Псыгуэнсу щIалэр къэралым и чемпионатым макIуэОсетие Ищхъэрэ-Аланием и къалащхьэ Владикавказ дэт «Манеж» спортым и уардэунэм щIышылэм и 20-22-хэм щекIуэкIащ IэпщэрызауэмкIэ Ипщэ дзэ щIыналъэм и чемпионат. Псори зэгъусэу командийуэ гуэшауэ абы хэтащ дзэ къулыкъу езыхьэкI цIыхуи 100-м щIигъу. Зи хьэлъагъыр килограмм 85-м нэблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Хьэсанэ Мурат иригъэкIуэкIа зэIущIитхум псоми шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ къыщихьри, Ипщэ дзэ щIыналъэм (ЮВО) и чемпион хъуащ. Абы хигъэщIахэм ящыщщ ММА-м и иджырей чемпионыр.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
22.04.2024 - 17:11 →
Доттуев Ахъмэт ягу къагъэкIыж
22.04.2024 - 16:06 →
ЕкIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
|