ЛЪЭПКЪЫМ И БЛЭКIАР УИ НЭГУ КЪЫЩIАГЪЭУВЭЖЕрмаков Дмитрий сурэт техыным куууэ щыхыхьар 1860 гъэхэрщ. Перс къэралыгъуэм 1870 гъэхэм нэгузегъэужьакIуэ, зыплъыхьакIуэ кIуауэ, абы щытрихащ а щIыналъэр зыхуэдэр, лъэпкъым и псэукIэр, и щэнхабзэр IупщIу уи нэгу къыщIэзыгъэувэ сурэт Iэджэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ Ермаковым къыфIащащ «Зи щIыхьыр лъагэ перс пащтыхьым и сурэттех» цIэр. Абы сурэт куэд иIэщ Тифлис къалэм, Кавказым, Тыркум, Персым ятеухуауэ. И IэдакъэщIэкIхэм къапэкIуэу 1874 гъэм къратащ Франджым щыIэ сурэттех жылагъуэ зэгухьэныгъэм и саугъэтымрэ Мэзкуу къалэм антропологиемкIэ 1878 гъэм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм и дамыгъэмрэ. 1870 гъэм Ермаковым Тифлис къалэм къыщызэIуихауэ щытащ сурэт техыным теухуа унэ. Гъэмахуэ лъэхъэнэм ар кIуэрт Кавказ псы хущхъуэхэр къыщыщIэж къалэхэм икIи абыхэм сурэт щытрихырт. 1877 - 1878 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Тырку зауэм ар щыIащ корреспонденту, Кавказ фронтым и штабым егъэбыдылIауэ.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
|