ЩIы IэмыщIэ

- Хамэм къыпхуишия хьэлур егъэхыгъуейщи, хамэщI ухуэзышэ гъуэгуанэр хьэлъэщ, - жиIэри и хъыбарыр къригъэжьащ си ныбжьэгъушхуэ КIэву Аайсэ. - Си ныбжьыр илъэсипщIым нэса къудейуэ арат, дэ - си адэ-анэр, сэрэ си шыпхъу цIыкIумрэ - фелюгэкIэ зэджэ кхъухь цIыкIухэу Тыркум кIуэхэм щыщ зым драгъэтIысхьэу дыщежьам. Дэ истамбылакIуэ дыхъуати, ди гум къыщIитхъыу къызэднэкIат дыщалъхуа Апсны - Абхъаз щIыналъэр.

Кхъухьыр IукIыу и гъуэгу теува къудейуэ, тенджызыр къэукъубиящ. АпхуэдизкIэ дызэридзэрти, си анэмрэ си шыпхъу цIыкIумрэ хуабжьу гуауэщхьэуэ хъуат, я фэр пихуауэ. Абыхэм тиф къеуэлIауэ гурыщхъуэ ящIри, тырку матросхэм а тIури тенджызым хадзащ. Тщыщу сымаджэ хъу псоми арат а гущIэгъуншэхэм иращIэр. Дыдейхэм, ар ямыдэу, ткIийуэ зыкъратIэрти, матросхэм япэувырт, арщхьэкIэ сыт иращIэфынт абыхэм цы Iув зи гум къытекIэжа, зи ныбэр из лIыукIхэу Iэщэм щIигъэнахэм?.. Си адэ тхьэмыщкIэу гуауэм делэ ищIыным нэсам и мурадащ езыми тенджызым зыхидзэжыну, арщхьэкIэ цIыхухэм яубыдри кърагъэлащ.

Дэ, унагъуищэм щIигъу дыхъуу, тырку щIыналъэм дыщрагъэтIысыкIащ, Трапезунд къалэм пэмыжыжьэу. ПщыIэ тщIыщ, чэтэн унэхэр дгъэуври, абдеж щыпсэун щIэддзащ, дышхыныншэу, щIыIэм диукIыу, сымаджэри ди куэду.

Пщэдджыжьым къыщыщIэдзауэ пщыхьэщхьэр хэкIуэтэху ди цIыхухэм къалэ уэрамхэм къыщаущыхьырт, хьэлу IыхьэкIэ зыгъэлэжьэн лъыхъуэрэ пщIантIэ къэс дэплъэу. Ауэ мо фейцейуэ хуэпахэм, куэд щIауэ зэрышхыныншэм зи фэр ирихахэм къалэдэсхэр къащымэхъашэрт, лэжьыгъэ гуэри къратыртэкъым, дзыхь къыхуащIу. Тщыщхэр гъунэгъу къуажэхэми кIуэрт, ауэ зыри къикIыртэкъым, пщIэншэрыкIуэ хъуауэ къагъэзэжырт.

Арати, зы махуи дэкIыртэкъым мэжэщIэлIагъэм зи къарур щIиха, сымаджэ ирихъукIа цIыхухэм щыщу зы е зыбжанэ тхэмылIыкIыу. Жэщ хъуамэ, псэупIэ гъуэмбырэщу ихъуреягъкIэ щызэхэтхэм къыщIэIукIырт гур зыкъутэ цIыхубз бжэ макърэ жьыкIэфэкIэхэм я гыз макърэ.

Зыри тхэмылъыжу хьэлэч дыхъуат си адэмрэ сэри.

Арати, махуэ гуэрым, сыкъеIэ пэтми, зыкъысхуэIэтакъым, сыкъыхэкIыфакъым тепIэнщIэлъын папщIэу сызыхэлъ хъыданыжьхэм. ЛIауэ Iэджэ слъэгъуати, къызгурыIуащ сэри щIэх сызэрылIэнур.

Апхуэдэурэ махуитI е махуищ дэкIа, нэхущым си нэр къызэтесхмэ, солъагъу зыкъысхуишияуэ къызэплъу къысщхьэщыс си адэм нурыншэ хъуа и нэгур. Зыри жимыIэу, зыкъомрэ къызэплъат ар, итIанэ зэуэ сыкъипхъуатэщ, пIэм сыкъыхихри сыкъигъэуващ.

- ЗыIыгъ, дад! ЗыIыгъ, си щIалэ! - жиIащ. - ЛIы хуэдэу щыт, къарууэ уиIэж тIэкIур зэхуэхьэс! Къалэм дыкIуэнщи, къоIэзэн дохутыр гуэр згъуэтмэ, урегъэхъуж, еш сымыщIэу сыхуэлэжьэнщ. ИкIи ухъужынкъэ, умыгузавэ. Уэ плъагъужынущ ди Апсны адэжь щIыналъэр. Аращи, упсэун хуейщ, дад - си щIалэ…

Сызеджалэу, си адэм и ужьым ситу сежьащ, сымыджэлэн щхьэкIэ абы и щыгъын кIапэ гуэр сIыгъыу. Гузэвэгъуэ защIэу махуэ куэд си нэгу щIэкIат сэ къэзгъэщIа илъэсипщIым къриубыдэу, ауэ а гъуэгуанэм хуэдэу хьэлъэу щыта сщIэжыркъым. Куэдрэ дыкIуащ дэ. Сыджалэмэ, си адэм сыкъиIэтыжырти зыкъомрэ IэплIэкIэ сихьырт.

Шэджагъуэ хъуауэ дынэсыфа къудейщ къалэм. Ауэ си адэм къехъулIакъым зыщыгугъар: игъуэтакъым дохутыри лэжьыгъи…

СощIэж, унэшхуэ гуэрым и дэкIуеипIэм зыдгъэпсэхуу дыздытесым, си адэм макъ гущIыхьэкIэ жеIэ, и щхьэ хуэпсэлъэж щIыкIэу:

- Сыт сщIэну-тIэ, гузэвэгъуэшхуи си Iуэхур! Уэ ущIэсымаджэр ушхыныншэщи аращ…

Псэлъэн щигъэтри и пIэм ижыхьащ хэгупсысыхьауэ, итIанэ, нэщхъейуэ и Iэхэр ищIурэ, и щхьэ щэхуу зыгуэр хужиIэжу щIидзащ. Абдежщ япэ дыдэу абы и нитIым нэпс щыщIэслъэгъуар. Егупсысыт абы: абхъаз цIыхухъум и нэпс къекIуат, и нитIым щIэзу! Ерагъыу къызэхэсхащ мы псалъэхэр: «Хьэуэ, хьэуэ… Сэ ар схузэфIэкIынкъым…» И щхьэр лъахъшэу ирихьэхауэ, си адэр зыгуэрым егупсысырт. ИтIанэ занщIэу си Iэр иубыдри сришэжьащ уэрам дэкIыпIэ гуэркIэ. ЗыщIыпIэ деж сигъэтIысри ткIийуэ, сигъэшынэу, тIэкIуи къысщIэкIиеу къызжиIащ:

- КъэдаIуэ, дад! Щыс мыбдеж, си щIалэ! Укъэмытэдж икIи си дежкIэ унэмыплъэ! КъыбгурыIуа? Унэмыплъэ! Сэ езым къэзгъэзэжынщ уи деж.

Арати, си адэр IукIри еуэкIыпIэм къухьащ.

Зыкъомрэ сыщысащ, блэкIхэм сеплъу. Ауэ кIуэ пэтми нэхъ пIейтей сыхъурт, сыту пIэрэ си адэм ищIэну и мурадыр, жысIэу. Сыт щыIукIым щыгъуэ, «си дежкIэ унэмыплъэ!» жиIэу, ткIийуэ, и мыхабзэу тIэкIуи къысщIэкIиеу къыщIызжиIар? Си закъуэу щхьэ сыкъигъэна мыбдеж? Къимыгъэзэжыххэну IукIамэ-щэ?..

Сыгузавэу сыкъэтэджри еуэкIыпIэм нэс сыкIуащи сыкъуоплъ. ИкIи къызолъагъу зи дэкIуеипIэм дытеса унэшхуэм и щIыхьэпIэм деж щыт си адэр. Ар яхэплъэрт гъунэгъуу блэкI цIыхухэм, зэм пудыгъэ зыхэлъ гуфIэкIэ нэпцI и нэгум къищу, зэми ткIийуэ и нэщхъыр зэхиукIэрэ и Iупэхэр игъэпIэжьажьэу.

Сыздэплъэм, солъагъу си адэм хуэмурэ гъунэгъу къыхуэхъу цIыхубз лъагэр. Абы и ужьым итт шхын зэрылъ сумкэшхуэ зыIыгъ и IуэхутхьэбзащIэ бзылъхугъэри. Ахэр щIыхьэпIэм къызэрысу, си адэр хуежьат и Iэр къиIэту яхуишиину, зыгуэр къратын папщIэ, арщхьэкIэ и Iэр къыхуэIэтыркъым, бдзапцIэу хьэлъэ хъуащи.

ЦIыхубз лъагэм си адэм и дежкIэ зыкъигъэзат, къыбгъэдыхьэу зыгуэр къыIэщIилъхьэну, арщхьэкIэ мыдрейм гужьеяуэ, псынщIэу зригъэзэкIащ. ЦIыхубзыр IукIыжащ, и дамащхъьэр дригъэуейри.

Иджы сэ къызгурыIуат Iуэхур зыIутыр: си адэм сэ сымылъагъуу факъырэ Iус къыхихыну мурад ищIауэ арат. Сыт хуэдизу сыцIыкIууу щымытми, си гум зихузри сымыбэуэжыфу, си бгъэм зыгуэр тенат…

Слъагъуурэ си адэм цIыху зыбжанэ блигъэкIат, и Iэр яхуишиину хуежьэми, ахэр къызэрысу, нетIэ хуэдэу, къемыдаIуэу, къыфIехуэхыжырт. И натIэр къэпщIэнтIат, и нэкIу фагъуэри зыгуэрурэ хъурт, тхьэмыщкIафэ дыдэ къытригъауэу. Сэ сыкъэшынащ. Зэм сыкъэхъурт абы деж сыжэну, зэми сыхуейт, ар апхуэдэу сымылъагъун щхьэкIэ, сыIужу си лъакъуитIым сыздахьым нэс сыжэну, арщхьэкIэ си нэр абы къытесхыфыртэкъым, зызгъэхъеинуи слъэкIыртэкъым.

Асыхьэтым си адэм деж къэсри къэувыIащ ар къызыкъуэмыщ тырку лIышхуэ гуэр, къулейуэ хуэпауэ, фескIэ плъыжьи щхьэрыгъыу. Тыркум си адэр зыкъомрэ зэпиплъыхьащ, и Iэпхъуамбэ пIащэхэмкIэ щыгъэ игъажэу. Иджы щытт ар, си адэм къеплъу, зыгуэр къэхъуну пэплъэ нэхъей. Си адэм и щхьэр ирихьэхри и Iэр игъэхъеящ, гу лъыптэ къудейуэ, арщхьэкIэ Iэр асыхьэту мэзэгъэж, зэфIэжыхьами ярейуэ.

Тыркум мыпIащIэурэ и жыпым кърихащ ахъшэ зэрылъ и къэдабэ хъуржын цIыкIур, ар щигъэсысым, къэIуащ ахъшэ жьгъей макъ. Сэ къэслъэгъуащ си адэм и нэкIур зэблэша зэрыхъуар икIи, мафIэ къыщIэнауэ, къызэрызэщIэплъар. Абы и Iэм, зы хьэлъэ гуэрым зыкъыIэпих нэхъей, хуэмурэ зыкъиIэтри, лIым дежкIэ зишиину хуежьат, арщхьэкIэ ехуэхыжащ, путищэ хъу хьэлъэ гуэрым иришэхыжа хуэдэ.

И нитIыр си адэм къытримыгъэкIыу къеплъурэ, тыркум и хъуржын цIыкIум дыщэ ахъшэ жьгъей зыбжанэ кърихащи, и Iэгум щегъэджэгу, и дзэ хужь пIащэхэр къыIупсу, пыгуфIыкIыурэ.

Си адэм и нэкIур хужьыбзэ хъуат, хьэжыгъэ щахуам хуэдэу. Абдеж мащIэу хэкIиикIщ, и гум епхъуэжри тхьэмыщкIэр щIым хэхуат мыхъеижу.

Тыркур ежьэжащ. Полицай гуэр къэсри си адэм и хьэдэр блэкIхэм зэран яхуэмыхъун папщIэ, гъуэгум трилъэфри къуэкIийм дидзащ…

Тщыщ гуэрхэм хьэдэр къахьыжри кхъэ бгынэжа гуэрым щыщIалъхьэжащ. Зэгъэжащ факъырэ Iус къилъэIухуну зи Iэр зыхуэмышия дадэ. ЩIалъхьэн и пэ абы и пщэм кърахат быдэу да хъуржын цIыкIу. Зэгуагъэжрэ еплъмэ - илъыр щIы IэмыщIэт, дыщалъхуа Апсны здриха щIы IэмыщIэ…

Аайсэ лIыжьым и псалъэр фIызэпыуащ. Дакъикъэ зыбжанэкIэ щыма нэужьщ абы къиIуэтэж хъыбар гущIыхьэр и кIэм щыхунэгъэсар:

- Ди лъэпкъэгъухэм дыщалъхуа щIыналъэр щабгынэкIэ, я псэм хуэдэу ялъагъу псори къагъанэ пэтми, Iэмал имыIэу зэдащтэрт нэхъ лъапIэ дыдэу щыIэ хъугъуэфIыгъуэу тIу икIи мы дунейм теттэкъым ахэр ятезыхыфын - я щIыхьымрэ я Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэмрэ.

Лакербай Михаил. ЗэзыдзэкIар Къагъырмэс Борисщ.
Поделиться: