Iэрыхуэу къащти, шэрыуэу Iуатэ

Адыгэбзэм дахагъэу, гуапагъэу, IэфIыгъэу хэлъыр къызыгурымыIуэм ар бзэ пхъашэу, бзэ мышытIэу, мышэрыуэу къыфIощI. Ауэ ар пэжкъым. Адыгэбзэр фIыуэ пщIэмэ, абы кърумыIуэтэфын гупсыси гурыщIи щыIэкъым... 
«Сигу къокIыж Армавир дэс адыгэ ермэлыхэм ящыщ си ныбжьэгъу щIалэ гуэрым къызжиIэгъар, - къеIуэтэж ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр. - «Ди адэр Москва Лазаревскэ институтым и егъэджакIуэт, абы дыщыпсэурт. Урысейм еджапIэшхуэ къыщиухауэ ди адэр лIы гъэсат, урысыбзэкIэ Iэзэт, хамэ къэралыбзэхэри ищIэрт. Ди адэр сымаджэти, куэд щIауэ пIэм хэлът. Адыгэбзэм хуэзэша щхьэкIэ зэпсэлъэн игъуэтыртэкъым. 
«Ай-джыдэ, сымылIэ щIыкIэ сигу пэщыху адыгэбзэкIэ сыпсэлъэжащэрэт», – жиIэу щызэхэтхым, дыкIуэри адыгэбзэ зыщIэ ермэлы лIыжь гуэр къыхуэтшащ. ЛIыжьыр сыхьэтищ хуэдиз къыбгъэдэсауэ щыщIэкIыжым, ди адэм «Уэху-хуху, иджы сылIэми сымылIагъэххэ хуэдэщ, сигу пэщыху адыгэбзэкIэ, ди бзэ IэфIымкIэ сыпсэлъащ. Уи гурылъыр нэсу кърипIуэтэну мы ди бзэм хуэдэ щыIэкъым», – жиIащ». 
Адыгэбзэр – адыгэпсэщ. Адыгэбзэр жьэгупащхьэбзэ къудейуэ мыхъумэ, жылагъуэ Iуэху уритепсэлъыхьынкIэ мыхьэнэ щIагъуэ зимыIэ бзэуэ къызыфIэщI гуэрхэри щыIэщ. Апхуэдэ еплъыкIэр захуэкъым.
 Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэбзэм жылагъуэ Iуэху ираухэсу, пэкIурэ хасэрэ иризэхэту, утыку ираIыгъыу къэгъуэгурыкIуащ. Адыгэ тхыдэм тетхыхьа урыс еджагъэшхуэхэм къызэраIуатэмкIэ, адыгэм псэлъакIуэ Iэзэхэм пщIэшхуэ хуащIу, жылэ Iуэху IэщIалъхьэу, хэку Iуэху зэрырагъэхьэу щытащ. 
Илъэс зытIущ и пэкIэ адыгэ лIыжь гуп сахэхуауэ дыздэпсалъэм, лIыжьхэм ящыщ зы къызэупщIащ: «Адыгэбзэр дапщэу зэщхьэщыха?» – жери. 
ЗыщIэупщIэр тэмэму къызгурымыIуэу, «Сэ сщIэркъым, уэ къызжеIэ», – щыжысIэм: – «Уэ пщIэн хуейщ ар, адыгэбзэр куэду зэщхьэщокI: уи ныбжьэгъум узэрепсэлъэнур щхьэхуэщ, нэхъыжьым узэрепсэлъэнур щхьэхуэщ, утыку уихьэмэ, узэрыпсэлъэнур щхьэхуэщ», – жиIащ. А лIыжьми зэрыжиIауэ, адыгэбзэр зыгъэшэрыуэфым дежкIэ куэду бзэ IэкIуэлъакIуэщ, узыхуейр тэмэму ирижыпIэф къудей мыхъуу, зыжепIэм и нэгум IупщIу щIэувэу ирипIуэтэфынущ. Апхуэдэу бзэр бгъэшэрыуэфын щхьэкIэ, ар езыр пщIэн хуейщ. Ди псэукIэм зэрызиужьым къыдэкIуэу, ди щIэныгъэ-гъэсэныгъэми, ди бзэми, ди тхылъми заужьу, ефIакIуэ зэпыту зэрыкIуэр хэт дежкIи нэрылъагъущи, дыхуэвгъэсакъ. Ди бзэр дывгъэхъумэ». 
 

 

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также: