Тхьэщэрыпхъу и къуэмрэ и пхъумрэ

Нартхэ я Тхьэщэрыпхъу зэтIолъхуэныкъуэу щIалэрэ хъыджэбзрэ игъуэтащ. Зэдэлъхузэшыпхъур гущэ зырызым хипхэри, Тхьэщэрыпхъу псыхьэ ежьащ. Я анэр щIэкIрэ пэт, хъыджэбз цIыкIур гущэм къыхэпсэлъыкIащ:

- Си дэлъху цIыкIу, ди анэр псыхьэ ежьащ, шыпсэ къызжеIи, сытегъэу, - жери.

Ар щызэхихым, Тхьэщэрыпхъу бжэщхьэIум къыщызэтеувыIащ:

- Тхьэр къызэуи: мы зэхэсхыр сыт щIагъуэ!

ЩIалэ цIыкIури къыхэпсэлъыкIащ гущэм:

- Си шыпхъу цIыкIу, утезгъэун хьэмэ узгъэбэмпIэн?

Тхьэщэрыпхъу и жьэр Iурыхуащ:

- Зыр згъэщIагъуэурэ нэхъ щIагъуэжыр зэхэсхаи!

Зэдэлъхузэшыпхъум я анэр унэм щIэкIри, пщIантIэм къыдэуващ:

- Мы тIум жаIэм седэIуэнщ, – жери.

ЩIалэ цIыкIур гущэм къыхэплъри, щхьэгъубжэм дэплъащ.

- Сыт плъагъурэ? – къеупщIащ и шыпхъу цIыкIур.

-Дыгъужьибгъу аргъуей куэпкъ бгъэдэсщи, яхуэшхыркъым – аращ слъагъур, – жиIащ щIалэ цIыкIум.

- Дыгъужь шыр хъунщ, – къыпидзыжащ хъыджэбз цIыкIум.

- Шыр-мышырми, илъэсищкIэ ягъэхъуа выр ираудри яшхащ, – жиIащ щIалэ цIыкIум.

- Вы хъункъым, шкIащIэ цIыкIу хъунщ.

- ШкIащIэ-мышкIащIэми, жыг лъабжьэм щIоувэри, жыгыщхьэм фIэлъ хъумбылэр ехъу.

- Жыг хъункъым, чыцэ лъагуэ цIыкIу хъунщ.

- Чыцэ лъагуэ цIыкIууи щIы: лIыр дэплъеймэ, и пыIэр щхьэроху.

- ЛIы хъункъым, щIалэ цIыкIу хъунщ.

- ЩIалэ цIыкIууи жыIэ: махуищэкIэ иратIыха псыкъуийм йоIэбыхри, псы кърех.

- Махуэр махуэ кIэщI хъунщ.

- Махуэр кIэщI-мыкIэщIми, пщэдджыжьым хъуакIуэ дэкIа танэр вы хъуауэ пщыхьэщхьэм къыдохьэж, – жиIащ щIалэ цIыкIум.

- Ирикъункъэ узэрызгъэбэмпIар, си шыпхъу цIыкIу?

 Тхьэщэрыпхъу пщIантIэм дэкIащ, псыхьэ ежьати:

- Тхьэм фIы къытхудигъакIуэ: зэрыхъун хъуауэ къалъхуащ зэдэлъхузэшыпхъур.

 

Поделиться: