ГугъапIэ

Дерсыр сщIыжу сыздэщысым, Iэуэлъауэ гуэр зэхызох. Сысакъыпэурэ сызэплъэкIмэ, и нэ хъурей цIыкIуитIыр къицIыщхъукIыу, дурэшым дэсщ зы дзыгъуэ цIыкIу, сэхуран еIункIри.

Ар зэрыслъагъуу, си гур, къилъэтыным хуэдэу, къеуэу щIедзэ. Хуэм дыдэурэ зыкъэсIэтщ, бжэр ездзылIэри, блыным сыкIэрыувэжащ.

Дзыгъуэми зищтэри бжэмкIэ къыщIэпхъуащ, ауэ сэ сыкъилъагъури гъуэлъыпIэ щIагъым щIэлъэдащ. ТIэкIу зиIэжьэри, абыи къыщIэжыжащ, арщхьэкIэ сызэрыщытт – игъазэри аргуэру щIэлъэдэжащ. Абы зыщигъэпщкIу хъуну зы гъуанэ цIыкIу ди пэшым иIэтэкъым. Сэ ар сщIэрти, мамыру сыщытт, адэкIэ сщIэнум сегупсысу…

Сегупсысым – сегупсысурэ, сигу къэкIар апхуэдизкIэ сигу ирихьыжати, сэ сыарэзыуэ сыкъыпыгуфIыкIащ икIи, си щэхур къэзыщIэн гуэр гъунэгъуу щымыту пIэрэ жыхуэсIэу, зысплъыхьащ, ауэ пэшым сэ нэмыщIа зыри щIэстэкъым.

Сигу къэкIар мырат: «Сеуэнщи, дзыгъуэ цIыкIур сыутIыпщыжынщ. Здэжэр зэзгъэлъагъунщи, дыдейхэр къэкIуэжмэ, яжесIэнщ. Дзыгъуэ щыдиIэкIэ, джэдуи диIэн хуейщ. Армырамэ, хэт дзыгъуэр къэзубыдынур? Джэдур Зули   сэри ди хъуэпсапIэт. Ауэ дэ сыт хуэдизрэ демылъэIуами, ди анэм ауэ жыжьэу дызэтригъэхьэртэкъым.

Арати, а къомым сегупсысри, дзыгъуэ цIыкIум зыгуэр къыщыщIынкIэ сышынэу, бжэр Iусхащ. Гъуэгур хуит хъуауэ зэрилъагъуу, ар щIэцIэфтри кладовкэм зыдидзэжащ.

Махуэ псом сэ сегупсысащ, ди анэр къэкIуэжа нэужь, дзыгъуэ зэрыдиIэр зэрыжесIэну щIыкIэм. Абы щхьэкIэ сызэрыгуфIэм гу къылъатэмэ, Iуэхур зэIыхьат.

Пщыхьэщхьэм, ди адэр къызэрыщIыхьэжу, сыбгъэдэлъадэри,  дзыгъуэ зэрыслъэгъуар жесIащ, ауэ джэду Iуэху зесхуакъым…

- Дэнэ дзыгъуэ къыздикIар? – щIэупщIа мыхъумэ, абы сэ жысIа къомыр къыфIэIуэхуакъым.

Сэри, си мурадым зыри къызэримыкIар щхьэжэ сщыхъуауэ, зызущэхужащ.

Ауэрэ заул дэкIащ. Махуэ гуэрым ди адэм, зыгуэр хуейуэ кладовкэбжэр Iуихри, хужьгъэр зэрылъ тепщэч куум ису дзыгъуэ цIыкIу къилъэгъуащ.

- Уэлэхьэ, щIалэ, пэж дыдэу дзыгъуэ диIэмэ, - жиIащ абы. – КIуэи шэнт щхьэгуэр къысхуэхьыт. Деплъынти абы и хэщIапIэм…

Сэ сыжэри шэнтыр къэсхьащ. Дядэм кладовкэр къыдигъэкъэбзыкIри, дзыгъуэр къиубыдащ. Ар иукIауэ щыхыфIидзэм, сэ жысIащ:

- Си гугъапIэ закъуэр… Абы сыт хуэдэу сыщыгугъат.

- Ар сыт гугъапIэ? – КъыгурыIуакъым дядэм сэ зи Iуэху зесхуэр.

Абдежым сэ зызумысыжащ.

Ди адэм зыри жиIакъым, къыпыгуфIыкIа мыхъумэ. Ауэ махуэ зытIущ дэкIри, езым джэду дахэ цIыкIу къытхуихьащ…

 

 

КIуантIэ Iэзид.
Поделиться:

Читать также: