Галактикэхэр гъунэгъу щызэхуэхъум

NASA зэгухьэныгъэм (США) хуэлажьэ щIэныгъэлIхэм уахэ жыжьэм и зы плIанэпэм гу щылъатащ вагъуэ гуэрэ­ныш­хуэрэ абрагъуэу абдежым щы­зэхэт къэщIыгъэхэм (галактикэхэм) ящыщу тIур гъунэгъу дыдэ зэрызэхуэхъуам.

Телъыджэлажьэ ящыхъуа а Iуэхугъуэр зэрекIуэкIым аст­рономхэр зэман гуэркIэ кIэ­лъыплъащ ЩIым и хъуреягъыр езыр-езыру къэзылъэтыхь спут­никхэм ящыщ зым хащIыхьа ­Хаббл телескопымкIэ. 
ЩIэныгъэлIхэм къызэраху­тамкIэ, уахэ лъащIэм щызэхуэ­кIуэж галактикэхэр «Антеннэ» зи фIэщыгъэ нэгъуэщI вагъуэ гуэ­рэным и гъунэгъущ. А тIур нэхъапэхэм хабжэрт уэгу жыжьэм нэхъ «зыщызымыхъунщIэ» къэщIыгъэ зэпIэзэрытхэм, абы къы­хэкIыуи, ахэр нэхъ зрагъэщхьыр дыщыпсэу вагъуэ зэрыбыну ШыхулъагъуэкIэ дызэджэр арат. 
АрщхьэкIэ, NASA-м иригъэ­кIуэкIа иужьрей къэхутэныгъэ­-хэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, зи гугъу тщIы вагъуэ гуэрэнхэм «сабырафэ» етплъыныр абдежым къыщыдгъэнэжми хъунущ. Ар дэнэ къэна, щIэныгъэлIхэм гу зэрылъатамкIэ, зэхыхьэжын Iуэ­хур мы къэщIыгъитIым я дежкIэ хуабжьу «зыгъэсымаджэу» къы­щIэ­кIащ.
Галактикэхэр гъунэгъу щызэ­хуэхъум, я зэхуаку къызэрыдэнамкIэ зи кIэн къимыкIа ва­гъуэхэу ящыщ дэтхэнэри ди Дыгъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инхэр узыгъэгушхуэн хуэдизи къахэ­мынэу зэпкърыщэщащ. Абыхэм я пIэкIэ галактикитIым я «гухъум»­ къыдэунэхукIащ гъуэзыпшэ гуэ­рэну зыхэзыша лъагъуэ шына­гъуэр. А «бажэкIэм» япэщIыкIэ плъыжьыфэ-дыщафэу, иужьым щIыхуфэ хъужарэ зыми хуумыгъэдэн теплъэ иIэу астрономхэм закъригъэлъэгъуащ. 
ЩIым и хъуреягъыр къэзы­лъэтыхь спутникхэм хэт лъэщапIэхэм ящыщ зым хащIыхьа ­Хаббл телескопу ищхьэкIэ зи ­гугъу тщIам мыбы хуэдэ Iуэхухэр уахэ жыжьэм зэрыщекIуэкIым гу лъимытэнкIэ Iэмал иIакъым. ­Ща­кIэлъыплъым, хьэршым галак­тикитI зэрыщызэхыхьэжыр ­къэ­зыгъэнаIуэ видео-теплъэ­гъуэхэр, нэхум и ультрафиолет спектрым къыхиубыдыкIахэр, трихащ. 
ЩIэныгъэлIхэм къызэралъы­тэмкIэ, уэгу пхыдзам нэрылъа­гъуу зыщызэблэзыхъу плъы­фэбэр и щыхьэтщ а щIыпIэм щы­зэрихьэлIа вагъуэхэр шынагъуэ дыдэу зэрыщызэжьэхэуэм, уеб­лэмэ абдежым «дыгъэщIэхэри» къызэрыщыунэхум. 
Уахэ жыжьэм щызэжьэхэуа галактикитIу UGC 2369 нагъыщэмкIэ хагъэунэхукIар зыхиубыдэр астрономхэм «Овен» зыфIаща вагъуэ гуэрэн абрагъуэрщ. АтIэми, NASA-м щылажьэ щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, мы тIур зэхыхьэжын щIадза къудейщи, мы зэманым ди нэгу къызэры­Iуидзэм тетщIыхьмэ, кърикIуэну (е кърикIуа) псори дэркIэ зэ­рызэхэгъэкIа щыIэкъым. ИджыпстукIэ щыхьэт дызытехъуэр, ищ­хьэкIи зэрыщыжытIащи, я зэ­хуаку къыщыунэхуа «бажэкIэм» екIуэтэлIа «дыгъэхэр», хуей-хуэ­мейми, зэхигъэткIухьу зэрызы­хилыпщIэрщ. Ауэ, а Iуэхур ­уахъ­тэм апхуэдизу щыукъуэ­дии­щащи, зэману текIуэдэнури, мы­цIы­кIуфэкIуу, илъэс мелуан зы­щыплI къудейщ. КIэлъыплъхэм зэры­жаIэм­кIэ, апхуэдиз дэкIа иужькIэщ, къэщIыгъитIыр зэхы­хьэжыпэу зы галактикэм щыхуэ­кIуэжынури. 
Мыр я гъуазэрэ щапхъэу, аст­рономхэм зэхагъэкIыну я мурадщ дыщыпсэу Шыхулъа­гъуэмрэ (Млечный путь) абы псом нэхърэ нэхъ къыпэгъунэгъу Андромедэмрэ къапэплъэр зы­хуэдэри, сыту жыпIэмэ, мы иужьреитIри зэхыхьэжын IуэхукIэ зэ­хуеIэхэм ящыщщи. АрщхьэкIэ, абыхэм апхуэдэ къащыщы­щIынкIэ хъунур, къызэрабжамкIэ, илъэс меларди 4 дэкIа иужь­кIэщ. А щIыкIэм тету къэунэхуну зыхуагъэфащэ галактикэщIэм астрономхэм, тIэкIу епэсэуами, цIэуэ фIащари гъэщIэгъуэнщ - «Млекомедэ». 
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: