Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынухэр

Налшык дэт «Спартак» стадионым щекIуэкIащ Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм ребги 7-мрэ (зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуахэм) регбимкIэ (зи ныбжьыр илъэс 16 иримыкъуахэм) зэхьэзэхуэхэр. Я ныбжь елъытауэ зэщхьэщыха дэтхэнэ гупми хэтащ Кърымым, Дагъыстэным, Ростов областым, Краснодар крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я командэхэр.
Зэхьэзэхуэхэр къыщIадзащ олимп регби 7-мкIэ. МахуиплIкIэ екIуэкIа зэIущIэхэм пашэныгъэр щаубыдащ Краснодар крайм и командэ къыхэхэм хэтхэм. Абыхэм къакIэлъокIуэ Ростов областым и лIыкIуэхэр. Ещанэ увыпIэр зыIэригъэхьащ Дагъыстэным и регби командэм.
Зи ныбжьыр илъэс 16 иримыкъуахэр щызэхьэзэхуа классическэ регбимкIэ зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэр зыIэрагъэхьащ Кърымым къикIа спортсменхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зыхъума «Налшык» спорт школым и гъэсэнхэм етIуанэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ. Мыбыи ещанэ щыхъуащ Дагъыстэным и регбистхэр.
Зи ныбжьыр илъэс I8-м нэблагъэхэм я зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэту щыджэгуахэм ящыщу нэхъыфIу къалъытащ КIэбышэ Алихъан. Илъэс 16-м фIэмыкIахэм я деж къыщыхэжаныкIащ Бэждыгъу Марат.
Зэхьэзэхуэм и финалистхэм Iэмал ягъуэтащ Урысей Федерацэм и зэхьэзэхуэу Зеленоград къалэм щекIуэкIынум хэтыну.

Мэзкуу Къан.
Поделиться:

Читать также: