Уае Дадэмрэ Уае Гуащэмрэ - ИлъэсыщIэ автобусым

Налшык къалэм 2 В маршрутым тет ИлъэсыщIэ автобусыр балигъхэми сабийхэми я гукъыдэжым хэзыгъахъуэщ. Абы Уае Дадэмрэ Уае Гуащэмрэ зэпымыууэ исщ икIи ныбжьыщIэхэм саугъэтхэр хуагуэш. Iуэхур и жэрдэмщ Налшык къалэ администрацэм.
ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу цIугъэнэхэмкIэ ягъэщIэрэщIа 2 В автобусым итIысхьэ, Налшык къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ Уае Дадэмрэ Уае Гуащэмрэ щалъагъукIэ, таурыхъым къыщыхутами ярейуэ, мэгуфIэ. Псом хуэмыдэу сабийхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ гуапэ ящохъу ИлъэсыщIэ и лIыхъужь нэхъыщхьэхэм зэрымыщIэкIэ зэрырихьэлIэр. ЦIыкIухэм усэрэ уэрэдрэ жаIа нэужь, Уае Дадэмрэ Уае Гуащэмрэ абыхэм йохъуэхъу, саугъэтхэмкIэ хуоупсэ.
Iуэху дахэр куэдым ягу ирихьащ икIи къыхагъэщащ Москва, Санкт-Петербург къалэхэм хуэдэу, ди щIыналъэми сабийхэм, жылагъуэм гулъытэ зэрыщыхуащIыр. Iуэху гуапэм щIышылэм и 14 пщIондэ пащэнущ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: