Сэрмакъдэсыр Ставрополь къыщыхожаныкI

Ставрополь къалэм щекIуэкIащ лыжэкIэ къызэдэжэнымкIэ зэпеуэ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым къызэригъэпэща зэхыхьэм хухэхауэ щытащ Студентхэм я дунейпсо махуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъумрэ.
Къыэзэдэжэм хэтащ хамэ къэрал зыбжанэм щыщ щIалэгъуалэри. Зэхьэзэхуэм зэфIэкI лъагэхэр къыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Сэрмакъ къуажэм щыщ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым щеджэ Шыд Арсен. ЩIалэщIэр сытым дежи жыджэру хэтщ еджапIэ нэхъыщхьэм къызэригъэпэщ Iуэхугъуэхэм, спорт зэпеуэхэм.
Зи гугъу тщIы университетым щоджэ Къэрэшей-Шэрджэсым къикIауэ студенти II00-м щIигъу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу щIалэ, хъыджэбз цIыкIуу 700-м щIигъу.
Студентхэм я махуэмрэ Кавказ Ищхъэрэм и республикитIымрэ хуахаха спорт махуэшхуэр удэзыхьэу, жыджэру екIуэкIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм къыхалъхьащ мыпхуэдэ зэпеуэхэр илъэс къэс ирагъэкIуэкIыну.

Жыласэ Замир.
Поделиться: