Къудамэ закъуэр пыдупщIыжмэ

 «Псори  дыкъызытепщIыкIар Гоголым  и «Шинелырщ», -  жиIэгъащ  зэгуэр  Достоевский Фёдор.  Урыс  пащтыхьыгъуэм пэщIэта  а тхакIуэ лъэрызехьэхэм хуэдэ щхьэ адыгэхэм къытхэмыкIрэ жыхуиIэу,  зызэман  ди лъэпкъэгъу гуэр къытхэлъэщыхьауэ щытащ, адыгэ литературэм зы  мыхьэни имыIэу жиIэрэ,  ар дунейпсо мардэм зэрылъэщIэмыхьэмкIэ совет тхакIуэхэр игъэкъуаншэу. ЛIы  гумызагъэр  лъэпкъ тхыбзэм фIыкIэ зэрыхуэхъуапсэр  нэрылъагъу пэтми,  жэуап  папщIэу къытфIыдрихьея  гуэрхэр  утыку къэтщIыну тфIэигъуэт. 

Гоголым нэхърэ нэхъ цIыху Iэсэ Урысейм исауи урыс тхакIуэхэм яхэтауи  фIэщщIыгъуейщ. Езым и цIыху щIыкIэр мис а «Шинель» тхыгъэм хэт лIыхъужьым ещхьу щытагъэнущ: щабэу, еншэу, дэчыхрейуэ, ауэ хъэтI гунэс бгъэдэлъу. И тхыгъэхэми узэрыдахьэхыр Iэзэу зэрытхэмкIэщ, армыхъумэ ар политикэ и лъэныкъуэкIэ къуейщIейуэ щытауэ хъыбар щыIэкъым.  
Достоевскэр и щIалэгъуэм гуп мыхъумыщIэ гуэр хэхуэри, укI тезыр къытралъхьауэ щытащ. Мащэ Iуфэм къызэрыбгъэдашыжам и фIыщIэр псэуху химыгъэкIуадэу, тетыгъуэм и жагъуэ зэримыщIыным елIалIэ зэпыту къэпсэуащ ари. Тетыгъуэм упэщIэмыувэу  тхакIуэфI умыхъуфыну къызыфIэщIхэр зэрыщыуэрщ а тIум дащIытепсэлъыхьыр. 
Ди лъэпкъ литературэм къикIуа  гъуэгуанэм  тепщIыхьмэ, адыгэ тхакIуэхэр абыхэм  ебгъапщэу щIэбгъэпудын щхьэусыгъуи  щыIэкъым. Совет зэманым мыхэр щхьэ птха жаIэу,  КIыщокъуэ Алим щыхагъэзыхьам, жэуап къаритат: «Абы щыгъуэ Iуэхур къызэрызгурыIуэр апхуэдэут». Хэт щымыгъуазэр КIыщокъуэм ишэчамрэ итIани хузэфIэкIамрэ?! 
УцIэрыIуэщи, уэ нэхъ къыптохуэ жыпIэу, цIыхур бгъэкъуэншэн ипэкIэ, уэри абы зэманым къыпхиха  бзэ дыдэр зэрыпIурылъыр, абыкIэ уи гурылъ къызэрыпIуэтэфыр фIыщIэ пщIыпхъэщ. Совет тхакIуэхэм я псапэшхуэ хэлъщ  нобэ адыгэ тхыбзэр зэрызекIуэми, ар литературэ Iэмэпсымэу къызэрынами.  
ЦIыхум и зыужьыныгъэм телажьэ унэтIыныгъэхэр куэд мэхъу: пэжыр зи тегъэщIапIэ тхыдэр, захуагъэр зи пщэрылъ политикэр, хьэлым елэжь литературэр, гуэныхьым ущызыгъащтэ диныр, зозыгъэцIыхуж щэнхабзэр, къинэмыщIхэр. А псоми тIэкIу-тIэкIуурэ ущыдихьэхи, къудамэ хэха гуэрым нэхъ зыщепти къыпхуохуэ, упсэуху. Зэман щхьэхуэм абыхэм ящыщу дэтхэнэр нэхъ къарууфIэ хъунуми зыми ищIэркъым. Адыгэхэм зыкъэтщтэжмэ, едгъэфIэкIуапхъи дызытепсэлъыхьыпхъи  зэрыдикуэдыр  дощIэж. ИтIани,  Iуэхур ублагъэххэщ, адэкIэ кIуэтэн хуейуэ аращ. Нобэрей зэхэдзыкIэкIэ арэзы укъэзымыщI псоми нэлаткIэ уабгъэдэтыныр фIыщIэншагъэщ, IэбэкIэ мыщIэныгъэщ, емыкIущ. 
Совет зэманым убзэщауэ къытфIэщI тхакIуэхэм я фIыгъэкIэ, нобэ ди жьэр зэтетхыну Iэмал къыдэзыт махуэр къэсауэ, иджы ди лъэпкъым и пэжыр щIэныгъэлIхэм, журналистхэм, политикэ жыджэракIуэхэм утыку кърахьэф. Адыгэхэр лъэпкъ зэкIэлъыкIуэу зэрыщытыр къэралыгъуэм  щамыгъэгъупщэныр зи плIэрылъу къэпсэуа а ди шэпэIудзхэм къытхуащIар къыдгурымыIуэмэ, дэ лъэпкъи, бзэи, нэхъыжьи, тхыди, литератури тхуэмыфащэу аращ. 
ИпэжыпIэкIэ лъэпкъ литературэм тхыдэ щIэныгъэми политикэми я къалэн ихьыркъым. Абы къытехуэр бзэ щхьэхуэкIэ псалъэу дунейм тет цIыху лIэужьыгъуэм, лъэпкъ хъужым, и фIыр щимыгъэгъупщэнырщ. Ар а  мурадым теIэбэфыххэмэ, и Iэгъуапэ уиплъэныр лейщ. ЦIыхур цIыху Iей щIэхъумрэ а щытыкIэм къызэрикIыну щIыкIэр иригъэлъагъун  плъапIэмрэ  абы  зэштегъэум хеухуанэри, нэгузыужьу къыдбгъэделъхьэ. Дэгъэзеигъуэм изэрыхьа уи лъэгум  псалъэ пэжым  банэ къыхечыжри,  гъуэгу захуэм утрешэж. А зыращ къалэмым къытехуэр: псэугъуей дызыщI щхьэусыгъуэхэм къару  зэрабгъэдэмылъыр ди нэм къыщIиIуныр. Бзэм зиужьынущ, уэ псалъэ щхьэпэ къыбжьэдэкIмэ. Лъэпкъри кIуэдыжынукъым, цIыхум ещхьу дунейм утетыфмэ. МытхакIуэ-мыусакIуэу цIэ Iэджи къыхэнащ тхыдэм, гу минхэм щагъафIэу, къызыхэкIа лъэпкъым и цIэр пэжу къамыпсэлъыфу. Я фIэщу псэурт, я фIэщу псалъэрт. Шэч закъуи хэлъкъым мы зэдауэм щхьэусыгъуэ хуэхъуа ди лъэпкъэгъур зыщIэхъуэпс литературэшхуэ адыгэми зэрытхуэфащэм.  Ауэ лъабжьэр щIачу жыг щыхамысэкIэ, дызытес къудамэ закъуэр пыдупщIыжкIэ сыт ди фейдэ?  
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: