НэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэхэр

Адыгэбзэм псалъэ куэд хэтщ нэгъуэщIыбзэхэм къыхэкIауэ. Псалъэ нэхъыбэ дыдэ къыхэкIащ урысыбзэм, хьэрыпыбзэм. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэмрэ а лъэпкъхэмрэ я зэпыщIэныгъэм къишащ абыхэм я псалъэ куэд адыгэбзэм къызэрищтар.

НэгъуэщIыбзэм къыхэкIыу (псом хуэмыдэу урысыбзэм) ди бзэм псалъэ къыщыхыхьэкIэ, бзэм имыIэ макъхэр иIэхэмкIэ зэрехъуэкI е зэрыщыт дыдэм хуэдэу къещтэ.

Псалъэм папщIэ, «къэзакъ», «кIэнфет». Я бжыгъэкIэ нэхъ мащIэми адыгэбзэм хэтщ алыджыбзэм, латиныбзэм, куржыбзэм къыхэкIа псалъэхэри. Урысыбзэм къыхэкIа псалъэхэр нэхъыбэу щэнхабзэм, щIэныгъэм, техникэм епхащ. УнэлъащIэм епха псалъэ куэди къищтащ адыгэбзэм.

НэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэхэм щхьэхуэныгъэ яIэщ, бзэм езым и псалъэхэм химыгъэгъуащэу. Адыгэбзэм хьэрф  р-кIэ къыщIидзэ псалъэ диIэкъым. Урысыбзэм къыхэкIа псалъэхэм мы хьэрфым дыщыхуозэ (ракетэ), ауэ хьэрэкIытIэ псалъэри къыщагъэсэбэп щыIэщ.

ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, бзэм псалъэ къыщыхыхьэкIэ фонетикэ и лъэныкъуэкIэ зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр егъуэт: «ярмаркэ», «жармыкIэ». НэгъуэщIыбзэм къыхэкIыу бзэм къищтэ псалъэхэр нэхъыбэу щыIэцIэщ. ЩыIэцIэ зэдайхэм нэмыщIи, топонимхэри, антропонимхэри нэгъуэщIыбзэм къыхэкIауэ щытынкIэ хъунущ.

Тыркубзэм къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьа псалъэхэр нэхъыбэу зи фIэщыгъэцIэу щытыр унэлъащIэм щыщ хьэпшыпхэрщ, шхын, щыгъын, вакъэ лIэужьыгъуэ хуэдэхэрщ. Апхуэдэу къыдогъэсэбэп псэущхьэхэм, къэкIыгъэхэм, сатум, дунейм и къэхъукъащIэхэм ехьэлIахэри.

Шагъыр Амин къызэрилъытэмкIэ, тыркубзэм, хьэрыпыбзэм, ираныбзэм къыхэкIа псалъэхэр гуп зыбжанэу зэщхьэщыбгъэкI хъунущ.

 Динымрэ мифологиемрэ ехьэлIа псалъэхэр: бегъымбар, молэ, дин.

Пыухык1ауэ зыми емыпха псалъэхэр: акъыл, нэмыс, мылъку, зэран, хьэтыр.

ЩытыкIэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр: балигъ, Iэдэб, хьэлэмэт.

Псэущхьэхэм я цIэр къэзыIуатэ псалъэхэр: аслъэн, къаплъэн, алащэ, номин.

КъэкIыгъэхэм я цIэ къизыIуэ псалъэхэр: хъарбыз, прунж, жэгундэ, къэтхъэнсолыкъу, къэзмакъ.

Щыгъын, щэкI лIэужьыгъуэхэм я фIэщыгъэцIэр: къэптал, шырыкъу, шухьэ.

Зэман пыухыкIа гуэр къэзыгъэлъагъуэхэр: сыхьэт, дакъикъэ, шылэ.

Сатум ехьэлIа псалъэхэр: сату, бэзэр, ахъшэ, сом, апэсы.

Зауэ хуэIухуэщIэм ехьэлIа псалъэхэр: топ, лагъым, сагъындакъ.

Суд хуэIухуэщIэм ехьэлIа псалъэхэр: уэчыл, щыхьэт.

ЩIэныгъэм ехьэлIа псалъэхэр: хьэрф, Iэлыфбей, жинт, хъэтI, мэрчэп.

Псалъэ зэхуэмыдэхэр: бысым, дамыгъэ, баз.

Поделиться: