Жьы хъуа псалъэхэр

ЛIакъуэлIэш - Представитель кабардинского дворянского сословия, стоявшего на втором месте после князей. Я тепщэныгъэкIэ къэбэрдеипщхэм къакIэлъыкIуэу щыта уэркъ лъэпкъым къыхэкIа цIыху. ЛIакъуэлIэшхэр щхьэхуэу зэхэтт, джэгум нэхъ хуиту щахэплъэн увыпIэ яубыдауэ.
* * *
Матэкъуаншэ - Большая корзина для хранения продуктов и вещей. Шхын гъур хьэпшып зэрызэрахьэ къу къуаншэ зытет матэшхуэ. Матэкъуаншэ ярылъщ выгухэм, зи гупкIэм ныш ныси гъунэжщ.
* * *
Мэхъаджэ - Грозный, скверный, противный. Шынагъуэ. КъуэкIыпIэ лъэныкъуэм я къамэ гъэшари яузэхужащ адыгэм, иIэу, гъунэгъуу узэрихьэлIэмэ, бгъэзэнкIи урипыджэнкIи мэхъаджэу.
* * *
Мырзэ - Мурза. Кърым нэгъуей тэтэрхэм я феодальнэ унагъуэм щыщ цIыхухэм зэреджэу щыта. Адыгэ хэкумкIэ ар пщы-уэркъхэр аращ – нэгъуэщI хэку зэрыхьэмкIэ – хъанхэрщ, мырзэхэрщ, бейхэрщ.
* * *
Нэрыбгэ - Человек. Щхьэ бжыгъэр къыщабжкIэ цIыху мыхьэнэр иIэу къагъэсэбэп псалъэ. Унагъуэ къэс я нэрыбгэ зырыз пэрытщ – мэлыхъуищ мэхъу.
* * *
Пхъэ вакъэ - Деревянные башмаки, сабо. Пхъэ вакъэм тету пщащэхэм яхэту щилъагъум, зи ныбжь нэса зи шэгъуэ хъыджэбзу къыфIэщIат, ауэ иджы пхъэ вакъэм къехри мест щабэкIэ къыдэкIащи йоплъри щIалэ дыдэщ.
* * *
ПщылI - Крепостной крестьянин. Пщым залымыгъэкIэ игъэлэжьэну зыхуиту щыта цIыху. Уэркъыр и пщылI зэрыдекIуэкIынумкIэ хуитщ, езыращ хуитыр, хамэр хуиткъым.
* * *
Сагъындакъ - Вид старинного оружия типа лука. Пасэрей шабзэ лIэужьыгъуэ. ЖыжьаплъэкIэ гу лъимытауэ, щIалэм и сагъындакъырщ Ерстэм игъэщIэгъуапэр – тхыпхъэщIыпхъэ защIэщ.
* * *
Сэрей - Высокая ограда; дворец. Пащтыхьыр зыщыпсэууэ щыта.
Сэрейм къыбгъэдэкIуэтыху жэрыгъэкIэ къэкIуащ. Уэрам цIыкIур нэхъ цIыху зекIуапIэ уэрам гуэрым щытехьэм лъэбакъуэ защIыжащ.
* * *
ТешэрыпIэ - Временное пребывание новобрачной в доме друга или родственника жениха. НысащIэ къашар пIалъэкIэ щауэм и ныбжьэгъу е и благъэ гуэрым и унэм щыIэныгъэ. Хэт зыщIэр: гуащэр тешэрыпIэм илъэскIи щрагъэс къохъу.
* * *
Уэркъ - Уорк, уздень. ХэIэтыкIауэ щыта зиусхьэн лъэпкъ. Уэркъ хэку зэрыхьами щIыпIэ зэрытми ущысакъын хуейщ – гузэвэгъуэ къыщыппэплъэр хэт ищIэн.
* * *
Фэнд – Бурдюк. Зэгуамыгъэжу псэущхьэм траха фэ. Псы зэрызэрахьэ фэ псылъи псышхуэ зэпрысыкIын хуей хъумэ, къигъэсэбэпу бжэныфэ фэндитIи уанэгу щхьэнтэ щIагъым ягъэкIуэжат.
* * *
Фэлъыр - Полоска сыромятной кожи крупного рогатого скота, из которой изготавливают кожаные веревки и нити. ПлIалэ и бгъуагъыурэ фэдэн ящIыну зэгуагъэжа былымыфэ. …уэшх-уаем зыщахъумэн папщIэ, джанэ щIагъщIэлъым и щIыIукIэ шэхудэ фэлъыр, я пыIэIурэ я бгъэрэ кърашэкIыу здащтэрт.

ФочэщI - Старинное короткоствольное ружье. Адыгэхэм зэрахьэу щыта фоч кIэщI. И цеибгъэм хьэзырылъэ тедами, щIалэм фочэщI зэрыгуэмылъми гу лъитати, ари щыгъупщакъым, фочэщI щIэращIэ дыдэ къыхуищэхуащ, шалъи гыни щIыгъуу.
* * *
Хьэзыр – Газыри. Адыгэ цейм и хьэзыр. Бгъэ жыпым и пIэкIэ хьэзырылъэхэр традащ, абы хьэзыр пщыкIухыр – бгъуитIымкIи ирий – иралъхьэжащ.
* * *
ХъумпIырэ – Кобура. КIэрахъуалъэ. ИжьырабгъумкIэ гуэлъ къэлат хъумпIырэри апхуэдэщ – гъуэгуанэ кIыхьым хуэщIащ.
* * *
Шабзауэ – Стрелок. Мастэнэм ирегъэкI жыхуаIэ шабзауэм и шэрыуагъыр лIым и гуащIэми, Iэм и быдагъми, IэпэIэсагъми емылъытауэ къыщIэкIащ.
* * *
Шурылъэс - Игра-состязание пеших со всадниками. Шухэр шыхэм кърадзыхыну модрейхэм зыкърамыгъэдзыхыну хэту лъэсхэмрэ шухэмрэ зэрызэпеуэу щыта джэгукIэ. ДжэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ щыIэнущ: шурылъэс жыпIэми, нэщанэ жыпIэми, къинэмыщIми.
* * *
Шыбгъэзэгъауэ - Игра-состязание всадников, при котором соревнующиеся стремятся сбить друг друга. Зиш нэхъ лъэщыр, тесыкIэкIэ нэхъ Iэзэр зэрызэхагъэкI шу джэгукIэ. Шу еIэбыхи, уанэгум иувэни, шурэ лъэсрэ зэбгъэрыкIуэни, шыбгъэзэгъауи – джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къагъэлъэгъуащ.
* * *
Шыхэпщ - Ночное (пастьба лошади ночью). Зытеса шыхэр жэщым гъэхъуэкIуэныгъэ. ЩIалэм и тIысыкIар игъэщIэгъуащ Ерстэм. ЩIыи хэтIысхьакъэ мыр удзыпцIи щыджэгуакъэ, и ныбжьэгъу щIалэ цIыкIу шыхэпщ ядэкIуэжакъэ! ЩIым тIысыныр хьэлъэ.
* * *
Щтауч – Кремень. Щтэр тебгъэцIафтэмэ, хъуаскIэ къызыхих мывэ джей быдэ. ЕщтауэмкIэ щтаучым мафIэ хъуаскIэр къыхаудырти, щтамылым храгъадзэрт, ар уэздыгъей пхъэупсахуэм щIагъэнэжырти, щынэхъ уаеми мафIэ зыщIагъэстырт.

Поделиться:

Читать также: