Зэпеуэм зы увыпIэкIэ къыщыдокIуэтей

 Волгоград щекIуэкIащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым  и япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу «Ротор-2»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» я зэIущIэр.
ЗэпэщIэтыныгъэм и пэщIэдзэ дакъикъэхэр командэхэм жыджэрагъышхуэ къамыгъэлъагъуэу къыщIадзащ. Дэтхэнэри щтэIэщтаблэт, щыуагъэ зыIэщIагъэкIыну хуейтэкъым.
Джэгур зэрыщIидзэрэ дакъикъэ пщыкIутху нэхъ дэмыкIауэ ди щIалэхэм ебгъэрыкIуэныгъэ псынщIэ къызэрагъэпэщащ. Хэгъэрейхэм я штрафнойм илъадэ Хьэшырым топыр Жангуразовым къыхуигъэжащ. Волгограддэсхэм я гъуащхьэхъумэхэм Iэзэу къапекIуэкIа Алан, хуэзанщIэ къыхуэхъуа гъуащхьэтетым пэжьыжьэ плIанэпэмкIэ топыр иутIыпщащ. Репиныр абы лъэIэсакъым – 0:1.
Япэ зэрищам «Спартак-Налшыкым» и джэгукIэм жыджэрагъышхуи къыхилъхьауэ пхужыIэнутэкъым, бжыгъэр къызэIуэха нэужь щытыкIэм зэрызихъуэжа щыIэкъым – пэщIэдзэми хуэдэу зэпэщIэтыныгъэр кIащхъэт, уеблэмэ хэгъэрейхэр ипэкIэ зэрыкIуэтэным хущIэкъурт.
ЗэпэщIэтыныгъэм и япэ дакъикъэ щэщIыр нэблэгъауэ «Ротор-2»-м контратакэ псынщIэ къызэригъэпэщащ. Абы хэту топыр къызыIэрыхьа хэгъэрейхэм я гъуащхьэхъумэныкъуэ Михайловыр зэкIэлъхьэужьу ди гъуащхьэхъумищым яIэщIэкIащ. Штрафнойм зэрихьэу ар занщIэу гъуэм еуащ, арщхьэкIэ щытыкIэм сакъыу кIэлъыплъ а махуэм  налшыкдэсхэм я гъуэм дагъэува Къардэн Имран топыр къищтащ.  
Япэ Iыхьэр иухыным  куэд къэмынэжауэ «Ротор-2»-м и жыджэрагъым хигъэхъуащ, уеблэмэ бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжыну Iэмали иIащ. Ди штрафнойм зэман кIыхькIэ изэрыхьа топыр волгограддэсхэм ящыщ зым къыIэрыхьэри, «Спартак-Налшыкым» и гъуэм еуащ. Гъуэм дыхьэ топым  къригъэгъэзащ Шумахуэ Заур.
Командэхэм загъэпсэхуу къихьэжа нэужь зэIущIэр хьэщIэхэм я тепщэныгъэкIэ къыщIидзэжащ. Ди щIалэхэр щIэх-щIэхыурэ ебгъэрыкIуэт икIи джэгур «Ротор-2»-м и лъэныкъуэмкIэ ягъэIэпхъуат.
«Спартак-Налшыкым» и текъузэныгъэмкIэ угловой къилэжьащ. Ар хьэлэмэту иухащ - волгоград футболым и гъэсэну къытхэт Черткоевым къиутIыпща топым щхьэкIэ еуэри и гъуэм дигъэкIыжащ «Ротор-2»-м и гъуащхьэтет Репиным - 0:2.
Дакъикъэ зыбжанэ фIэкIа дэмыкIауэ хьэщIэхэм иджыри зы ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщ къызэрагъэпэщащ. Аргуэру къыхэжаныкIащ Черткоевыр, ауэ иджы ар зэуа топыр зымащIэкIэ штангэм   блэлъэтащ.
«Ротор-2»-р куэд дэмыкIыу контратакэ псынщIэкIэ налышкдэсхэм я гъуэм къыбгъэдыхьащ. Михайловым къыхита топыр штрафнойм ихьэ Вебер къыIэрыхьащ. Иужьрейр лъэщу зэуа топыр Къардэным ерагъыущ угловойм зэригъэкIуар.
Налшыкдэсхэм я тепщэныгъэр щIагъэбыдэ зэпытт - топитIкIэ япэ зэритым икIи зэIущIэр икIэм зэрынэблэгъам хьэщIэхэм я тепщэныгъэр игъэужьыхыртэкъым. Апхуэдэу ди щIалэхэм я къыкIэлъыкIуэ ебгъэрыкIуэныгъэм гъуащхьэтетым пэгъунэгъу Хьэшырым топыр къыщыIэрыхьащ икIи Репиным зы Iэмали къыхуигъэнакъым абы къригъэгъэзэну - 0:3.
Къэнэжа зэманыр «Спартак-Налшыкым» зэрыхуейм хуэдэу иригъэкIуэкIащ икIэ Хьэшыр Алан и топхэм Волгоград бжыгъэшхуэкIэ дыщытрагъэкIуащ.
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр щэкIуэгъуэм и 6-м «Спартак-Налшыкым» и унэ щригъэкIуэкIынущ. А махуэм ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнущ «ТIуапсы»-р.
Жыласэ Замир.

 

Жыласэ Замир.
Поделиться: