Прозэу тха усэхэр

ДызылъэмыIэс дуней

Гу къуэпсым пыкIэзызыхь пшыналъэ дахащэм содаIуэ. СедаIуэурэ, согупсыс: сыту дытхьэмыщкIэ дэ, цIыхухэр. А пшыналъэм иджыпсту си нэгу къыщIигъэува дунейм сэ зэи, зэи сытехьэфынукъым… ГъащIэр нэр игъэлажьэу фагъуэщ. Псэр ибэмпIыхьу къызэрыгуэкIщ. Гур къритхъунщIыкIыу пхъашэщ. ТхьэкIумэр икудэу хущхьэ макъ зэфэзэщщ. ГъащIэр – илъэс мин бжыгъэкIэрэ зэхалъхьа курыбэщ. Зэхэзылъхьари щIызэхалъхьари къахуэмыщIэж курыбэ зэкIуэкIащ. Абы дэ ди псори, псори хофыхь… ди хъуэпсапIэхэм къищынэмыщIа… ХъуэпсапIэхэр тхъурымбэ напIэурэ уафэм докIуей. ДокIуейри, а дэ зызыхуэтшийуэ зэи дызылъэмыIэс дунейм зыхаунащIэ.

 

ГъащIэ пэж

ЦIыхушхуэм гъащIэ пэжкIэ псэун щыщIидзэр и пкъыр дунейм ехыжа нэужькIэщ. Дуней  гъащIэм и Iэмалыншагъэхэм, и хэкIыпIэншагъэхэм ирихулIэурэ зэсэж Iэхъулъэхъу куэдыкIейм яIэщIэкIыу, бампIэхэм, гуауэхэм, щэIухэм, гызхэм я зэхуакум къадищIыкIа и IуэхущIафэ лъагэхэр, псэм къыхищIыкIа и телъыджэхэр хэт дежкIи наIуэ хъуа нэужькIэщ цIыхушхуэм и гъащIэ нэсым, гъащIэ пэжым щыщIидзэр.

Тхьэм къыхуиухауэ къыздрихьэкI а пщэрылъ лъагэм емыкIурэ емыщхьу къыкIэрыпщIа жьгъей-фэгъей къомыр зэманым кIэрегъэщэщыжри, апхуэдэ гъащIэр къолыд пшагъуэ Iувыр щхьэщыкIыу зи щыгур дахащэу уэгу къащхъуэм къыхэщыжа Iуащхьэмахуэу…

А зыр фIыуэ хэлъщ Ажалым и IэщIагъэм.

 

ХъуэпсапIэ жыжьэ

Гупсысэ нэкIэпсыжэхэм задебгъэхьэхыу ущытыныр лIы хьэлкъым, ауэ уи щхьэ пцIы хуэбупсыжкIэ сыт, -  гухэпсыхагъэ зыхалъэгъуэнкIэ хъуну хъуэпсапIэ щэху гуэрхэр сэри си гум щызогъафIэ…

Сыхуейт зэгуэр, кIыфIыгъэм сыхыхьэжу псоми сащыгъупщэжа нэужь, зы цIыхуфI гуэрым игу сыкъэкIыжыну. Гупсысэ IэфIкIэ. Гупсысэ нэхукIэ. Гупсысэ хужькIэ.

Сыхуейт ар зытетыну дунейм щхьэщытыну пасэрей гукъэкIыжхэм нэрымылъагъуу сыщыпсэуну. Зыми зэран сыхуэмыхъуу. Зыри зэран къысхуэмыхъуу… Тхузэрымыгъэгъуэт гуэрхэм дащIэмыбэну. Зэпэдубыдын лъэпкъ ди зэхуаку дэмылъу… ЯмыуфIея лъагъуныгъэхэр хьэуам щыпсыпсрэ зэщамыгъэIея псэхэр щызэубзэрабзэу. ЩызэхуэбзэIэфIу…

Ухуей къудей мыхъуу, абыкIэ гугъапIэ быдэ уиIэныр – мис ар насыпхэм я насыпыжт, ауэ… Ауэ гугъапIэ къудейкIи къыпхуэмыупсэжыф дунейщ мы дэ дызытет дунейр…

 

СощIэ

СощIэ, Уэ утетщ мы дунейм. Си гупсысэхэм уазэрыхэтым ещхьыркъэпсу. Удахэу. Укъабзэу. Угуапэу. Уи цIэр сымыщIэми, Уэ нэхъ нэIуасэ симыIэу. Махуэм я нэхъ щIыIэми си гур уи хуабэм къигъэплъу. Псалъэхэр сIыпхыурэ усэ къасхухэпщIыкIыу… Уэ утетщ апхуэдэу си дунейм… Сыпхуэмызами. Узмылъэгъуами. Укъамылъхуами.

 

Гупыжхэр

УПЩIЭ: «Ярэби, сыту дахагъэ, IэфIыгъэ, гуапагъэ куэдкIэ дызэхуэупсэфыну къэдгъанэрэ дэ. Щхьэ дигухэр къыжьэдэткъуэ зэпыту дыпсэурэ? Щхьэ дыщыхуейм дызыхуейм демыдэхащIэрэ? Щхьэ къытхуейр къыщытхуейм къыдэмыубзэрабзэрэ? Мобы мор сытым хуэдэу хуэгъэгуфIэнут!.. Мор мобы сытым хуэдэу насыпыфIэ хуэщIынут!... Гуэныхькъэ-тIэ апхуэдиз гупыжыр къыжьэдэпкъуэ зэпыту упсэуныр? ЗыгъэнщI жыхуаIэм и IэфIыр нэсу къыбгурымыIуауэ, напIэзыпIэр зи пщалъэ мы гъащIэр блэбгъэкIыныр?...»

ЖЭУАП: «Гуэныхьт, гуэныхьышхуэт, гупыжхэр гуапагъэрэ IэфIыгъэ защIэу зэхэлъу щытамэ. Ауэ гупыжхэм я нэхъыбапIэр щхъухьрэ псэхькIэ гъэнщIащ. Апхуэдэ гупыжхэм дэ дыхураджэ щэхуу е нахуэу зыгуэр дгъэпудыну. Ди фIэщу е гушыIэ мышыум къыхэкIыу зыгуэрым и псэр бэлыхьым хэддзэну. Iэщэ бзаджэкIэ е псалъэ гуауэкIэ зыгуэр дукIыну… Гуапагъэрэ IэфIыгъэкIэ гъэнщIа гупыжхэр ириупIэхыурэ, игъащIэ лъандэм цIыху цIыкIум зегъасэ дунейр зыкъутэжыфыну а гупыж шынагъуэхэр къыжьэдикъуэфу… Аращ мо упщIэм и жэуапыр: Тхьэм дунейр игъэпсащ псори щызэпэшачэу щытын хуейуэ. Зэпэмышачэхэр зэжьэхэуэурэ щызэрымыкъутэжыным щхьэкIэ, Iэмал хъарзыни къигъэщIыжащ: АКЪЫЛЫР».

IутIыж Борис.
Поделиться:

Читать также: