МэшбащIэ Исхьэкъ и «Ажал гъуэгу» романым узыхуишэ гупсысэхэр

Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ беймрэ и щэнхабзэ куумрэ хъумэным хуэунэтIауэ МэшбащIэ Исхьэкъ къызыкъуиха зэфIэкIым хуэдэ гъуэтыгъуейщ. «Ди япэ итахэм яхэлъа лIыгъэм сигу хигъахъуэрт икIи сигъэпIейтейрт, - жеIэ езы тхакIуэм. - Ди лъэпкъым лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэрэ къыздрихьэкI нэщхъеягъэмрэ гухэщIымрэ зыхэзмыщIамэ, и гум телъ хьэлъэр къысхуэIуэтэнутэкъым».

АДЫГЭГУМ нэхъ куууэ зыхищIэ тхыдэ напэкIуэцIхэм щIэгупсысурэщ, архивхэм щIэсурэщ тхыдэ романым хуэIэижь хъуа МэшбащIэм и хъэтIыр зэрызэфIэувар. Къэнжал зауэм щыгъуазэ зызыщIыну хуейхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ дызэрыт зэманым. А тхыдэ напэкIуэцIым Исхьэкъ зэрыпэджэж сатырхэр щIэджыкIакIуэхэм нэпсейуэ зэрапхъуатэр уи нэгу щыщIэкIкIэ, МэшбащIэм и къалэмыпэм къилэжьа пщIэр щIыхуэу къызэримыщтар, тхакIуэм иджыри цIыхухэм яжриIэн зэрикуэдыр наIуэ мэхъу.

 «Ажал гъуэгур» зытеухуар адыгэ-шэрджэсхэм я тхыдэм увыпIэшхуэ щызыубыд Къэнжал зауэрщ. 1708 гъэм Къэбэрдейм щекIуэкIа а къэхъукъащIэм теухуауэ МэшбащIэм и Iэр зылъэIэс дэфтэр хэмыплъэу къимыгъэнами ярейщ. А зэманым урыс-къэбэрдей зэпыщIэныгъэхэр нэхъ тIасхъэ хъуауэ кърым-тэтэрхэр адыгэ щIыналъэхэм нэхъ къиужьгъэрей хъуат. А унэтIыныгъитIри Iэзэу къыщигъэлъэгъуащ МэшбащIэм и романым.

ТхакIуэм сюжетыр гъэщIэгъуэну еухуэ, итIани, нэхъыщхьэр романым и зэхэлъыкIэракъым. МэшбащIэм зэманым и нэщэнэхэр зэпилъытурэ, лъэхъэнэм цIыхур къызыхуриджэр зыхэпщIэну Iэмал къыует.

Тхыдэдж Сокъур Валерэ къызэрилъытэмкIэ, Къэбэрдейр зэи Кърымым и унафэ щIэтакъым, ауэ XVI-XVII лIэщIыгъуэхэм щIыналъитIым я зэбгъэдэтыкIэр унафэщI-пщылI зэхущытыкIэм хуэкIуауэ щытащ. Кърым хъанхэм къэбэрдеипщхэр щхьэхуиту къалъытэ хуэдэу защIми, къуэдышхуэ къытралъхьэрт – щIалэхэр, пщащэхэр, Iэщэ-фащэ, шы, къинэмыщI хьэпшып лъапIэхэр хэгъэзыхьыгъэкIэ Iахырт. XVIII лIэщIыгъуэм лъэныкъуитIыр зэпэщIэувэныр къызыхэкIар кърым лъэныкъуэм Къэбэрдейр зригъэува щытыкIэм къринэну зэрыхущIэкъурт. Ауэ къэбэрдейхэм кърым хъанхэм я щхьэхуещагъэр ягу техуэжыртэкъым: уасэшхуэ къызэрытралъхьэм нэмыщIыж, ахэр Къэбэрдейм къытеуэурэ щIыналъэр ягу къызэрихьэм хуэдэу зэтракъутэрт.

МэшбащIэ Исхьэкъ уи нэгу къыщIегъэхьэ апхуэдэ щытыкIэ гугъум ихуа Адыгэ хэкум ихъуреягъкIэ щызекIуэ къэрал зэхущытыкIэмрэ зэкъуэтыныгъэ здэщымыIэ щIыналъэр I708 гъэм ирихьэлIэу щхьэхуимыту зауэм гъунэгъу зэрыхуэхъумрэ. ЛIакъуэ куэду зэхэт лъэпкъышхуэм и къудамэхэр зэрызэрымыIыгъым ищIыIужкIэ, хамэ лъэпкъ зэрыпхъуакIуэхэм къагъэхъей зэрыхьзэрийхэм цIыхубэр бжыгъэшхуэкIэ хэкIуадэрт. ЗэгурыIуэныгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ здэщымыIэм акъылри чэнджэщри щолъэпэрапэ. ТхакIуэм зэманым и щытыкIэр уи нэгу къызэрыщIигъэхьэм нэмыщI, лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэфын къарухэр зэрызэригъэуIу щIыкIэр гъэщIэгъуэнщ. Адыгэхэм я дуней еплъыкIэр тхылъеджэм хузэпкърихыурэ, езы Къэнжал зауэзэрылIым наIуэ къищIа лъэпкъ хьэлым и теплъэр и лIыхъужьхэр и щапхъэу къызэфIегъэувэ.

Тыркухэри, нэгъуейхэри, дагъыстэнхэри, кърымхэри зэпеуэу щызэрызехьэрт адыгэ щIыналъэм, щхьэж хихыну зыщIэхъуэпс фейдэм елъытауэ. Ауэ зыми хуэмыдэжу лей зезыхьэр кърым хъанхэр Iэдэжэ зыхуэхъуа Тырку къэралыгъуэрт. Лъэпощхьэпо здэщыIэм лIыхъужьи щыIэщ. Адыгэ лъэпкъыр зэрыхуа щытыкIэ гугъум къришын папщIэ дунейм къытехьа хуэдэ, ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ зэманым декIу лIыуэ къыхегъэувэ МэшбащIэм и романым. «Зы лъэпкъыу зытлъытэжу дызэкъуэмыувэмэ, ди хэкум къебгъэрыкIуэ дэтхэнэ зы бийми дыIэщIэкIуэдэнущ дэ», - Исхьэкъ дыхегъаплъэ лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыж пщы уэлийм и гупсысэхэм.

Романым уи нэгу къыщIигъэхьэ дунейр убгъуащ: Къалмыкъыр, Урысейр, Тыркур, Къэбэрдейр. Лъэпкъыр къарууншэ зыщI щхьэусыгъуэхэм я нэхъыщхьэр адыгэпщхэм зыздагъазэ лъэныкъуэхэр зэрызэтемыхуэрщ: Талъостэнейр КърымымкIэ маплъэ, Джылахъстэнейр Урысейм нэхъ щогугъ. ТхакIуэр зэреплъымкIэ, ар къызыхэкIыр къэрал тепщэхэм я зэхуаку благъагъэ зэрыдэлъырщ. Тырку сулътIанри, кърым хъан куэди, урыс пащтыхьри адыгэхэм благъагъэкIэ епхат. КъинэмыщIауэ, кърым хъанхэм я къуэхэр адыгэ атэлыкъхэм ирагъэпIмэ нэхъ къащтэрт.

Лъэпкъ Iуэхур зи пщэ дэхуа ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и образыр щызэфIигъэувэкIэ, тхакIуэм ар зы лъэныкъуэкIэ цIыху къызэрыгуэкIыу, итIанэми, куэдым емыщхьу къигъэлъэгъуэну хэтщ. Пщыр дэтхэнэ зы Iуэхум теухуауи мэчэнджащэ, лъэпкъым и щIыбагъкIэ Iуэху зыри щызэрихьэркъым. Адыгэдзэр кърым зауэлIхэм я бжыгъэм нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъ мащIэм къыхэкIыу, Кургъуокъуэ къыгуроIуэ, Iуэхум хьилагъэ гуэр химылъхьэмэ, бийм зэрытемыкIуэнур. «Къуэм дэдубыдэнщи, яхуэфI дыхъунщ, ди адэжьхэм зэращIу щытам ещхьу», - аращ икIэм-икIэжым пщыр зыхуэкIуэ Iэмалыр. Языныкъуэ тхыдэ дэфтэрхэм зэрыжаIэмкIэ, а гупсысэр зигу къэкIар Къэзанокъуэ Жэбагъыщ. Апхуэдэу щытми, я нэгу къыщIамыгъэхьэф текIуэныгъэр нахуапIэ зыщIар ХьэтIохъущокъуэрщ. Романым пщыр лъэпкъыр фIыкIэ зыщыгугъ, дзыхь зыхуищI тепщэ губзыгъэу къыхощ. Пщы Iущ къудей мыхъуу, ар икIи зауэлI лъэрызехьэщ.

ГъэщIэгъуэнщ апхуэдиз акъыл зыбгъэдэлъ Кургъуокъуэ щIалэхэм ечэнджэщыныр зэрызримыусыгъуэджэр. НыбжьыщIэу романым къыхэувэ Жэбагъырэ абырэ щIэх-щIэхыурэ зоуэршэрылIэ. Лъэпкъым и тхыдэм зи цIэр фIыкIэ къыхэна уэркъхэу Ашабэ Миншакъ, ЦIыпIынэ Хьэсанш, Быж Нагъур, Шурдым Жанхъуэт, лъхукъуэлI мэкъумэшыщIэхэу Къашыргъэ, Дэмдей, Къундет сымэ уащрохьэлIэ романым. А лIыхъужьхэм я хьэлымкIэ тхакIуэм цIыхухэр нэхъ зыхущIэкъум, я зэфIэкI, акъыл здынэсым нэIуасэ дыхуещI.

ЩХЬЭЛАХЪУЭ Дарико, филологие щ Iэныгъэхэм я доктор. Краснодар (Бжьэдыгъукъалэ).

 

 

ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: