АДЫГЭШУ ШАГЪДИЙ!

Ныбэжь Арсен

Джылъахъстэней щIыналъэм къыщалъхуа Ныбэжь Арсен зэрытхэрэ куэд щIами, и къалэмыпэм къыщIэкIахэр иджыщ япэу утыку къыщрихьэр. Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ абыхэм ящыщ зым.

НыбжьэгъуфI дыдэхэм палъытэу 

Адыгэм шыр сыт щыгъуи ябж!

Дунейм зы лъэпкъ сэ тету сщIэркъым,

Апхуэдэу шыхэр фIыуэ зылъагъу!

 

Адыгэхэр дунейм зэрытетрэ,

Ди гъащIэм быдэу шыр епхащ,

ШагъдийкIэ деджэу и лъыр къабзэу

Псэущхьэр къыддэгъуэгурыкIуащ.

 

Ди гурыфIыгъуэу, дригушхуэу,

Адыгэ лъэпкъым диIэщ шыр,

Зэрыбэшэчым нэмыщIауэ,

Псэущхьэ дахэщ ди шагъдийр!

 

ПцIэгъуэплъри, къарэри, шыпэхури,

Къэбыфэр, брулыр, шыкъуэлэныр,

ПщIэгъуалэр,тхъуэплъыр – адыгэшхэщ,

Ахэр дэ тщIэну ди къэлэнщ!

 

ХъуэпсапIэу абрэдж-зауэлIым

Шагъдийращ сытым дежи иIар,

И сэшхуэр, фочыр, и шы-уанэр,

Дыжьынрэ дыщэмкIэ гъэпсар!

 

Зауэ лъэхъэнэм, гузэвэгъуэм,

Шхыныгъуэр цIыхухэм щамэщIам,

Адыгэхэр мэжалIэу щытми

Шагъдийращ япэ шхэу щытар!

 

И щIыфэр дахэу ягъэкъабзэу,

ТелъэщIыхьынт зэман яIэху,

Езы псэущхьэм ар зэхищIэу,

Къегугъужынт шууейм псэуху!

 

Махуит IкIи щыкIи еш имыщIэу,

Гъуэгуанэ кIыхьыр зэпечыф,

Мывэ шыкъырми псы уэр инми

Шу тесыр, и псэр къыхехыф!

 

Шагъдий гъэсэным зэман куэд

Адэшхуэхэм хухахыгъащ,

Шым и лъэкIыныгъэр игъэбагъуэу,

Нэщэнэ куэд къагупсысащ!

 

Шагъдийр махуит IkIэ ямыгъашхэу,

Ныбапхъэм къэсу псым хагъэтт,

Шы ныбэпхыр щыуэ ухуэнауэ,

ЗэщIэкъузауэ шыр щагъэтт!

 

Шы уанэм мыхьэнэшхуэ иIэущ,

Адыгэм зэрилъытэу щытыгъар,

Шы тхыцIэр уанэм тримыхыу,

Гушхуэущ шууейр зэрытесар!

 

ЗекIуэ ежьэнум, гъуэгу щытеувэм,

Хьэзыру шыр сытым дежи щытащ,

И лъэкIынагъыр, и дэхагъэр,

Лъэпкъ куэдхэм яфIэгъэщIэгъуэнащ!

 

Лъы къабзэу дэ ди адыгэшыр,

ЗымыщIэ мы дунейм темыт,

Мелуан зыбгъупщI нэхъ мащIэ дыдэу

Инджылызым, Франджым ирамыт!

 

ГъущIу маршынэр ди Iэ хъуащи,

Нэхъыбэр шым дыхуэмеиж,

Шыгъажэм деплърэ жыжьэу тлъагъумэ,

Нэгъуэщ IкIэ къэдмыгъэсэбэпыж!

 

Псэущхьэ дахэр щымыIэжыну,

Адыгэм дигу дэ зэй къэмыкI,

Ауэ унагъуэ тIощIым зыш нэхъ мыхъуми,

Ди Iэну дэ тхузэфIэмык I!

 

Сыт тщIэн? Зэманым декIурщ лIыфIыр жаIэ,

Ди гъащIэм Iэджэу зихъуэжащ,

Ауэ сыт хуэдиз зэман мыкIуами,

Шагъдиймрэ адыгэпсэмрэ зэпхащ!
 

 

Шагъдийм и нитIым фэ фыщIэплIи,

Абы фэ куэд кьывжиIэфынщ,

А нитIым губзыгъагъ къыщIихым

ПлъэмыкIыу уэ уигъагъыфынщ…

Поделиться: