ДжэгукIэм хуэмыфащэ бжыгъэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу щэкIуэгъуэм и 5-м «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъащ «ТIуапсы»-р.

Хьэрхуэрэгъухэм зэпэщIэтыныгъэ гуащIэкIэ зэIущIэр къыщIадзащ. Джэгур напIэзыцпIэм зы лъэныкъуэмкIэ къикIыурэ адрейм къыщыхутэрт. ПсынщIэу бжыгъэр къызэIуихыу тепщэныгъэр иубыдыну дэтхэнэри хущIэкъурт. Апхуэдэ Iэмал япэу къызыхуихуар хэгъэрейхэрщ. Еханэ дакъикъэр екIуэкIыу Хьэшыр Алан къыхита топыр штрафнойм ит КIэдыкIуей Хьэким къыIэрыхьащ. Иужьыр лъэщу зэуа топыр хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым къищтащ.

ЗэIущIэм зэрыщIидзэрэ дакъикъипщI нэхъ ди щIалэхэм къыхата угловойм «Спартак-Налшыкыр» япэ иригъэщыфыну щытащ. Штрафнойм иту топыр къызыIэрыхьа Ольмезовыр лъэщу гъуэмкIэ еуащ. Гъуащхьэтетым IэщIэкIа топыр гъуэм дэт «ТIуапсы»-м и футболистхэм ящыщ зым и лъакъуэм техуэри къигъэлъеижащ.

Сытми ди щIалэхэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ зэпымыум ехъулIэныгъэ къахуихьащ. ЕпщыкIущанэ дакъикъэр екIуэкIыу налшыкдэсхэм я къыкIэлъыкIуэ ебгъэрыкIуэныгъэм хэту ди щIалэхэр зэуа топыр тIуапсыдэсхэм я гъуащхьэтетым и пащхьэм деж къыщригъэгъэзащ. Абы япэу нэсу кIэлъеуэжа Хьэшыр Алан и командэр япэ иригъэщащ - 1:0.

«Спартак-Налшыкым» нэхъри жыджэрагъ къыхилъхьащ псынщIэу бжыгъэр къызэрызэIуихам – зэпыу имыIэу хьэщIэхэм я гъуэм ар ебгъэрыкIуэрт. Абыхэм ящыщ зым топыр зыIыгъыу япэ иту жэ ди щIалэхэм ящыщ зым лъэщIэмыхьэ Деметрадзе хабзэр къызэпиуду фIэкIа ебгъэрыкIуэр къыхуэгъэувыIакъым. Арати, хьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэр джэгум къыхахуащ.

Иджы нэхъ мащIэу къызэрынам щхьэкIэ хьэщIэхэм я къалэн нэхъыщхэьэр я гъуэр яхъумэжынырт. Джэгур псори щекIуэкIыр абыхэм я лъэныкъуэрат. Щхьэзакъуэ тепщэныгъэр къызыIэрыхьа налшыкдэсхэр зэрыкомандэу я хьэрхуэрэгъухэм я дежкIэ кIуэтат. Ди щIалэхэм апхуэдиз Iэмал къахукъуэкIати, япэ дакъикъэ тIощIым 5:0-у япэ ищыфын хуейящ.

Я щхьэзакъуэ тепщэныгъэм зи нэр къыщхьэрипхъуа «Спартак-Налшыкым» набдзагубдзаплъагъэр фIэкIуэдащ. Ар псынщIэ дыдэу къагъэсэбэпащ хьэщIэхэм. «ТIуапсы»-м къызэригъэпэща контратакэ псынщIэм хэту топыр къыIэрыхьащ Еркиным. Налшыкдэсхэм я штрафнойм имыхьэ щIыкIэ ар лъэщу зэуа топым ди гъуащхьэтет Къардэн Имран хуэхьэзыртэкъым – 1:1.

Хэгъэрейхэм щытыкIэр зэпщIэзэрытт ящIыжащ бжыгъэр зэхуэдэ хъужа нэужь. Дакъикъэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу Хьэшырым IэмалыфI дыдэ къыхукъуэкIат, арщхьэкIэ ар зэуа топыр хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым угловойм игъэкIуащ. Япэ Iыхьэр имыух щIыкIэ «Спартак-Налшыкым» бжыгъэр игъэбэгъуэну иджыри Iэмал куэд иIащ, арщхьэкIэ дэтхэнэ зы топри гъуэм зымащIэкIэ блэлъэтырт.

Загъэпсэхуу къихьэжа нэужь командэхэм я джэгукIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ игъуэтакъым – хэгъэрейхэр ебгъэрыкIуэрт, хьэщIэхэм захъумэжырт.

Зэман куэд дэмыкIауэ Черткоевыр зэуа топыр гъуэм щхьэпрылъэтащ. Абы къыкIэлъыкIуэу штрафнойм щихьэм ар лъэщу еуащ, аргуэрыр сантиметр бжыгъэкIэ штангэм блэлъэтащ.

А махуэм топ дагъэкIыну Iэмал гъунэж къахукъуэкIащ Ольмезовым, Хьэшырым, Жангуразовым, ауэ дэтхэнэ зыми ар къехъулIакъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ командэхэр зэрытемыгъэкIуауэ, джэгукIэм хуэмыфащэ бжыгъэкIэ зэпэщIэтыныгъэр иухащ.

КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» Ставрополь щригъэкIуэкIынущ. ЩэкIуэгъуэм и 13-м ар IущIэнущ абы и «Динамо»-м.

ЖЫЛАСЭ Замир.
Поделиться: