Шу закъуэ

КIэрашэ Тембот
Романым щыщ пычыгъуэ
Шэджагъуэнэужьым, махуэр бгъащхъуэуэгъуэм щынэсым, джэгур зэпагъэуащ. ЦIыхуу абы щызэхэтар къызэрыIэтри, лъэсыр лъэсу, шур шууэ, къуажэбгъум зэрыдэхащ. Пщащэхэри хэт шыплIэкIэ дахащ, хэти гукIэ дашащ. ЛIыгъэкIэ зэпеуэу джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхаублащ.
Нэщанэ еуэнырщ япэ ирагъэщар. Нэщанэ еуапIэхэр ягъэхьэзыракIэт. ШабзэкIэ, къэлаткIэ, фочкIэ зэпеуэхэм я увыпIэр щхьэхуэт.
Губгъуэм жыгыжь зырызхэр итт, зэгуэр абдеж щылъа мэзышхуэм къыщIэнауэ. Жыг къудамэхэм джэдыкIэр вакъэнжейкIэ пащIащ - шабзэрэ къэлаткIэ нэщанэ еуэнухэм папщIэ. Фочауэхэм я нэщанэуапIэри ягъэбелджылащ: зы пхъэ дакъэжь и нэкIур хъурейуэ ирабзащ, абы и гузэгум дыдыпэ хаIужащ. Лъэбакъуэ щитIкIэ къэуврэ дыдыпэр фочышэ закъуэкIэ пызыудыр текIуауэ ялъытэнущ.
Ерстэм, и бысымым щIыгъуу, шу гупым яхэтщи, лъэныкъуэкIэ увауэ яхоплъэ. ФIэгъэщIэгъуэну яхэплъэ зищIми, абы и нэм къалъыхъуэр Суандщ. Ауэ ар илъагъуркъым. Пщащэхэр щызэхэт лъэныкъуэмкIэ джэгу тIэкIу щызэхашауэ къыщофэхэ — щызэпеуэнур къэсын и пэ, щIалэгъуалэм зытрагъэу.
Абыи яхилъагъуэркъым Суанд.
- АтIэ Суанд пщащэм яхэту слъагъуркъыми? - йоупщI ар Батым.
- Суанд къыдэкIакъым, - жиIащ Батым, хьэщIэм и упщIэхэм къыхэща гумэщI щэхум гу лъимытэххэу. - Суанд гуащэнысэм бгъэдэт пщащэхэм ящыщщ. Гуащэнысэм къыбгъэдэна хъунщ… - Заул дэкIри къыщIигъужащ:
- ЗэрызэхэсхамкIэ, гуащэнысэм Темгъэнхэ я унагъуэр и щIасэкъым. ЛъхукъуэлI унагъуэ зэрырахьэлIамкIэ арэзы хъункъым, лажьэ зимыIэ унагъуэр лажьэ хидзауэ жаIэ. Захуегъэгусэ, захуегъэбэг, я ерыскъыи игу иримыхь зещI. И нэщхъ щызэхихыркъым унагъуэм. Абы кIуэцIылъыр пщым ягущ.
Ерстэм абы зыри пидзыжакъым. Зиущэхужащ. Батым къыжриIа хъыбарри игъэщIэгъуакъым — гуащэнысэхэм сыт хуэдэгу якIуэцIылъми ар фIыуэ щыгъуазэт…
Суанд щахимылъагъуэм, Ерстэм и гур щIыIэ хуэхъужащ зыхыхьа джэгум. Насып хъуэпсапIэу плъэгъуар, зэ кIуэдыжыгъуэти, бзэхыжауэ къыщыхъуащ. Джэгум кърита гухэхъуэгъуэри напIэзыпIэм еупIэхыжауэ къыфIощI. ГугъапIэр нэщI зэрыхъужари хъуэпсапIэ нэхугъэр зэрыкIуэсэжари къыгурыIуэжащ. Ауэ езы пщащэр и нэгу щIэтщ иджыри - и напIэ къиIэту къеплъынкIэ иримыкуу…
«А пщащэм фIыуэ илъагъур илъагъупэнщ. Си насып къихьынкIэ гугъапIэ сиIатэмэ, си псэ себлэжынтэкъым, мы жылэ зэхэтым яхэсхынти, яфIэсхьынт… Арщхьа сыт… Сыт си Iэмал?.. Гуащэ къызошэ жысIэри, си унэ блащхъуэ изгъэтIысхьащ…» - жери, Ерстэм и нэгу зэхэуащ.
Ерстэм зэрыхамэр - зэрыхьэщIэр - иджыпстущ нэхъ щызыхищIэпар. ДжэгункIэ зэпеуэхэми яхыхьэнкIэ гукъыдэж иIэжкъым, ари къригъэкIуркъым.
Уэркъ щауэ шууищ Ерстэмрэ Батымрэ къабгъэдыхьащ. Батым иш къуабэбжьабэжьыр щIалэхэм ней-нейуэ зэпаплъыхьащ. IукIуэтыжа нэужьи ящыщ зым, къызэплъэкIыжри, шыр ауан къищIащ:
- Мыр зытесыр махъшэ хьэмэ къыдыр?..
Уэркъ щауэхэр зэрыгъэдыхьэшхащ. Батым, ар щхьэкIуэ щымыхъуу, якIэлъидзыжащ:
- Махъшэкъым икIи къыдыркъым. НэщIгъущIыдзэщ. ФымылъэгъуагъэнкIи хъунщ апхуэдэ. Фызышхынур аращ, фымыщIэмэ.
Ерстэм, мащIэу пыгуфIыкIри, жиIащ:
- Уиш мураду хуиIэмкIэ дэгъуэу къыхэпхащ, Батым: уэркъхэм я нэ къыфIэнэнкъым.
- Уэркъым плъапIэ-кIуапIэ уащIыным ущIэмыхъуэпс, - и щхьэ хужиIэж щIыкIэу, къыпидзыжащ Батым.
Нэщанэ еуэну фочауэхэм я нэхъыбэр уэркъ щауэщ, лъхукъуэлIу яхэтыр зырызщ. Шабзэ зэIузыдзахэр лъхукъуэлI защIэщ. Фочыр къежьа нэужь, уэркъым шабзэр зэрамыпэсыж хъуат.
Батым шабзауэхэм яхыхьэн и гугъащ Ерстэм, абы и шэрыуагъэр зыхуэдэр ищIэмэ, фIэигъуэт. Ауэ адрейм нэщанэ еуэнухэм яхыхьэн мурад имыIэ хуэдэщ. КъыщIигъанэр езырауэ шэч ищIащ — и хьэщIэ къигъанэу хыхьэжын къригъэкIуа хъункъым.
- Нэщанэ еуэн щIадзэ, Батым, уахыхьэнукъэ? - еупщIащ абы Ерстэм. - Уи еуэкIэ слъагъуну сфIэигъуэщ, аращ сэ нэхъ сызыпэплъэр.
- Уи шэрыуэ бгъэлъэгъуэнуи узыхуэмейщ. ЛъхукъуэлIыр шэрыуэмэ, уэркъым дежкIэ зэрышынагъуэр пщIэркъэ?
- ЗэрыжыпIэмкIэ, уэркъхэр къыпщышынэн хуэдэу, ушэрыуэщ! - игъэщIэгъуащ Ерстэм.
- Сызэуэм сытемыхуэнумэ, шабзэр сыт щхьэкIэ къеслъэфэкIын.
Нэрыбгэ зыхыбл къабгъэдыхьащ абдежым. Къабгъэдыхьахэр лъэст, дыгъуасэ пщыхьэщхьэ Батым и хьэщIэщым нэIуасэ къыщыхуэхъуахэм ящыщщ. Имылъэгъуауэ, нэIуасэ зыхуэмыхъуауэ яхэтыр тIут.
Шым къепсыхри, Ерстэм къабгъэдыхьахэм я Iэ иубыдащ.
- Щхьэ ущыт, Батым? — къеупщIащ къабгъэдыхьахэм ящыщ зы.
- Сыщымыту сылъэтэн атIэ? - дыхьэшхащ Батым.
- Уахыхьэнукъэ нэщанэ еуэнухэм? Шабзэр алейкIи къыздэпщта?
- Аращ сэри жесIэр, - Ерстэми и псалъэ яхидзащ. - Уи шабзэ игъэхъэфынум дегъэплъ жызоIэ.
- Ар уи хабзэкъым, Батым, - уи хьэщIэ фIэигъуэр хуумыщIэну. Нобэ къэхъужар сыт? - нэхъри ирахухьу къызэдежьу хъуащ псори.
- ШабзэкIэ хуэмыхуу щытакъым Батым. Иджы зыгъащтэр тщIэркъым.
- Уи насып ятекIуэмэ, мэл щIагъуэр уи Iыхьэщ - уи хьэщIэм нышыпхъэ хуэхъунщ, дэри дыдэтхъэнщ…
- Ар мыхъуми, си хьэщIэ нышыншэ хъункъым.
- Нэщэнэ даущыр зыпылъыр адрей нышыпхъэ къызэрыкIуэм яхуэдэн! ХьэщIэми нэхъ фIэфI хъункъэ! Аркъэ, ди хьэщIэ, абы уэ сыт къепIуэтылIэрэ?
- Си бысымым цIыхум я пащхьэ щытхъу къыщихьмэ, си гуапэ мыхъупIэр иIэ! А щытхъум щыщ тIэкIуи сэ къыслъысынкъэ! - пыгуфIыкIащ Ерстэм.
Сытми, Батым акъылэгъу къащIащ:
- Хъунщ абы щыгъуэм - ди хьэщIэм апхуэдэу щыжиIэкIэ. Ди хьэщIэм и насып текIуауэ, садеуэнщ, - жиIэщ, шхуэмылакIэр щIалэхэм ящыщ зым IэщIилъхьэри, Батым ежьащ.
Нэщанэ зэдеуэнухэр зэгурыIуащ: джэдыкIэр зыфIащIа жыгым лъэбакъуищкIэ бгъэдокIуэтри, дэтхэнэри щэ мауэ, щэ уэгъуэм джэдыкIищ зыкъутэрщ текIуауэ ялъытэнур.
Батым и пэкIэ еуахэм зы джэдыкIэ зыкъута къахэкIащ, ауэ джэдыкIищ зыкъутэфын къэувакъым. Зым джэдыкIитI икъутат, ауэ ещанэм техуэжакъым…
Батым и чэзури къэсащ. И псалъэ зэрышэрыуэрэ лIыгъэ зэкъуэущэхуа зэрыкъуэлърэ къыдащIэрти, зыхэс хьэблэр, бэкIэ къыщыгугъыу, къыдощI:
- Ди хьэблэ и напэ тепхынщи, тезыр птетлъхьэнщ!
- Укъимыгъэгугъэмэ, къыхэкIыжи, нэхъыфIщ!
- Мэз бжэнкъым зэбгъапщэр - хуэсакъ!
Батым ядогушыIэж:
- Сызыщогугъыж жысIэу сыкъакIуэу сыкъыхэувакъым. Си хьэщIэ и цIэ тесIуауэ, соуэ, аращ сытезыгъэгушхуар. Си хьэщIэм текIуэныр дапщэщи и натIэщи, абы сыщыгугъынущ.
Нэхъыжьхэм ящыщ Батым къыхуэхъущIащ:
- А, хуэмыху, угушыIэурэ ди хьэщIэм емыкIу къебгъэхьынщи, зэрыкIэмыргуейуэ ди напэр тепхащ!
- Хьэуэ, ГуIэтыж, ди хьэщIэм абыкIэ сыгурыIуащ: сэ хуэмыхуу сыкъыщIэкIмэ, ди хьэщIэм сыкъыдихыжынущ.
- КIуэ, хъунщ. Еуэ. Нэхъ лъэбакъуэхъуу ув! - пидзыжащ къытричхэм ящыщ зым.
- Зауэ е щакIуэ ущыIэу пIэщIэгъуэкIэ уеуэн хъумэ, лъэбакъуэхъу увыгъуэрэ гъэпсыгъуэрэ уихуэжынкъым! - хуидакъым абы. - КIуэрыкIуэм тету тебгъахуэмэ, аращ армыхъу…
Ар жиIэри, Батым нэщанэуапIэ гъунапкъэм lyxьащ. ЗэрыIухьам тету, и шэрэ и бзэрэ зэIуидзэри, тригъэпсэнми емылIалIэу, уащ. Зы джэдыкIэ икъутащ. ЦIыхур зэрыгъэIэуэлъэуащ.
Адрей уэгъуитIри, апхуэдабзэу псынщIэу зэкIэлъигъакIуэу, иутIыпщащ. ДжэдыкIитIри зэдыщIэкIыу зэкIэлъикъутащ.
Уэркъ щIалэхэр, зыри жамыIэу, зэплъыжащ. ЛъхукъуэлIхэр щызэхэт щIыпIэхэмкIэ гуфIэ макърэ гушыIэрэ къиIукIащ. Батым, цIыхум жаIэми пымылъыжу, и шабзэшэхэр къигъуэтыжри, цеикIэкIэ зэпилъэщIыхьыжащ, и шабзалъэми ирилъхьэжащ.
Батым нэщанэм зэрытригъэхуар Ерстэм игъэщIэгъуакъым. И хьэщIэм и цIэ триIуауэ жылэм щыхагъаIуэм Ерстэм къыгурыIуат Батым игурэ и щхьэрэ зэрызэтелъыр. АбыкIэ игурэ и щхьэрэ зэтемылъатэмэ, апхуэдэу жиIэнтэкъым — хьэщIэм емыкIу дауэ къригъэхьынт! ХьэщIэр джэгупIэ езыгъэщI, Iеи фIыи, адыгэм я лъэпкъ къэхъуакъым.
Ерстэм игъэщIэгъуар нэгъуэщIщ: Батым и уэкIэращ.
Шабзэм и щIэши и уи зы пщIыуэ нэщанэ цIыкIу дыдэм, лъэбакъуищэкIэ упэщыту, тебгъэхуэныр — ар зылъэкIынур шэрыуэ егъэлеярщ. Езы Ерстэми, фочрэ къэлатрэ зригъэгъуэтыху, ирикъункIэ пылъащ шабзэм. Хуэкъулей хъуауэ, я нэхъ шэрыуэу ялъытэм ящыщащ. Ауэ щIэх хуэхъуакъым абы хуэкъулей, абы и щэхур къыIэщIэмыхьэурэ бэрэ елIэлIащ. Мэз бжэн еуэн хъумэ, мыуэщхъуу, ауэ нэщанэ цIыкIу щеуэкIэ щыуэщхъу къыхэкIыу щытащ. Сыт хуэдизу елIалIэу иригъапщэми, къызыхэкIыр имыщIэу зэм техуэрт, зэм блэукIырт. Ар щхьэкIуэ щыхъуу, иризэгуэпу, апхуэдэу щIэхъур къищIэн лъэмыкIыу, нэщанэ еуэныр нэрыгъыу иубыдри, куэдрэ елIэлIащ. Сытми, куэдрэ пылъа, мащIэрэ пылъа — и щхьэусыгъуэр къихутэн лъэкIащ. «Мастэнэм ирегъэкI» жыхуаIэ шабзауэм и шэрыуагъыр лIым и гуащIэми, Iэм и быдагъми, IэпэIэсагъэми емылъытауэ къыщIэкIащ. Ар шабзэшэм пылъ шапэми, абы и инагъ-пIащагъми, и щIыкIэкIэ зэрыгъэпсами, езы шабзэшэм и захуагъми, ар зэрыупсами елъытат. КъинэмыщIауэ, шабзэшэр шабзэкъум зэребгъэубыдми мащIэ иIыгъкъым. Шабзэкъум и щIэшыкIэми уесауэ щытын хуейщ. Жьыр къыздеуэ лъэныкъуэри Iуэхум къыхыумылъытэу хъунукъым. Бзэпсыр зыхуэдэми куэд епхакъэ: щIэп гъэща бзэпсымрэ данэ бзэпсымрэ зэхуэдэ хъункъым, а тIуми яхуэмыдэххэр шыкIэ бзэпсырщ. УуэщхъункIэ укъыхэмыщтыкIыжу нэщанэ уеуэн папщIэ, а псор уи гуащIэрэ уи Iэзагъэ дэлъытэн хуейуэ къыщIэкIащ. Езым игъэунэхуауэ ещIэ ар Ерстэм. Ауэ мы и бысым лъхукъуэлI щIалэщIэм и акъыл а псом дапщэщ щынэсар?!
- Мэз бжэным езыгъапщэу, мыщэ къэзыукIам ещхь сыхъуащ. Апхуэдэу сышэрыуэу сщIакъым, ар зи фIыгъэр уэращ, ди хьэщIэ, уи насыпым къихьащ, - пыгуфIыкIыу къыбгъэдыхьэжащ Батым и хьэщIэм.
Батым къызэрыбгъэдыхьэжу, Ерстэм Iэбэри, абы и шабзалъэм зы шабзэшэ кърихащ. Шэч зэрищIауэ къыщIэкIащ: шабзэшэр шабзэкъум щытрилъхьэмрэ бзэпсым щригъэкIумрэ фIыцIагъэкIэ хэгъэбелджылыкIат. КIэлъыIэбэри, и IэмыщIэм из шабзэшэ кърихащ. Зэпиплъыхьащ. Нэхъыбэм я кIапэм къуалэжь бзий пылъщ. Къуалэжь ныбэкIэхум и бзий пылът шабзэшипщI хуэдизым. Апхуэдэ шабзэшэрщ кърым бэзэрхэм нэхъ щагъэлъапIэр. Ар ищIэрт Ерстэм, и нэ занщIэу къыщIыфIэнари арат. Адрей шабзэшэхэм яхуэдэтэкъым ахэр, дэгъуэ дыдэу щIат, псори зэщхь защIэу, зыгуэркIэ зэщхьэщыкIыу гу лъумытэну…

Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ