ПыжьпытIыгурэ Мэмлацэрэ

Зы ныбгъуэ закъуэ си лъапэ дыдэм къыщыхэлъэтри фийуэ зиIэтыжати, абыи схутегъэхуакъым. Бзу лIэужьыгъуэу е хьэкIэкхъуэкIэу къэбукIынышхуи щыIэтэкъым мы щIыпIэм. Сэри абы сыщыгъуазэт. ИтIани – хэт ищIэрэ жысIэри – си закъуэрыуэжьыр си плIэм илъу нышэдибэ къэзунэтIат илъэс 20 ипэкIэ фIыщэу сцIыхуу щыта мэз цIыкIумкIэ.

Дысабийуэ пхъэ гъур щыпэ куэдрэ дыкъакIуэрт мыбы. Дэнэ деж сыт хуэдэ жыг итми, псынэ иIэми, дэтхэнэ гъуэгум дэнэ уишэнуми а лъэхъэнэм тщIэрт.
Сэ къэзгъуэтыжащ пхъэ пхыр зырыз тIыгъыу кIапсэлъэрышэу дыкъызэрыкIуэжу щыта лъэс лъагъуэр. Джабэм дыкъыдэкIыжа нэужь зыгъэпсэхупIэу диIэ бгыпэ тIэкIури къэзгъуэтыжащ. Гъуэгубгъум пэмыжыжьэу псынэ зэриIэр къызэрысщIэжу, абы щыщ семыфэнкIэ Iэмал имыIэу псы сыхуэлIащ; езы псынэри слъэгъуащэрэт жысIэу сигу къихьащ.
Гугъущэ сыдемыхьу къэзгъуэтыжащ пcынэр зыхуэзэр, ауэ куэд щIат ар зэрысеижрэ. Гъуэгубгъу лъэныкъуэр нэхъ уэхт икIи псыIэ-псыIэу щытт, мащапIэр иджыри къыхэбелджылыкIми, кумбыр хэгъуэщэжын нэсат, удзи къикIэжат.
Абы сыхэтурэ шэджагъуэ нэужьи хъуащ, уафэр зыIэзыбжьэм къызэщIэуфIыцIэри уэшх пIащэ зырыз къызэпхидзу щIидзащ.
Мэзым къыхэзгъэзыкIыжащ, си занщIэр си гъуэгуу.
Лъэбакъуэ зытхух нэхъ къэзмыкIуу мей ныкъуэжьым сыкъыIууащ. Ар занщIэу къэсцIыхужащ, сымыщIэххэуи къызжьдэлъэтащ: «ПыжьпытIыгу!»
Сэ иджыри сщIэркъым а псалъэм къикIIауэ. ИгъащIэми зэхэсхакъым а зэм фIэкIа. Щызэхэсхари мыбдежщ. Мей ныкъуэжьыр мыхъуамэ, сщIэжыххэнтэкъым апхуэдэ псалъэ щыIэуи.
ПыжьпытIыгу… ПыжьпытIыгу… Абы нэгъуэщI зы псалъи и гъусат… А псалъэр, зи пкъыр пIэщIэгъупщыкIыжа уэрэду, си жьэм жиIэртэкъым, си гум щыпIэжьажьэрт.
ПыжьпытIыгу… ПыжьпытIыгу… Иджыпсту слъагъу хуэдэу си нэгу щIэтщ. Нэхъ къуейщIей дыдэу къытхэт Нурхьэлий, псори дызэхъуапсэ и хьэмкIутIей баш цIыкIур иIэтри, жиIащ: «Хэт мо мей ныкъуэжьым щIэувэу, и гупэр БещтокIэ гъэзауэ, «ПыжьпытIыгу! Мэмлацэ!» - жиIэу кIиифми, си башыр абы ейщ!»
Мэмлацэ… Арат къысхуэмыщIэжу сызэлIэлIа псалъэр. «ПыжьпытIыгу! Мэмлацэ!» жызыIэфын къытхэкIакъым илъэси 9-I0-м ит щIалэ цIыкIу гупым. Дэ къэтфIэщIа хъунт ар пабжьэм къыхэжу дызыIурызыдзэн псэущхьэ шынагъуэ гуэрхэм я цIэу. Апхуэдэу къытфIэмыщIэнкIи Iэмал иIэтэкъым асыхьэтым Нурхьэлий зылъэгъуа дэтхэнэ зыми: абы и щхьэц плъыжьым зрисат, зы бэлыхьлажьэ къызэрыхъунум пэплъэ хуэдэ, и пкъыр жат, ушынэнумэ, уигъэшынэн къудейуэ и макъым зригъэхъуэжат, и нитIыр къижырт.
Хахуэ къыщытхэмыкIым, Нурхьэлий ину къэдыхьэшхащ, езыр лъэбакъуэхъуу кIуэри, мей ныкъуэжьым щIэуващ, и гупэр БещтокIэ игъазэри, и макъ къызэрикIкIэ «ПыжьпытIыгу! Мэмлацэ!» жиIэри кIиящ.
Мей ныкъуэжьым нэхъ гъунэгъуу секIуалIэри, илъэс 20 ипэкIэ къысщыщIа щIэщхъур згъэзэкIуэжу, сыкIиящ: «ПыжьпытIыгу! Мэмлацэ!»
ЗэрызгъэщIэгъуэнур сымыщIэу гурым макъ ин гуэр къэIуащ, абы иужьым кIэщIу иту, мэз псор дэпсалъэу, Iэуэлъауэ макъышхуэ зэхэсхащ.
Сэ иужькIэщ къыщызгурыIуэжар уафэр гъуагъуэу щыбли зэрыуар…

Къэжэр Хьэмид.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ