Шыргупс - Щэхъурадж

КъухьэпIэ Кавказым щежэх псыхэм ящыщ зым Щэхъурадж (Чехрак) цIэр зэрехьэ. Ар Лабэ холъэдэж. И къежьэкIэ хъуам ехьэлIауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. 

Зи гугъу тщIы псым зэреджэр тюркхэм я бзэм къытехъукIауэ тезыгъэчыныхьхэм «чага» Iыхьэр «псы» псалъэм, «арык» пычыгъуэр «цIыкIу» мыхьэнэм хуагъакIуэ. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, «чагарык» жыIэкIэр и лъабжьэщ ди зэманым кIахэ адыгэхэм къагъэсэбэп «Щэхъурадж» щIыпIэцIэм, къэпсэлъыкIэхэр щIызэщхьэщыкIам и щхьэусыгъуэри фонетикэм къыщыхъу хабзэ зэхъуэкIыныгъэхэм хуахь. 
Мыдрейуэ къыхэдгъэщынщи, дызытепсэлъыхь щIыпIэцIэм ехьэлIауэ тхыдэтххэм я лэжъыгъэхэм дызыщрихьэлIэхэм ящыщщ «Щыгупсын» псалъэри. 
Кавказым ис лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIар зыджа урыс щIэныгъэлI Люлье Леонтий (1834 гъэм къыщыщIэдзауэ Кавказым щыIащ, пащтыхьым и дзэпщ генерал-лейтенант Вельяминов Алексей деж къулыкъу щищIэу) къызэрилъытэу щытамкIэ, «Щыгупсын» жыIэкIэр шапсыгъ адыгэхэм я «Щэнджыпсыхъуэ» щIыпIэцIэм къытехъукIащ. Къыхэдгъэщ зэрыхъунумкIи, шапсыгъхэр здыIусар хы ФIыцIэ Iуфэм и закъуэкъым, атIэ Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ищхъэрэкIэ гъэза и лъэныкъуэмкIи щыпсэуащ. Мыбдежым «щэндж» Iыхьэр кIахэбзэм хэт псалъэщ, «чэнж» мыхьэнэр къикIыу.
АтIэми, лъахэхутэхэм яхэтщ мы тIуащIэм ехьэлIауэ ди зэманым къэдгъэсэбэп «Щэхъурадж» псалъэм нэхърэ «Шыргупс» жыIэкIэр нэхъ зыфIэкъабылхэри. Апхуэдэу, этнограф икIи тхакIуэ цIэрыIуэ Васюков Семён, нэхъ жыжьэжу мэIэбэри, «Шыргупс» щIыпIэцIэр кIэмыргуейхэм я тхьэхэм ящыщ зым зэреджэу щытам хуехь. 
А къэхутакIуэм «Шыргупс» фIэщыгъэм хэт япэ Iыхьэр, «шыр» жыхуиIэр, «Iеягъэ» мыхьэнэ зиIэу хьэрыпыбзэм къыщыкIуэ «шер» псалъэм ирегъэщхьщ. ЩIыпIэцIэм и етIуанэ, ещанэ Iыхьэхэм, «гу», «псы» жыхуэтIэхэм, къарыкIыр нэрылъагъущ, адыгэбзэ къабзэщи. Аращи, Васюковыр зэрегупсысамкIэ, «Шыргупс» («Шергупс») фIэщыгъэр «Iейм ущызыхъумэ псы», «Iейр езытхьэщIэх псы» мыхьэнэхэм етхьэлIэ хъунущ.
Иджырей Адыгэ Республикэм и щIыналъэми абы къегъэщIылIа щIыгуми «шыргу» пычыгъуэр зыхэтлъагъуэ нэгъуэщI щIыпIэцIэхэми уащрохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, Абхъаз Республикэм и ищхъэрэ-къухьэпIэ гъунапкъэм мыдэкIэ къыщыс Адлер къалэ цIыкIум пэгъунэгъу бгыхэм ящыщ зым «Шыргупс» фIэщыгъэр зэрехьэ, Анапэ районым щежэх псыхэм языхэзми а цIэ дыдэмкIэ йоджэ. 

 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: