ГъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр

Зыри пхуэсщIэфынукъым

 ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, журналистхэм яхэтащ колхозхэм, совхозхэм кIуэурэ тIэкIу яфIефэн-яфIешхэн, якIэрышхыхьын зимыжагъуэхэр. Зы гъэ корреспондентитI зэщIыгъуу кIуат Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ колхоз гуэрым. Ятхынур зэфIэкIа нэужь, колхоз тхьэмадэм къыгурыIуащ щIалэжьитIым зы бжьэ щадзмэ, шэджагъуашхэ ящIмэ, зэрамыжагъуэр. Езыр хущIыхьэртэкъыми, и шофёрыр къриджэри жриIащ:
  - Ди хьэщIэхэр шхапIэм шэи тIэкIу егъэдзакъэ. Сэ отчётым иужь ситынущ, сыхущIыхьэркъым. 
  Шофёрым ахъшэ иритри зэбгъэдэкIыжащ. Абы щIалитIыр и машинэм иригъэтIысхьэщ, шхапIэм ишэри, Iэнэ хъарзынэ къахузэригъэпэщащ, зы аркъэ абджи къахуищтащ. Iэнэр яухъуэнщIауэ къэтэджыжын гъунэгъу щыхъум, корреспондентитIым язым жеIэ:
 - Уэрей, зызмыгъэнщIа, Iэнэм телъам хуэдизыбзэ иджыри схуэшхынум. Фадэм Iейуэ си шхэныгур къегъэхъей. 
 Шофёрыр тIасхъэ цIыкIуу къыщIэкIынтэкъыми, абы пидзыжащ:
 - Зыри пхуэсщIэфынукъым, председателым къызита ахъшэм къыщIэкIымкIэ фызгъэхьэщIащ. 

ЩIэщхъу

 Зы гъэ, гъэмахуэку мазэу, ди лэжьапIэм и автобусымкIэ гъуэгуанэ дытеуват Каспий тенджызым и Iуфэ махуэ зытIущкIэ дыщыIэн мурадкIэ. ЦIыху I5 хуэдиз дыхъурт зэлэжьэгъухэр. ДыздэкIуэм къуажэ, къалэ дызыблэжхэм дыкъыщыувыIэурэ псы къэтщэхурт, цIыхухъухэм IэфIыкIэ, морожнэ бзылъхугъэхэм щхьэкIэ къащтэрт. ЗылI дигъусэт Мурадин (и цIэр зэсхъуэкIащ) жари. Хуабжьу къузгъунт. «Мурадин, ди хъыджэбзхэм морожнэ зырыз къахуэпщэхум хъуркъэ», - жаIэу къраIуэкI щхьэкIэ, дыхьэшхыпцI зищIырти, жэуап яритыжыртэкъым. Автобус кIуэцIым тIэкIу дыщедзакъэми къытхыхьэртэкъым. Езым иIыгъ гъуэмылэм къыпишхыкIырт хуэм цIыкIуурэ. Дагъыстэн щIыналъэм дихьауэ зы къуажэ гуэрым деж дыкъыщоувыIэ. Ди гъусэ жьэнахуэхэм ящыщ зы мо лIым щохьэпэ:
  - Мурадин, ди хъыджэбзхэм хъарбыз яшхыну хуейщ. Зы къахуэпщэхумэ, хъуркъэ. 
 Мор укIыта, сытми, хъыджэбзитI зыщIегъури, хъарбыз зыщэм бгъэдохьэ:
 - Дапщэ и уасэр?
  - КIэпIейкIэ 70, - урысыбзэкIэ жэуап къретыж. 
 - Зы къызэт-тIэ. 
  ЦIыхубзым хъарбызыр тэрэзэм трелъхьэ, ешэч, апщIондэху Мурадиным и жыпым сом кърехри еший:
- Мыбы сомищрэ ныкъуэрэ хуозэ, - жеIэ хъарбызыр зыщэм.
- Сыт щхьэкIэ? - къоуIэбжь Мурадину плъагъур, - кIэпIейкIэ 70 жыпIати?
- Ар килограммым хуэзэу аращ. Мыр килограммитху мэхъу.
Сыт ищIэжынт Мурадин, и лэжьэгъу цIыхубзитIыр къыбгъурытт, и гум къыщIитхъыпэурэ сомитху зэгуэт и жыпым кърихри, хъарбызыр къищэхуащ.

Адыгэбзэ ныкъуэ

 Ди кхъэхэм уихьа нэужь, сынхэм тетхам уеплъмэ, укъоуIэбжь. Языныкъуэхэм щыуагъэ зыхэт адыгэбзэкIэ, адрейхэм урысыбзэкIэ тратхэ. А цIэ-унэцIэ тIэкIум щыуагъэу хащIыхьыр сыт хуэдиз. КъимыдэкIэ, ущыадыгэкIэ, уи цIэ-унэцIэри адыгэбзэкIэ тетхэн хуейщ. Ярэби, апхуэдэу IэхъуэгъуэтегъэкIыу щхьэ бгъэдыхьэу пIэрэ а Iуэхум? Дунейм ехыжар зейхэр адыгэбзэкIэ тэмэму мытхэфмэ, къуажэм дэскъэ ди бзэр езыгъэдж е щыуагъэншэу тхэ? Абыхэм ечэнджэщ хъунукъэ? 
 

 

Саут СулътIан.
Поделиться: