«Умыпапщэ, ТIкIам!», - жаIэрт

Жанхъуэтхьэблэ хъыбархэм щыщщ
Ди гъунэгъу Дол ТIкIам граждан зауэм щыгъуэм Къатхъэн Назир и дзэм хэту тIэкIурэ зэуат. И адэ Уэрыши езы ТIкIами Совет властыр щыувам щыгъуэ япэу абы еувэлIахэм ящыщт. Ауэ Совет властым иригъэкIуэкI политикэр игу иримыхьу, и бий хъужат. Колхоз яухуэну зэпхыжаIыкIыу щыщIадзэм, ар зымыдэ Чэрты Исмел и хъыбар щэхуу зэрахьэхэрт.
ТIкIамыр зы пщыхьэщхьэ къэмынэу си адэ къуэш Нухь деж кIуэурэ хъыбару зэхихар хуиIуатэрт. Чэртым и шуудзэр куэд дэмыкIыу къакIуэу, Совет властыр икъутэну жиIэрт. Сэ сыцIыкIуу, си адэ къуэшым и къуэ Щыхьым сыдэджэгуу абыхэм я унэм сыщыщIэсым деж, ТIкIам накIуэурэ си адэ къуэшым хуиIуатэ хъыбархэм сыщIэдэIурт, ауэ зыри къызгурыIуэртэкъым.
ТIкIам и цIэ дыдэр Хьэжпагуэт, ауэ абыкIэ зыри емыджэу, псори зэреджэр ТIкIамт. Ар пащIэшхуэ зытет лIы гъум кIэщIт, лIы пхъашэт. ШитI – зыр пцIэгъуэплъу, адрейр – къарэу – иIэти, тIури икIи шыгушт, икIи уанэшт. И шым ныкъуэлъахъэ ирилъхьэрт, шэсырт, къамышымкIэ фIыуэ хэуэрти, шым лъэмыкIыу, кIуэр хуабжь иригъэщIырт. И шитIри апхуэдэу игъэсати, шэсамэ, кIуэр хуабжьу къажыхьырт.
ТIкIам фыз къыщишам щауапIэ здэкIуэжауэ щытар си адэ къуэш нэхъыщIэ ТIутI дежти, ар хуабжьу игъэблагъэрт.
ДэнэкIэ хьэгъуэлIыгъуэ, ефэ-ешхэ къыщыхъуами, кIуэрт, уэрэд куэд ищIэрти, жиIэн фIэфIт.
Зы бжыхь фIэкIа дяку дэмыту ТIкIамрэ дэрэ дызэбгъэдэст. Сэ абы фIы дыдэу сыкъилъагъурт.
ТIкIам ящыщт-тIэ колхозым хыхьэн зымыдахэм.
Си къуэш Мурид парткомти, шэджагъуэм шхэну къыдыхьэжауэ ТIкIамыр къриджащ.
- Т1кIам, дэ игъащIэ лъандэрэ дызэбгъэдэсщ, зэкъуэшым хуэдэу, ди ерыскъы зэIурылъу дызэдопсэу. Си жагъуэ мэхъу, цIыху псоми ящIэр ядэпщIэну узэрыхумейр. Сыт колхозым ущIыхэмыхьэр? – жиIащ.
- Колхозым дэрэ дызэзэгъынукъым, Мурид. Сэ сылэжьэнущ, адрейхэм зыщIрагъэхынущ, сэ ар схуэшэчынукъым! – жиIащ ТIкIам.
- Хьэуэ, колхозым учетчик иIэнущ, щхьэж къилэжьар итхыу. Гъэм и кIэм деж щхьэж къилэжьар иратыжынущ, - жиIащ мыдрейм.
- Хьэуэ, Мурид, сыхыумыгъэзыхь, япэщIыкIэ сеплъынщ абы хыхьахэр зэрыпсэум, итIанэ сэри сыхыхьэнщ, - жиIащ ТIкIам.
- Хъунщ, плъагъунщ колхозхэтхэр фIыуэ зэрыпсэунур. Дэ трактор диIэщ, гуэдзыIуэ машинэ диIэщ. Уэ уи шитIымкIэ увэфынукъым, уи закъуэ гугъу уехьынщ, – жиIа щхьэкIэ, ТIкIамым имыдэу щIэкIыжащ.
Жэщ гуэрым ТIкIамыр гъуэлъыжауэ здыхэлъым, Къэзанш Бэчмырзэ яхэту и ныбжьэгъу зытIущ зэрегъэфауэ блэкIыжхэрти, «ТIкIам, ТIкIам!» - жаIэурэ джахэщ. «СагъэтIысыну къэкIуащ!» - жиIэщ, джанэ пцIанэу къыщIэжри, ТIкIам нартыху хадэм нэху щыху хэсауэ щытащ. Пщэдджыжьым епIэщIэкIыу шхэщ, кIуэри, колхозым хыхьащ.
Ауэ, хыхьа щхьэкIэ, абы колхозыр илъагъу хъуртэкъым.
Бригадэм лажьэу щыхэтми, ефэ гуп щахэсми, щизакъуэми, «колхоз» жаIамэ, ТIкIамыр ину папщэрт. Ар зэхэзых псоми: «Умыпапщэ, ТIкIам!» - жаIэрт. Ар псалъафэу къахуэнащ си къуажэгъухэм.
Дол Т1кIам Хэку зауэшхуэм ипэкIэ дунейм ехыжащ.

КъардэнгъущI Зырамыку.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ