Iэдииху

Нарт эпосым щыщ бзылъхугъэ дахэщ. Мы цIэр псалъитIу зэхэтщ: Iэдий – Iэблэ, блэ; ху - хужь.

Iэдииху и Iэм апхуэдизу нур къыпехри, жэщым я нэхъ мазэхэм дунейр дыгъэм хуэдэу къегъэнэху.

IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, Iэдииху и унэр Инжыдж ЦIыкIу, Псыжь хэхуэж псым, и ижьырабгъум, бгы задэ бжьэпэм тетщ. Унэм икIыу Инжыдж адрыщI нэпкъым нэсу чэтэн лъэмыж телът. Хъыбарым и зы вариантым зэрыхэтымкIэ, Iэдииху и щхьэгъусэр нарт лIы хахуэ Къулътыбгт (нарт Псэбыдэуи къызыхэщ щыIэщ). Ар зекIуэ щыIауэ шыбз къыщихукIэ, шыхэр чэтэн лъэмыжымкIэ къригъэкIырт. Къулътыбг шы гуартэр жэщ кIыфIым лъэмыжым къыщрихулIэкIэ, Iэдииху и Iэблэр щхьэгъубжэм къыдишиикIырт, лъэмыжыр нэху къищIырти, лIым тыншу къызэприхурт.

Зэгуэрым Къулътыбг, шыбзыр куэду къихури къэкIуэжауэ, и щхьэ щытхъужащ, шыбз къихухэр езым и щхьэзакъуэ лIыгъэу жиIэу. Ар Iэдииху и гуапэ хъуакъым. ЛIым шыбз къызэрихум фызым и фIыщIэ зэрыхэлъри жиIащ: «Си Iэблэхэр щхьэгъубжэм дызошиикIри, псым укъызогъэкIыж». ЛIыр абы арэзы дэхъуакъым. «АтIэ, ди япэкIэ уи Iэдиихухэр щхьэгъубжэмкIэ къыдумышиикI, ныдэпшиикIмэ, сеуэнщи пызупщIынщ! – жиIэри быдэу тхьэ иIуащ Iэдииху и лIым».

Абы иужькIэ Къулътыбг жэщ мазэхэу шыбз къихуу лъэмыжым къытехьэжа нэужь, Iэдииху и Iэблэхэр Iуихыжри, дунейр кIыфI хъужащ. Къулътыбгри шы гуартэри лъэмыжым щыхури псы уэрым хэкIуэдащ.

Нэху щыри, Iэдииху и лIым и лъыхъуакIуэ ежьащ. Ар гъуэгыурэ и Iэблэхэр бгым ириупцIэкIыурэ псы Iуфэм ирехащ.

Iэдииху и Iэблэм яутха лъым бгыр плъыжьу къриIащ. Iэдиихурэ Къулътыбг и ныбжьэгъу нарт Сосрыкъуэрэ зэгъусэу хьэдэр къагъуэтыжри, щIалъхьащ. Iэдиихуи Сосрыкъуэ дэкIуэжащ. Iэдииху и мифым лъабжьэ хуэхъуауэ хуэбгъэфащэ хъунущ дыгъэр гъэлъэпIэныр. Бзылъхугъэм и Iэблэхэр дыгъэ бзийм хуэдэу нэхущ, ар щхьэгъусэ зыхуэхъуж Сосрыкъуи дыболъагъу дыгъэр гъэлъэпIэным и дамыгъэ куэд.

Мы сюжетым ещхь нэгъуэщI лъэпкъхэм я мифхэми хыболъагъуэр. Куржы IуэрыIуатэм хэт «Тавпаравани щыщ щIалэ» усэм зэрыжиIэмкIэ, щIалэм фIыуэ елъагъу хы адрыщIым щыIэ хъыджэбзыр. Абы и деж кIуэн и гугъэу щIалэр жэщ къэс хым зэпрысыкIыну хуожьэ. Гъуазэ пэлъытэу хъыджэбзым псы адрыщIым уэздыгъэ щыщIегъанэ.

Ауэ фызыжь ябгэ гуэрым и зэранкIэ хы къэукъубеям уэздыгъэр егъэункIыфIри, щIалэр хым хокIуадэ. Апхуэдэ сюжет хэтщ урым (алыдж) мифологиеми. ФIыуэ зэрылъагъу Леандр щIалэмрэ Геро хъыджэбзымрэ псыдэуэр я зэхуакущ. Леандр жэщ къэс псым хохьэ зэпрысыкIыну. Гъуэгур

илъагъун папщIэ, Геро адрыщIым щыт чэщанэм мафIэ щыщIегъанэ. МафIэр мэункIыфIри, Леандр псым хокIуадэ.

Iэдииху и мифым ещхьу, мы сюжетхэми къахощ дыгъэм и дамыгъэ нэхугъэр – псы адрыщIым къыщынэху уэздыгъэр. Нэхугъэр щыкIуэдыжкIэ (Iэдий нэхур щыIуихкIэ, уэздыгъэхэр щыункIыфIкIэ), цIыхухъур хокIуадэ. Мыбы гурыщхъуэ уегъэщI Iэдииху и образыр дыгъэр гъэлъэпIэным къыдэхъуа дыгъэ тхьэгуащэ хуэдэхэм къыщежьауэ. Мы миф образыр нарт эпосым зыщIешэри патриархатми ижь къыщIеху: Iэдииху и щхьэгъусэр фызым епэгэкI, зызыгъэхъу зекIуэлI ябгэщ, езым и жыIэ мыхъуу фызым и жыIэ идэркъым.

НэгъуэщI зы гъэщIэгъуэни, Инжыдж Iуфэ бгы нэпкъхэр щIэплъыжьыр (ахэр ипэжыпIэкIэ плъыжьщ) къызытекIауэ жыхуиIэр – Iэдииху и Iэблэхэм яутха лъым ириIауэ аращ. Абы къинэмыщIауэ, Инжыдж Псыжь здыхэхуэжым унэмысыпэу щыт Iуащхьэ дыкъуакъуэр Къулътыбг и кхъэрауэ ялъытэ.

Пасэу къежьа Iэдииху и мифыр иужьрей лъэхъэнэм епха хъуащ курыт лIэщIыгъуэхэм къэбэрдеипщхэм адыгэщIыр яхъумэн папщIэ Инжыдж и ижьырабгъу бгы задэм тращIыхьа быдапIэм (Къэсейхьэблэ (Хьэбэз) адыгэ къуажэм и гъунэгъущ). Лавров Л. зэритхымкIэ, быдапIэр I760 гъэхэм къэбэрдеипщ Кургокъуэ Бэмэт и къуэ Темрыкъуэ-Хьэжы иригъэщIащ. Абы «Iэдииху и чэщанэ»-кIэ йоджэ. Инжыдж телъ пхъэ закъуэ лъэмыжымкIэ узэпрыкIмэ мэзым тщIэкI лъагъуэмкIэ Iэдииху и чэщанэм ухуокIуэ. Чэщанэм

ущIыхьамэ, хъыдан кIапэ сыт къыщIэбнэн хуейуэ ялъытэ, бзаджэнаджэ зэран къыпхуэмыхъун папщIэ. Чэщанэм пэмыжыжьэу иIэ къуэм «Iэдиихукъуэ»-кIэ йоджэ, абы дэжу Инжыдж хэхуэж псы цIыкIуми «Iэдииху»-кIэ йоджэ. Чэщанэр зытет бгым, псым и адрыщI Iуфэм зыгъэпсэхупIэ пщыIэ тетщ, абыи и цIэр «Iэдииху»-щ. Дахагъэм, нэхугъэм и дамыгъэу Iэдииху и цIэр зэрахьэ къэфакIуэ гупхэм, шхапIэ сытхэм.

Iэдииху и мифри, Iэдииху и чэщанэри тхакIуэ-усакIуэ куэдым ятхахэм къыхощ. I937 гъэм Iэдииху чэщанэм дэкIыу зиплъыхьа нэужь, ЩоджэнцIыкIу Алий итхащ «Iэдииху» усэр. Абы къыхощ мифым и сюжетри иужькIэ мифыр зрапха чэщанэри:

ЖаIэж, тэхъуанэу а лъагэм

МелыIыч пщащэ щIэсауэ,

И Iэдий пцIанэр щхьэгъубжэм

Дихмэ, жэщ кIыфIыр дэнэхуу.

ЖаIэж нэпкъитIу зэпэплъэм

Чэтэн лъэмыжу телъауэ,

Дахэм и щауэу лIыхъужьым

Шыбэр абыкIэ кърихуауэ.

ЖаIэжыр щауэр ежьарэ

Жэщым лъэмыжым къэсыжмэ,

Щхьэгъубжэм и блэр дигъэжрэ,

НуркIэ къришыжу лъэмыжым.

Поделиться:

Читать также: