Илъэс лэжьыгъэр къипщытэжащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм 2023 гъэм иригъэкIуэкIа кIэух зэIущIэм къыщипщытэжащ и лэжьыгъэр. Абы и унафэщI Берд Хьэзрэталий къыщыпсалъэм зэрыжиIамкIэ, палатэм, гъащIэм къызэригъэувам тету, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэу 100 щIигъум щытепсэлъыхьащ, дэтхэнэ зыми жэуап нэс игъуэту. Ар зи фIыщIэу къилъытар и лэжьэгъухэм дагъуэншэу я къалэныр зэрагъэзэщIарщ.
 УнафэщIым жиIащ къэралым и гулъытэ хуэныкъуэхэм ядэIэпыкъунымрэ Украинэм къалэн хэха щызыгъэзащIэ ди цIыхухэм я унагъуэхэм зыщIагъэкъуэнымрэ Жылагъуэ палатэм и лэжьыгъэр нэхъ тегъэщIауэ зэрыщытар.
- Фэ псори фыщыгъуазэщ, - жиIащ Бердым, - ди къэралыр зэса псэукIэм 2022 гъэм зэхъуэкIыныгъэ ин зэригъуэтам. Ди къэралым и цIыхухэр шынагъуэм щыхъумэныр, мамырыгъэр хъумэныр, зэи хуэмыдэу, псом я щхьэ хъуащ.
Абы хуэгъэпсауэ лэжьэну къызэрагъэпэща гупым Жылагъуэ палатэм и цIыхуибгъу хагъэхьауэ илъэситIым нэсауэ я къалэн ягъэзащIэ.
Къэпсэлъам къыхигъэщащ урысейпсо Iуэхухэм Жылагъуэ палатэр илъэсым и кIыхьагъкIэ зэрыхэтар. Я нэIэ зытригъэтахэм ящыщщ хущхъуэхэм я уасэр, щIалэгъуалэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэр, гъуэгухэм я щытыкIэр. Ди республикэм щыпсэухэм, ищхьэкIэ зи гугъу тщIахэм къинэмыщIауэ, къаIэт Iуэхугъуэхэм ящыщщ щыIэкIэ-псэукIэр егъэфIэкIуэным, кIэрыху -бжьэрыхур и чэзум дэшыным, ЖКХ-м епха уасэхэр зэрагъэувым, нэгъуэщIхэми къагъэщI гугъуехьхэри.
Апхуэдэ къабзэу тепсэлъыхьащ щIэблэм щIэныгъэ етыным, ахэр гъуазджэм дегъэхьэхыным теухуауэ лажьэхэм щIыпIэ унафэщIхэм я гулъытэ зыхащIэу я Iуэхур даIыгъын зэрыхуейм.
Илъэсым зэфIагъэкIахэм тепсэлъыхьащ Жылагъуэ палатэм и къудамэу районхэм щыIэхэм я унафэщIхэр.
ЗэIущIэм щагъэбелджылащ икIи къыщащтащ 2024 гъэм я нэIэ зытрагъэтыну Iуэхухэр.
Iуэху гуапэкIэ яухащ мы зэхыхьэр. Берд Хьэзрэталий щIыхь тхылъхэр яритащ Жылагъуэ палатэм, журналистхэм ящыщу IуэхущIафэ дахэ зиIэхэм.
Дызытехьэ 2024 гъэм Урысей Федерацэм и Президентым и хэхыныгъэр хабзэм тету зэрекIуэкIым кIэлъыплъыныр къалэн нэхъыщхьэу Жылагъуэ палатэм къызэрыпэщылъыр жиIащ Бердым, ар зэIущIэм хэтахэм ехъуэхъуащ ИлъэсыщIэ къэблэгъамкIэ.
 

 

 

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: