УФ-м и командэ къыхэхам хагъэхьэМас-рестлинг Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Урысей Федерацэм мас-рестлингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Суздаль къалэм щекIуэкIащ. Я зэфIэкIхэр абы щагъэлъэгъуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 22-м я спортсмен 300-м щIигъум. Ди республикэм и командэ къыхэхам хэту зэпеуэм щыIащ ныбжьыщIэ 13 икIи абыхэм ящыщу Мэкъуауэ Силинэрэ Ало Андемыррэ дыщэ медалхэр къахьащ. Зэхьэзэхуэм етIуанэ увы-пIэр щаубыдащ Джэрыджэ Айдэмыррэ Тау Миленэрэ.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 12:26 →
Дызэрыпагэ гъуащхьэтет
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
|