ДамитI

Новеллэ
Машинэ гъэщIэрэщIахэр, удз гъэгъахэр, дыхьэшх макъ, уэрэд, къафэ… ХьэгъуэлIыгъуэр лъэбакъуэшхуэкIэ унагъуэм къыдохьэ. А махуэ лъапIэм щыгуфIыкIыу бжьыхьэ дыгъэри, щыгъыным я нэхъыфIыр щыгъыу хьэщIапIэ къэкIуащ. Абы и «гуфIэкIэр» зыхуэбгъэдэныр нысащIэм и теплъэрщ. Дыгъэм зыдащIу жыгхэри щIэращIэщ. Уеблэмэ, машинэпэм тес къупщхьэ гуащэм и «гу щIыIэри» къэткIужащи, погуфIыкI. Насыпыр псы Iэрышэу йожэхри, ар зылъагъу псоми зыхагъэпскIыхь…
НысащIэми зегъэщIэращIэ. И теплъэм гу щимыхуэжу, ар темыпыIэу йоплъэ гъуджэм. Бостей хужьыр хьэзырщ, Iэлъынхэр Iэнэм телъщ… Къупщхьэ гуащэу, утыкум итщ. Дакъикъэ дэкIынурэ, ар яшэнущ, дяпэкIэ гъащIэщIэ щыщIидзэну унагъуэм. Псори куэд мыщIэу и хъуэпсапIэм хуэдэу хъунущ, ауэ зэкIэ хьэщIэ псори щIигъэкIри, цIыхуитIым я гъусэу и пэшым къыщIэнащ. Ар щIэх-щIэхыурэ хуоплъэкI и щIыбагъым къыдэт и «дамитIым» - адэ-анэм. НысащIэр абыхэм яхуогуфIэ, зыри жамыIэми къызэрыдэгуфIэр ещIэри. А тIум нэхъ хьэщIэ лъапIэ хьэгъуэлIыгъуэм щыIэнукъым нобэ. Ар абыхэм ябгъэдыхьэурэ ба яхуещI, ятолъэщIыхь. Мыдрейхэри я пхъум еплъурэ, кино гъэщIэгъуэным хэтым ещхьу, я гукъэкIыжхэм хохьэ…
Адэм и нэгу къыщIегъэхьэж хъыдан жэрумэм кIуэцIылъу япэу ар къыщыхуахьыжар, япэ лъэбакъуэхэр, япэ псалъэхэр. Нэхъ Iей дыдэу щеша махуэми, абы и нэгум иплъамэ, сыт хуэдэ гугъуехьри щыгъупщэжырт. Иджыпсту здеплъми, игъащIэм нэхъ нысащIэ дахэ имылъэгъуауэ къыщохъу. Ар хуогузавэ и хъыджэбзым. Дауэ хъуну дяпэкIэ?! ФIыуэ къалъагъуну зыхыхьэ унагъуэм? Езым игу щигъэтIылъыну?! Адэм дежкIэ ар сыт щыгъуи сабийуэ къэнэнущ, абы къыхэкIыуи и гур тепыIэркъым. Гупсысэхэр куэд мэхъу…
Анэм фIы дыдэу ещIэж и хъыджэбз цIыкIум япэу щыIуплъар, япэу школым щишар, япэу усэ къыщеджар, пщыхьэщхьэкIэ унэ лэжьыгъэ ищIыжу зэрыщысар. Абы и нэгум щIэтщ и пхъум и ехъулIэныгъэхэр, абы и гуфIэгъуэ диIыгъахэр. Ауэ щыгъупщэжакъым, жеиншэу и пIэ лъапэм щигъэкIуа жэщхэри. Дапщэрэ ажалым езэуа ар и быным папщIэ?! «Сыту псынщIэу балигъ ухъуа, си хъыджэбз цIыкIу, - йогупсыс ар. - Сыту псынщIащэу зэманыр кIуэрэ! НысащIэу услъагъуным иджыри Iэджэ иIэ си гугъэт. Сэ узэрыслъэгъуам хуэдэу укъалъагъуну пIэрэ а унагъуэми?! ПщIэ къыпхуащIыну?! Уэ езыр-щэ? Узыхуэзгъэсахэр зыщумыгъэгъупщэ, уэ уи щытыкIэм и уасэр сэращ зыхуагъэувынур. НасыпыфIэ ухъу, си гуащэ цIыкIу!..»
Адэ-анэм я гум илъ псори жраIэнут я пхъум, ауэ сурэтхэр псалъэ хабзэкъыми, нэщхъейуэ къеплъ мыхъумэ, зы псалъи къажьэдэкIыркъым. Аддэ жыжьэу уафэм, я гурыщIэ псор яхуэмышыIэу вагъуитI къыщоблэ, хъыджэбзым и гъуэгур къагъэнэхуу. Ар зыщIэ нысащIэр, иджыри зэ гуфIэжу а вагъуитIым къахуеплъэкIыжри, дамэншэ бзууэ пэшым щIэкIащ…

ГъукIэ Маринэ.
Поделиться:

Читать также: