Си къуэш цIыкIу

Новеллэ
Газетым къыхэгъэжа сурэтхэр, статья зэхуэмыдэхэр, открыткэ гъэщIэгъуэнхэр Хьэсэнбий хуэсакъыурэ пхъуантэ цIыкIум къыдехри, къэзыухъуреихьа цIыхухэм ярегъэлъагъу:
- Мыр Темырщ, ар спортсмен Iэзэщ. Сыт хуэдиз зэпеуэхэм щытекIуа ар. Мы ди къэралым и закъуэкъым ар зыхэта зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIар. Дуней псом къацIыху си щIалэ цIыкIур, - жиIэурэ.
Псоми зырызу сурэтыр яригъэлъэгъуа нэужь, пхъуантэ цIыкIум делъхьэжри, аргуэру нэгъуэщI зы къыдех.
- Мыр Тимурщ, адрей си щIалэ цIыкIуращ. А тIур зэтIолъхуэныкъуэщ. Ауэ Тимур Темыр хуэдэу спортым дихьэхкъым. Ар уэрэджыIакIуэщ. Дуней псом къыщацIыху ар. Абы сыт хуэдэ концертхэр ит фи гугъэ? Мис, куэд мыщIэу иIэну концертым сыкIуэну къызэлъэIуащ. Абы зыхузогъэхьэзыр. Темыри и зэпеуэхэм язым сыкIуэу сеплъыну къэзгъэгугъащи, сыщыхуэхъунур сщIэркъым. – Зы дакъикъэкIэ и псалъэмакъыр зэпегъэури, къыбгъэдэсхэр нэщхъейуэ къеплъыхь. ИужькIэ мэдыхьэшхри къыпещэ: - Сабийм хуэдэщ, си щIалэ цIыкIухэр: зым деж укIуамэ, адрейм зегъэгусэ.
Абы и псалъэмакъым адрей пэшым щIэту едаIуэ Темыр нэщхъейуэ щхьэгъубжэм бгъэдыхьащ. Я гъунэгъущIэхэм захуэзыгъэщIагъуэ адэм и псалъэмакъым нэхъри нэхъ нэщхъей къищIат щIалэр. Хьэсэнбий гуфIэжу и къуэхэм я IэщIагъэм тепсэлъыхь щхьэкIэ, зы сыхьэтым къалъхуа щIалитIыр илъэс хъуауэ зыр зым и нэгу зэримыплъэр ауи къыхигъэщыртэкъым. Абы щIихъумат Тимур куэд щIауэ и адэми и къуэшми я Iуэху къызэрызэримыхуэр. Ар иджы абыхэм зэралъагъур телевизоркIэт. Мис, уеблэмэ нобэ а тIур къыщалъхуа махуэщи, итIанэми къищIу къехъуэхъуакъым и къуэшым. Ауэ сыт абы гъэщIэгъуэну хэлъыр?! Дапщэщ абы апхуэдэ гукъэкI щищI хабзэу щытар?! ГубжькIэ щIихъумэну хэтми, Темыр игу къэкIат и къуэшыр. Уеблэмэ, адрей махуэхэм емылъытауэ нобэ нэхъ лейуэ хуэныкъуэт ар абы. Сыт хуэдэ псалъэмакъ щымыIэми, япэ зыкъизыгъэщ хабзэ Темыр иджы ерыщ екIуати, хуейтэкъым Тимур деж япэу псэлъэну. «Сэ сыгузавэ щхьэкIэ, езым ауи игу дыкъэкIыж хъункъым, щIэс хъунщ зыщIыпIэ, фадэм дихьэхауэ. Къуэш хуей ар…», - егупсысырт щIалэр. Ауэ, итIанэми нэр жэрт стIолым нэщхъейуэ телъ жып телефоным…
…Темыр и къуэшым хузэгуэпу щыщыт дакъикъэхэм, Тимур щIэщыгъуэ зыхэмылъыжу къыщыхъу и гъащIэм хэкIыжыну зигъэхьэзырт. «ЦIыхум зыхуей псор къехъулIэн щIидза нэужь, абы зэшу щIедзэ. Сыт щыгъуи узыхущIэкъун уиIэн хуейщ», - жиIэ хабзэт адэм. Тимур аращ къыщыщIар. И мурадхэр къехъулIэри, зыщIэхъуэпса псор IэфIыншэу къыщыхъуащ. ЩIэщыгъуэ къилъыхъуэр хигъуэтакъым фадэми уэрэдми. Къэрал псом щит концертхэми и IэщIагъэм щыгуфIыкIхэми къыхуахьакъым зыщыгугъа насыпыр. Дэнэ щыIэ ар езыр - а псори зытепсэлъыхь насыпыр, гъащIэм и IэфIыгъэр? Ахэр мы дунейм тет е абы щIэхъуэпс цIыхухэм къагупсысауэ ара?!
И ехъулIэныгъэхэм зи щхьэр лъагэу иригъэIэта Тимур и щытыкIэр зигу иримыхь и къуэшыр бий ищIащ. «Сыт къэмыхъуами, уэрэ сэрэ дызэкъуэшщ, дызыфIэнэ хъунукъым», - жаIэт абыхэм щыцIыкIум. Ауэ балигъ хъури, я тхьэрыIуэр ящыгъупщэжащ. Иджы, мис, къыщалъхуа махуэм и унагъуэм яригъусэным ипIэкIэ, лъэмыж кIыфIыжьым тетщ, гъущI хъарым ебакъуэу елъэну и мураду. Ауэ итIанэми гъащIэр IэфIщ, зыхуэбгъэдэн щымыIэу. Ажылым и Iэ щIыIэхэр зыхищIэми, гугъэм и уэздыгъэр иджыри маблэ… Ягъэ кIынкъым, зыри гугъу хэлъкъым абы. Уи нэр зэтыбопIэри уопкIэ…
Тимур гъущI хъарым щыдэкIуей дакъикъэм, жып телефоныр къеуащ. «Къытесхынкъым, хэтми аракъэ ар?» - игукIэ жиIэрт абы. Ауэ «зэ къэувыIэ, умыпIащIэ», жиIэ хуэдэ ар увыIэжыртэкъым. Тимур и жыпым йоIэбэри, телефоныр кърех, къытридза цIэми емыплъу трекъузэ:
- Алло!
- Си къуэш цIыкIу, укъыщалъхуа махуэмкIэ сынохъуэхъу! Алло…
Темыр и макъыр зэрызэхихыу Тимур и нэпсыр ежэхащ. Ар гуфIат, Iэджи жриIэнут и къуэшым, арщхьэкIэ зы псалъи къыхудэшейртэкъым. АпщIондэху Темыр и псалъэмакъым пещэ:
- Къалэм ущыIэмэ, къэкIуэж, папи плъагъунщ. КъэкIуэж унэм…
- СынокIуэж… Иджыпсту сынокIуэж, си къуэш цIыкIу…
ГъущI хъарым къехыжри, и нэпс ежэххэр имыгъэпщкIуу щIэпхъуащ Тимур. Ар пIащIэрт, и унэ кIуэжырти. Анэкъилъхухэр къуэпс гуэркIэ зэрызэпыщIар иджы и фIэщ хъурт абы, армырмэ Темыр къищIэнт абы и псэм щыщIэр?! ИтIанэ, уи унагъуэм фIыуэ укъалъагъурэ уакъыгурыIуэмэ, дуней псор уи бийми уи дежкIэ сыт?! Ар гуфIэрт, гъырт, зы дакъикъи къызэтемыувыIэу хуэжэрт я унэм. ЩIалэм къежьэрт и адэмрэ и къуэш цIыкIумрэ…

ГъукIэ Маринэ.
Поделиться:

Читать также: