщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым хуэунэтIащ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIаубыдэ. Абыхэм уащрохьэлIэ гъащIэм и философие куу къызыпкърыщхэми, лъагъуныгъэ къабзэм теухуахэми, дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъэхэр къызыхэщхэми. Ауэ Зураб и усыгъэм бжьыпэр щызыIыгъыр хэку лъагъуныгъэрщ, лъэпкъым и тхыдэми, и нобэми усакIуэр къуэпс быдэкIэ зэрыпыщIар къызыпкърыщ гупсысэхэрщ. ЖытIам и щапхъэу къэбгъэлъагъуэ хъунущ «Ди псыхъуэр сыту кIагъуэ, щэху…» усэр. Абы и пэщIэдзэм деж усакIуэм дунейм и дахагъымрэ и лъахэм хуиIэ гухэлъ къабзэмрэ зэгуэхыпIэ имыIэу зэхэухуэнауэ къыщегъэлъагъуэ:
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
|