ДЫГЪЭНЭХУРассказ кIэщI Аращ зэреджэр пщэдджыжь къэс куэбжэпэм къыдэувыкI нанэм. Уэршэрэгъуи, псалъэгъуи куэд щIауэ къилъыхъуэжыртэкъым абы. Щимылъэгъужари сыт абы илъэсищэм щIигъуауэ зытет мы дунеижьым, жыпIэнкIи хъунщ. Ущоуэ - езы дунейрщ абы хуейр. Ар дыгъэщ, щыдыгъэкIэ - нэхущ. Езы нанэри а и фIэщыгъэм и IуэхутхьэбзащIэ къудейуэ аращ. Пщэдджыжьым а зы пIалъэм къыдэкIын хуейщи, къыдокI, и нэгу лъэгъугъуэфIащэм гуфIэгъуэр сыт щыгъуи кърихын хуейщи, блэкIми къыблэкIыжми яхуогуфIэ Зы мэскъалкIэ ар и щхьэм хуиту щытамэ, а зэрыт лъэмбым ибэкъукIынти, нэгъуэщI мыхъуми а и пащхьэм къит тетIысхьэпIэ бгъуфIэшхуэм щетIысэхынт. Хьэуэ, ар зэфIэту щытынущ а зыпэплъэхэр гъунэгъу къэхъуху… Къакъэ - пщIыпщIу мо къуажэ уэрамышхуэм тету къызэрохьэх школым кIуэ сабийхэр. Ахэр щилъагъукIэ иджыри къэс щыму щыта Дыгъэнэху и лъакъуэ цIыкIуитIыр къемыдэIуэжу, а зэрыт пIэм иуджыхьу хуожьэ. Ар зыуэ мэгуфIэ, ар зыуэ мэгуфIэри, абы и гурыгъу - гурыщIэм унэсын папщIэ зэ нэхъ мыхъуми плъэгъун хуейщ ар. - Си псэр зэзгъэшхын цIыкIухэ, фыкъэса. ИIэт иджы, псори си хъуреягъым фыкъеувэкIи, нанэ Тхьэ фыхуелъэIут,- ар жиIэурэ абыхэм япожьэ Дыгъэнэху. Есэжарэ, апхуэдэу щытын хуейуэ фIэкIа ямыщIэу абы есэжа цIыкIухэми зэрызехьэу нанэр къаувыхь, яIэ цIыкIухэр уафэм хуашийри, зищIыс къимынэу Тхьэ елъэIуу щIадзэ: - Я Аллыхь лъапIэ, нанэ тхуэгъэпсэу, я Аллыхь нанэ тхуэгъэузыншэ… - Куэдрэ, куэд Iейрэ тхуэгъэпсэу жыфIэ! - зрегъэзэхуэж абыхэм я псалъэр Дыгъэнэху. Япэ сабий гупышхуэр блокIри, абы я пIэм Щыгу хьэблэмкIэ къезыгъэзыха цIыкIухэр къоувэ, ауэрэ къос Лъэгудэсхэри. Тхьэм елъэIуныр зэфIэкIыу, цIыкIухэр я гъуэгу теувэжа нэужь, Дыгъэнэху нанэ ахэм якIэлъоплъыж и нэм къимыубыдыжыху, якIэлъыплъыжыхуи жиIэр зыщ: Я, Аллыхь, закъуэ, лъапIэу лъагэ, мы цIыкIу къомым, абыхэм къатепщIыкIыжхэм я гуфIэгъуэ кIыхь сыкIэлъыгъэплъ… Ахэр еджапIэм къыщикIыжкIи аргуэру Дыгъэнэху къапежьэнущ, апщIондэху модрейхэри Тхьэ елъэIунут. Хэтыт жызыIэфынур сабийм я тхьэлъэIур Тхьэшхуэм зэхымыхыу…
Поделиться:
Читать также:
05.08.2026 - 16:23 →
Сабийхэм къахуэщхьэпэн защIэщ
03.08.2026 - 19:28 →
Уэрэд
30.07.2026 - 15:08 →
Тхьэпэлъытэ Iуащхьэмахуэ
30.07.2026 - 12:36 →
ЗЫ ТХЫБЗЭ ДИIЭНУ ДЫХУЕЙМЭ
29.07.2026 - 13:27 →
ЛIэщIыгъуэкIэрэ зэIэпахырт
| ||




