«Псори зэрыстхэ» тетрадым къистхыкIыжахэр

Адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ Теунэ Хьэчим мыпхуэдэу яфIищат и тхыгъэ гупым (езым «гупсысэ кIэщIхэр» жеIэ). Дунейм къыщыхъухэм, и лъэпкъым и щхьэм кърикIуам, и унагъуэм, нэгъуэщI-къинэмыщIхэм щегупсыскIэ, цIыхум и щхьэм куэд щызэрегъэзахуэ. Абы щыгъуэми ар тхакIуэмэ, гупсысакIуэмэ - нэхъыбэж. Щызэригъэзахуэрэ ар тхылъымпIэм нихьэсмэ, нэгъуэщIхэри щыгъуазэ мэхъу, гъащIэ дерс къыхах. Апхуэдэ щIэныгъэ къигъэхъуапIэу къызолъытэ Теунэм и псалъэ гъэпсахэр, аращ абыхэм ящыщ зыбжанэ «Адыгэ псалъэ» газетым и электроннэ къыдэкIыгъуэм щхьэкIэ къыщIыхэсхар.

И. З.

Жьэгумрэ уэнжакъымрэ

Унэм и псэр жьэгумрэ уэнжакъымрэщ. Пэжкъым жыпIэрэ! АтIэ зы тхьэмахуэ къудей мафIэ умыщIи, уи унэр псыIэмэ зэрыхъум, нэщIыфэ абы къызэрытеуэм, зеиншафи ар зэрыхъум еплъыт.

Моуэ дымэжэлIауэ дыкъыщIыхьэжым, ди ныбэ из зыщI ерыскъыр къызыпэрахыжри, дыпIыщIауэ дыкъэкIуэжмэ дызыгъэхуэбэжри, е гуныкъуэгъуэ диIэу къэдгъэзэжамэ, ди пIэ дизыгъэувэжыр жьэгужьращ.

МафIэс къэхъурэ унэ псор исами, иувыкIауэ зэхэмыщэщауэ къанэр жьэгумрэ уэнжакъымрэщ.

Жьэгужьыр диIэу ди мафIэр ункIыфIынкъым. Сысейр зыгуэркIэ ункIыфIрэ - уи деж сынэкIуэнщ, ууейр ункIыфIмэ, си деж укъэкIуэнщ. МафIэ щыIэу, нэхурэ хуабэрэ дыщыщIэнкъым.

ЗыгъэкIуэдыфын щыIэкъым

ГъащIэр гъэщIэгъуэнщ! Дауэ хъуми, дауэ щIэми, гъащIэм хэкIыпIэ къегъуэт. Ар зыгъэкIуэдыфын къару щыIэкъым. Муслъымэн диным емызэгъыу зэрилъытэм къыхэкIкIэ, адыгэхэм сурэт ящIу щытакъым. Ауэ я гурылъхэмрэ я мурадхэмрэ мыкIуэдыжу дунейм къытрагъэнэн щхьэкIэ, алэрыбгъухэм, арджэнхэм, упщIэхэм сыт хуэдэ тхыпхъэ гъуэзэджэхэр тращIэу щыта! ДыщэрыдкIэ сыт хуэдэ хэдыкI гъуэзэджэхэр ящIу щыта! Тэрэфарэ дахэу, зэщIэпщIыпщIэжу, зэщIэлыдэжу дарий бостейхэмрэ дыщэ пыIэхэмрэ хадыкIырт. Шылэхъархэм сыт хуэдэ тхыпхъэ дахэ хащIыхьрэт. Кистрэ краскэкIэ ящIыну зыхуимытыр мастэрэ IуданэкIэрэ хадыкIырт.

Гъуджэм къищым…

ЦIыхум и теплъэу гъуджэм къищым узэрыфIэфIу зыхуэщI - ухуеймэ зыхузэкIэщIэш, ухуеймэ ешхыдэ. АбыкIэ уигу мызагъэмэ, кIэрахъуэкIэ еуапэ. Абы хэкIуадэм хэкIуэдэнур гъуджэрщ. Ауэ гъуджэм къищ цIыху сурэтым зэрызыхуэпщIым хуэдэу езы цIыхум зыхуэпщIыныр икIагъэщ, хьэкIэкхъуэкIагъэщ. ЦIыхум гуапагъэрэ IэфIыгъэрэ кIэлъызепхьэныр, абы гукъэкI хууиIэныр, удэIэпыкъуныр уи къалэнщ. Апхуэдэу уэ ущытыфу пIэрэ?

Къуршхэр зыхуэдэр пщIэну ухуеймэ…

Джылахъстэней Арыкъым укъытету ущыплъэкIэ, дыжьыныфэу зэщIэцIууэж Кавказ къуршыжьхэр уи нэм елъагъу. IэпщIэлъапщIагъэ зиIэ иныжь бэлыхь гуэрым ар IэкIуэлъакIуэ дыдэу, зы лей химылъхьэу, хилъхьэни къимыгъанэу иригъэувэкIауэ псори и пIэм иту, псори дахэу икIи зэкIужу къыпфIощI.

Аузым удыхьэрэ а къурш дыдэм уеплъыпэмэ, уи нэм илъагъур зыр адрейм ипIытIу зэхэт къуршыжьхэмрэ бгы нэпкъ задэхэмрэщ. Къуршхэр зыхуэдэр зэбгъэщIэну ухуеймэ, жыжьэу - Джылахъстэней Арыкъым укъытету, гъунэгъууи - Балъкъэр аузым удэту бгы лъабжьэм ущIэту, къуршыщхьэм утету уеплъын хуейщ.

Дэтхэнэ зы Iуэхуми апхуэдэ дыдэущ зэрекIуэлIэн хуейр. Къэхъуа-къэщIа гуэрыр зищIысыр къыбгурыIуэн щхьэкIэ, а Iуэхум и къекIуэкIыкIари, иджы ар зэрыщыт щIыкIэри, япэкIэ абы узыхуишэнури пщIэн хуейщ.

Си критикым естыж жэуап

«Куэд къызэрыкI адыгэ псалъэ «хъуэхъур» хъуэхъууи, хъуэхъуэн и мураду куэдыIуэрэ къызэрихьри очеркым и ныкъусаныгъэ нэхъыщхьэу къыдолъытэ. Гъэлъагэщауэ зэрытхар гъэмэщIамэ, очеркыр гъуэзэджэт».

ЩIыхь зыхуэсщI критик! Нэхъ хуэму сыпсэлъэну, зэрагъэщIагъуэ знакхэр сымыгъэувыну, сызытепсэлъыхьынур сымыгъэлъэпIэщэну, къэбэрдей щэнхабзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм сащымытхъущэну чэнджэщ къызыбот. Ауэ жыпIэр схуэгъэзэщIэнукъым. Сабийр дунейм къыщытехьа дыдэм и макъым къызэрикIкIэ «ауа!» жеIэри мэкIий, дунейм къызэрытехьар цIыхухэм яригъащIэу. Дэ, – япэм тхыгъэ, къэралыгъуэ, лъахэ зимыIахэм - илъэс щэ ныкъуэм я кIуэцIкIэ цIыхур зыгъэцIыху, цIыхур зыгъэнасыпыфIэ, цIыхур зыгъэлъапIэ псори къытIэщIыхьащ. Ар ину, лъэщу жумыIэнкIэ дауэ хъун! КIий-гуоуншэу, хуэму, псэм дыхьэу Толстой Лев и тхэкIэм и фIыгъэр сэри сощIэ. Апхуэдэ тхэкIэм дыщыхуэкIуэн зэман дэри дихуэнщ. Ауэ ар къыщыхъунур щэнхабзэрэ щIэныгъэрэ диIэ зэрыхъуам десэжу, ди гуфIэмрэ ди хъуэхъумрэ дыуха нэужьщ.

ЦIыхубз акъыл

АкъылыфIэу ялъытэ цIыхубз гуэрым мыр жиIащ:

- И лIыр зытемыукIытэн акъыл нэхърэ нэхъыбэ цIыхубзыр хуейкъым.

- Ар сыт щхьэкIэ? - жаIэу щеупщIым:

- Абы фIэкIым - щхьэпрехыщэри, езым и напэри зытрехыж, илIри егъэукIытэ.

ЦIыхум хуэдэ щыIэкъым

ЦIыхум нэгъуэщI цIыхум фIыгъуэрэ угъурлыгъэу хуищIэм хуэдиз хуэзыщIэфын нэгъуэщI псэущхьэ дуней псом теткъым. КIэщIу жыпIэмэ, цIыхур цIыху щIыжщ. Ауэ гуауэрэ гуIэгъэу цIыхум адрей цIыхум ирищIэфым хуэдиз езыщIэфи щыIэкъым.

Адыгэ къэфэкIэхэр

Дэтхэнэ къэфэкIэми ар зей лъэпкъым и хьэл-щэныр, и щытыкIэр къегъэлъагъуэ икIи абы и тхыдэм и къекIуэкIыкIам быдэу пыщIащ.

Пщащэми щауэми я Iэпкълъэпкъыр зэрызэкIужыр, зэрылантIэр, Iэчлэчу зэрыщытхэр, езыхэр зэрыIэдэбыр, зэрынэмысыфIэр къыщыфэкIэ наIуэу гъэлъэгъуа мэхъу.

«Ислъэмей» е урысхэм «Кабардинка» жыхуаIэ къэфэкIэр зи къафэр къарууфIэхэмрэ IэкIуэлъакIуэхэмрэщ. ЩIалэгъуэмрэ гукъыдэжыныгъэмрэ, зи псэ къэбырыбхэмрэ мафIэу къызэщIэплъахэмрэ я гур зыгъэтIыс къэфэкIэщ  ар.

Уджыр зейр псэрщ. ФIыуэ плъэгъуам абы гъунэгъурэ псэлъэгъурэ ухуещI. Уи гум илъ псори хуикIут. ФIыуэ укъилъагъумэ, зы псалъэ щIылъэм тримыгъахуэу псори и гущIэм щигъэтIылъынщ.

Бзэ

ЦIыхухэм къагупсыса, яухуа, зэрагъэпэща псоми бзэр ятокIуэж. Абы нэхърэ нэхъ Iэщэ лъэщрэ нэхъ IэщэфIрэ абы иIэкъым. Бзэм и сэбэпкIэ цIыху щхьэ куцIымрэ цIыху акъылымрэ яхэхъуащ, заужьащ, бзэм и фIыгъэкIэ цIыхур гупсысэфи, бэнэфи, текIуэфи хъуащ. Бзэм сыт хуэдэу иригъэфIэкIуа, сыт хуэдэу игъэтынша цIыхухэм я гуащIэдэкIыр.

Псалъэхэм дахэплъэжым, абыхэм дахэгупсысыхьыжым, сыту гъэщIэгъуэн куэд абыхэм къыджаIэфыну.

ТЕУНЭ Хьэчим.
Поделиться:

Читать также: