Зи усыгъэр щIэщыгъуэ

НыбжькIэ щIалэ цIыхур литературэм щыхыхьэкIэ абы кIуапIэу тIу иIэ хабзэщ. Япэр – нэхъ балигъ хъууэ, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэбакъуэу, нэгъуэщI IуэхухэмкIэ тещхьэрыукIыу, литературэр IэщIыб ищIыжынырщ, етIуанэр – зэчий къызыдалъхуар, зи лъым хэпщауэ дунейм къытехьар и гъащIэ Iыхьэр иухыхукIэ къыхиха гъуэгуанэм тетынырщ, нэхъ пэжу жыпIэмэ, а гъуэгуанэм къытекIыныр е дидзыхыныр псэкIэ хузэфIэмыкIынырщ. И усэ купщIафIэхэм ятепщIыхьмэ, а гъуэгур зи натIэхэм ящыщу къэлъытапхъэщ Гугъуэт Заремэ.
Заремэ и усэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытохуэ, «КъудамэщIэ» (2009), «Шыхулъагъуэм» и вагъуэхэр» (20I0) сборникхэм итщ. «Хьэуа Iубыгъуэ» зыфIища и япэ тхылъыр 20I6 гъэм дунейм къытехьащ.
Гугъуэт Заремэ и усэхэм гъащIэм и плъыфэ куэд къыщызэщIэкъуащ: гухэлъ къабзэри, гуапагъэри, гущIэгъури, фIыщIэри, губгъэнри, гуфIэгъуэри, нэщхъеягъуэри. УсакIуэр сыт хуэдэ мыхъумыщIагъэ иримыхьэлIами, дунейм и дахапIэр къыхелъагъукIыф, дэтхэнэ лъэпощхьэпоми къыпекIуэкIыфу, езым и гъуэгу екIуж. Псалъэм папщIэ, зи гугъу тщIыхэр щынэрылъагъущ «СыгущIыIэу жызыIэм» усэм. Образ гъэщIэгъуэнхэмкIэ абы къыщыIуэтащ усакIуэм и псэкупсэ дунейм и щытыкIэр, гъащIэм гъуазэ щыхуэхъу гупсысэхэр:
Пщэдджыжьыпэм и джийм
Ирегъэх уэсэпс щIыIэ.
СыблэкIынущ иджы
СыгущIыIэу жызыIэм.
…СыблэкIынущ зэгуэр,
СыгущIыIэу жызыIэм.
Хэт хищIыкIрэ зыгуэр
А гу щIыIэм ишыIэм.
(«СыгущIыIэу жызыIэм»)
Пэж дыдэуи, «зи щхьэ мыузым уи щхьэуз хуумыIуатэ» псалъэжьым зэрыжиIэу, гущIыIэу укъэзылъытэу узыхэзымыщIэм, зигу къыпхуэщIыIэм ублэкIыныр куэдкIэ нэхъ тыншщ, зыгуэр къыгурыбгъэIуэн, «ущIэгущIыIэр» зыхебгъэщIэн нэхърэ.
УсакIуэм Iыхьэлейм икIауэ куууэ гъащIэр зыхещIэ, зыхищIа псор художественнэ бзэ дахэкIэ къеIуэтэжыф.
Гугъуэт Заремэ и IэдакъэщIэкIхэм гурыщIэр щытепщэщ. Абы щыгъуэми лирикэ лIыхъужьым и лъагъуныгъэр зэмылIэужьыгъуэщ, зы пIэмрэ зы хьэлымрэ иткъым, атIэ зихъуэж-зиужьу къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэ лъагъуныгъэм и лъабжьэщ гумащIагъэр, гуапагъэр, гущIэгъур. Псом хуэмыдэу иужьрейр щынэрылъагъущ «Гъатхэм зыхуегъафIэ жыг къудамэм…» усэм. Зи къудамэр паупщIа жыгым къылъыса гуауэшхуэр усакIуэм гущIэгъу ин хэлъу къегъэлъагъуэ:
Мес, къохуэх, къыгуоху къудамэр жыгым,
ЩIыр къигъаскIэу, удзым къыхэхуащ,
Ар зи нэгу щIэкI жыгым и гъэгъахэр,
Нэпсым хуэдэу, щIылъэм телъэлъащ.
(«Гъатхэм зыхуегъафIэ жыг къудамэм…»)
Гугъуэт Заремэ пейзажыр псалъэкIэ зыщIыф усакIуэщ. Абы и усэ куэдым къыхощ нэхущыр, пщэдджыжьыпэ акъужь гуапэр, уэсэпс къабзэр, дыгъэ бзийхэр, къызэщIэкъуауэ жыпIэмэ – гугъапIэ дахэхэр щыятэу насып къэкIуэгъуэкIэ зэджэ пIалъэр. Уеблэмэ усакIуэм жэщмахуэм къриубыдэ сыт хуэдэ зэманри дыгъэ къыщIэкIыгъуэу, нэху щыгъуэу къипсэу хуэдэщ, а пIалъэм нэмыщI, адрей псори и Iумпэму: «Пщэдджыжьыпэр нэхъыфIт, / КъыкIэлъыкIуэрщ сымыдэр», – щетх абы «СыгущIыIэу жызыIэм» усэм.
 «ГъащIэ къуэпсыбэ слъэгъуащ нышэдибэ…» зыфIища усэр къабзагъэ защIэрэ нурыбэу зэхэлъщ:
ГъащIэ къуэпсыбэ слъэгъуащ нышэдибэ,
Нуру къэунэхурт пшэплъ.
ПсыщIыIэхуэлIэу, хьэуам сеIубырт,
Дыгъэр жейбащхъуэу къыкъуэплът.
ГъащIэ къуэпсыбэ слъэгъуащ нышэдибэ,
Дыгъэм ирифырт уэсэпс.
Дыщэ Iуданэ уафэбгъум иридэрт,
КIэрилъхьэ щIыкIэу сэхусэплъ.
(«ГъащIэ къуэпсыбэ слъэгъуащ нышэдибэ…»)
Мыбдеж узыщрихьэлIэ «псыщIыIэхуэлIэ», «дыгъэ жейбащхъуэ», «гъащIэ къуэпсыбэ» псалъэхэмрэ псалъэ зэпхахэмрэ усэм и купщIэр щIэджыкIакIуэм къыгурагъаIуэ къудей мыхъуу, псэкIэ зыхищIэнымкIэ къалэн пыухыкIахэр ягъэзащIэ.
Заремэ и усэхэм художественнэ Iэзагъым и нэщэнэхэм ущрохьэлIэ. Абы езым и тхэкIэ хэха зэрызэригъэпэщыжыфам и щыхьэтщ усэ зэхуэмыдэхэм къыхэтха мыпхуэдэ сатырхэр: «Еущыкъуейри си гур гъащIэм», «Дыгъэм ирифырт уэсэпс», «ЩIымахуэм и таурыхъырхужьщ», «Жэщыкум уафэр мэупщIыIу, / КъыIэпыщэщу дыжьын щIыIу», «Уафэр йоплъэ гуэл гъуджэм», «ЩIымахуэ жэщым и IэплIэ щIыIэм /Йощтыхьыр вагъуэ», «Зыгуэрым и гъуджэм къощыр / ЖэуапкIэ уIа гукъэкIыж», «Жыг щхьэкIэм дыгъэр йопэщэщыр», «ЩIымахуэ пщIантIэм уэс къыщофэ».

Хьэвжокъуэ Людмилэ.
Поделиться: