ШыщхьэIуур нэхъ яхуэфIащ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ «Спартак-Налшыкым» шыщхьэуIум зэIущIиплI иригъэкIуэкIащ. Къапщэтэмэ, а мазэр ди щIалэхэм къехъулIауэ жыпIэ хъунущ.
Дызытепсэлъыхь лъэхъэнэм и пэщIэдзэ зэпэщIэтыныгъэу «Биолог-Новокубанск» Прогресс щыдрагъэкIуэкIар налшыкдэсхэм нэхъ къатехьэлъахэм ящыщщ.
 ЗэIущIэм и япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ джэгупIэ губгъуэ зэпэщIэтыныгъэ гуащIэ къыщыхъеящ. Дэтхэнэри хущIэкъурт псынщIэу бжыгъэр къызэIуихыу адэкIэ джэгур зэрыхуей щытыкIэм тету иригъэкIуэкIыну. Абы илъэныкъуэмкIэ я кIэн нэхъ къикIащ хэгъэрейхэм. ЗэпэщIэтыныгъэр зэрыщIидзэрэ дакъикъэ етIуанэр екIуэкIыу арат ди гъуащхьэхъумэхэм Iэзэу къапекIуэкIа Переверзовым топыр налшыкдэсхэм я штрафнойм илъадэ Миносян и лъэныкъуэмкIэ щыхуигъэжам. Иужьрейм гъуащхьэтетым пэгъунэгъу плIанэпэм топыр дигъэкIыу бжыгъэр къызэIуихыным лэжьыгъэшхуи ирихьэлIэжакъым.
Куэд дэмыкIыу я гъуащхьэтетым къыхита топымкIэ ебгъэрыкIуэныгъэр къыщIэзыдза «Биолог-Новокубанск»-м зэщхьэщыкIыныгъэр игъэбэгъуащ. Нэхъапэм хуэдэу топыр къызыIэрыхьа Переверзовым иджы адрей лъэныкъуэмкIэ ди гъуащхьэхъумэхэм къапекIуэкIащ. Штрафнойм щихьэм Миносян и лъэныкъуэмкIэ ар къыхитэри налшыкдэсхэм я гъуэм къыдигъэкIащ.
ТопитIкIэ я хьэрхуэрэгъухэм япэ къызэрищами, Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм и футболистхэм я лъэр щIиудакъым – щытыкIэр ягъэзэкIуэжыну жыджэру ипэкIэ кIуатэрт. ДакъикъитI нэхъ дэмыкIыу я мурадри къехъулIащ. Ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм хэту «Биолог-Новокубанск»-м и штрафнойм щихьэм топыр къыIэрыхьащ Хьэшырым. Алан хэгъэрейхэм я гъуащхьэтетым къыпекIуэкIри Iэзэу абы пэжыжьэ плIанэпэм топыр дигъэкIащ.
ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм хуахаха зэманыр иухыным дакъикъэ зыбжанэ иIэжыу ди щIалэхэр гупышхуэу ипэкIэ кIуэтащ. КIыхьыу екIуэкIа ебгъэрыкIуэныгъэм къриубыдэу хьэщIэхэм тIэунейрэ IэмалыфI яIащ бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжыну. ЛIупымрэ Хьэшырымрэ зэкIэлъхьэужьу зэуа топхэм прогрессдэсхэм я гъуащхьэтетым Iэзэу къригъэгъэзащ.
Загъэпсэхуну икIыным куэд къэмынэжауэ щытыкIэр ди щIалэхэм я дежкIэ нэхъыкIэж хъужащ. Япэ топитIыр зи IэдакъэщIэкI Миносян иджы и закъуэу «Спартак-Налшыкым» и и штрафнойм кIуэцIрыкIащ икIи и ебгъэрыкIуэныгъэм и кIэухыу бжыгъэр 3:I-м хуигъэкIуащ.
ТекIуэныгъэр къахуэзыхь бжыгъэр зэрахъумэным я къару нэхъыбэр хухэзыха хэгъэрейхэм зэIущIэм и етIуанэ Iыхьэр траухуауэ щытащ. Я хьэрхуэрэгъухэм я лъэныкъуэмкIэ зэрыщагъэбыдам къыхэкIыу джэгупIэ губгъуэр нэхъ хуит къызыхуэхъуа «Спартак-Налшыкыр» щIэх-щIэхыурэ «Биолог-Новокубанск»-м и гъуэм зэрекIуэлIэным хущIэкъурт, арщхьэкIэ хэгъэрейхэм я зыхъумэжыныгъэр быдэт.
ИкIэм-икIэжым джэгум и иужьрей дакъикъэхэм хьэщIэхэм я мурад къехъулIащ. ТекIуэныгъэр зэраIэрылъхьэм шэч къытезымыхьэж прогрессдэсхэм зы напIэзыпIэкIэ набдзагубдзаплъагъэр яфIэкIуэдащ. Сытым дежи абыхэм гъунэгъуу япэщыт ди щIалэхэм а щытыкIэр къагъэсэбэпащ. Топыр гъуащхьэхъумэхэм Iэзэу яблихри Хьэшырым етIуанэ топыр дигъэкIащ икIи кIэух бжыгъэри 3:2-м хуигъэкIуащ.
КъыкIэлъыкIуэу ди щIалэхэм хьэрхуэрэгъу къахуэхъуащ пэщIэдзэ зэIущIищми щытекIуауэ зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыIыгъхэм ящыщ Павловскэм и «Кубань-Холдинг»-р.
ПэщIэдзэ зэIущIищым зы очко закъуэ фIэкIа къыщызымыхьыфа хэгъэрейхэм зэпэщIэтыныгъэр хуабжьу ирагъэжьащ. ЩIэх-щIэхыурэ «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм хьэщIэхэм я лъэныкъуэмкIэ зыщагъэбыдэрт. Зы ебгъэрыкIуэныгъэм адрейр къыкIэлъыкIуэурэ «Кубань-Холдинг»-м и гъуащхьэхъумэхэм лэжьыгъэшхуэ я пщэ къыдэхуат – къызрамыгъэгъэзэф топхэр угловойм ягъакIуэрт.
ПэщIэдзэ дакъикъэхэр фIы дыдэу къызэхъулIа налшыкдэсхэм я лъэр нэхъ жаныж къэхъуат. ХьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIауэ, топыр иIыгъыу штрафнойм илъадэ Хьэшырыр хабзэр къызэпиуду фIэкIа Николаевым къыхуэгъэувыIакъым. Судьям и унафэр къэмылэнджэжт - хабзэм ебэкъуа футболистыр джэгум къыхихуащ. Абы кърикIуа штрафнойр Масленниковым игъэзэщIащ, арщхьэкIэ гъуэм техуакъым.
ЗэIущIэм и япэ сыхьэт ныкъуэм «Спартак-Налшыкым» бжыгъэр къызэIуихыну Iэмал зыбжанэ иIащ, арщхьэкIэ дэтхэнэ ебгъэрыкIуэныгъэми гъуащхьэтетыр хуэхьэзырт.
ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэри и жыджэрагъкIэ япэм къыпызыщэ хъуащ. Джэгум зэрыщIидзэжу «Спартак-Налшыкыр» ипэкIэ кIуэтащ. Ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм кърикIуа угловойр Дэхъум къыхитащ. Штрафнойм ит футболист зыбжанэм яблэлъэта топыр псоми я щIыбагъым къыдэт Далиевым къыIэрыхьащ. Дауд зимыIэжьэу зэ уэгъуэкIэ топым гъуэмкIэ иригъэунэтIащ икIи зэIущIэм и бжыгъэр къызэIуихащ.
Я джэгукIэмрэ зэIущIэм и бжыгъэмрэ зэхуэдэ налшыкдэсхэр нэхъ жыджэрыж хъуащ – ебгъэрыкIуэныгъэхэр увыIэгъуэ зимыIэт. КъыкIэлъыкIуэ топми футболеплъхэр куэдрэ пэплъакъым. ДжэгупIэ губгъуэм и кум топыр къыщызыIэрыхьа Далиевым ар КIэдыкIуейм хуигъэжащ. Зэман дэкIри, ар Хьэким Дауд къритыжащ. Штрафнойм гупышхуэу зыщызыгъэбыда хьэщIэхэм яхэмыхьэ щIыкIэ иужьрейр лъэщу гъуэм и лъэныкъуэмкIэ еуащ. Апхуэдэу щытыкIэр къекIэрэхъуэкIыну щымыгугъа «Кубань-Холдинг»-м и гъуащхьэтетым топыр къиубыдыну щыхуежьэм IэщIэцIэфтри, гъуэм дыхьащ.
КъыкIэлъыкIуэ дакъикъэхэм бжыгъэм хагъэхъуэну IэмалыфI зыбжанэ яIащ ХъутIэм, Хьэшырым, джэгум къыхыхьагъащIэ Жангуразовым, ауэ абыхэм зымащIэ яхурикъужакъым – топыр гъуэм техуэртэкъым е гъуащхьэтетым къригъэгъазэрт.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм хьэщIэхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэхэм уриплъэжмэ, иужьрейр щызэхэтар мы гъэм и накъыгъэм и 6-рщ. Абы щыгъуэм бжыгъэшхуэкIэ - 3:0-у - Павловскэм щыIэу ди щIалэхэр текIуауэ щытащ.
Тхьэмахуэ ипэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм зэхьэзэхуэм щыпашэр зэрыхигъэщIам жыджэрагъышхуэ къритауэ къыкIэлъыкIуэ зэпэщIэтыныгъэр «Спартак-Налшыкым» къыщIидзащ. Иджы ди щIалэхэм хьэрхуэрэгъу къахуэхъуат зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм и иужьрей увыпIэм къыщызэтеувыIа Владикавказ и «Алания-2»-р.
 ЗэIущIэм и япэ дакъикъэм щегъэжьауэ хьэщIэхэр я гъунэгъу республикэм и футболистхэм ятегуплIат зы ебгъэрыкIуэныгъэм адрейр къыкIэлъыкIуэу налшыкдэсхэр ипэкIэ кIуатэрт.
ДжэгукIэ лъэщ къэзыгъэлъагъуэ ди щIалэхэм я гугъуехьым хуэфэщэн тыгъи къыпэкIуащ. Зи чэзу ебгъэрыкIуэныгъэм хэту топыр къызыIэрыхьа Торосян штрафнойм щихьэм лъэщу еуащ икIи гъуащхьэтыр лъэмыIэсу абы пэжыжьэ плIанэпэм дыхьащ.
ДжэгукIэм хуэфэщэн бжыгъэр къызэзыгъэпэща хьэщIэхэм щытыкIэр псори я IэмыщIэ иралъхьат, я ебгъэрыкIуэныгъэхэри нэхъ жан, нэхъ шынагъуэ хъуат.
Дэтхэнэ дакъикъэри «Спартак-Налшыкым» сэбэпынагъэ пылъу зэрыригъэкIуэкIыным хущIэкъурт. Япэ Iыхьэм къыщIагъуа иужьрей дакъикъэр екIуэкIыу абыи ехъулIэныгъэ къахуихьащ. Ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм хэту Черткоевыр штрафнойм щихьэм лъэщу гъуэм еуащ. Гъуащхьэтетым къригъэгъэза топыр Хьэшырым и дежкIэ къэлъеящ. Абы кIэлъеуэжа Алан зэIущIэм и бжыгъэр игъэбэгъуащ.
Джэгум и япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ зыхъумэжыныгъэм телажьэ хэгъэрейхэм я гъуащхьэхъумэхэм зы зэманкIэ набдзагубдзаплъагъэр яфIэкIуэдащ. «Алания-2»-м и штрафнойм къыIумыкI ди щIалэхэм щытыкIэр напIэзыпIэм къагъэсэбэпащ. ЛIупым къыIэрыхьа топыр гъуащхьэхъумэхэм Iэзэу яблихри игъажэ щIыкIэ гъуэмкIэ иутIыпщащ. Апхуэдэ къекIуэкIыкIэм хуэмыхьэзыра гъуащхьэтетыр топым кIэлъыIэбэну игу къэкIыхакъым.
Налшыкдэсхэм ящыщу владикавказдэсхэм я гъуащхьэхъуэмэхэм лэжьыгъэ мытыншхэр къыхузэрагъэпэщащ Черткоевым, Торосян, Къумыкъум.
ХьэщIэхэр арэзы къэзыщI бжыгъэр зэIущIэм кIэух хуащIауэ зэпэщIэтыныгъэм хухаха зэман нэхъыщхьэр и кIэм нэблэгъащ. АрщхьэкIэ, къызэрыхэдгъэщащи, джэгум и дэтхэнэ дакъикъэми сэбэпынагъ къыхуэзыхыну хъущIэкъу ди шIалэхэр къэувыIэтэкъым. КъыщIагъуа еплIанэ дакъикъэр екIуэкIыу «Спартак-Налшыкым» и иужьрей ебгъэрыкIуэныгъэр къызэригъэпэщащ. Штрафнойм щилъадэм топыр къызыIэрыхьа Ашуевым зэ еуэгъуэкIэ абы гъуэмкIэ иригъэунэтIащ икIи бжыгъэр 0:4-м хуигъэкIуащ.
Зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм щыпашэм къыкIэлъыкIуэу текIуэныгъэм и IэфIагъыр зэкIэ зэхэзымыщIа владикавказдэсхэри бжыгъэшхуэкIэ хагъэщIауэ «Спартак-Налшыкым» и ехъулIэныгъэхэм хигъэхъуащ.
ШыщхьэуIум и иужьрей зэIущIэу «Спартак-Налшыкым» и унэ къыщригъэблэгъащ Мейкъуапэ и «Дружба»-р. ИпэкIэ иригъэкIуэкIа зэпэщIэтыныгъитIыр ехъулIэныгъэкIэ къезыхьэлIа хэгъэрейхэм джэгур жыджэру къыщIадзащ.
Куэд дэмыкIыу «Спартак-Налшыкыр» гупышхуэу ипэкIэ кIуэтащ. Налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм пэмылъэщ хьэщIэхэм топыр зыбжанэрэ угловойм ягъэкIуащ. Абыхэм ящыщ зым хэгъэрейхэм ехъулIэныгъэ къахуихьащ. А махуэм ди щIалэхэм я угловойхэр зыгъэзэщIа Дэхъум къыхита топым япэу нэсащ ХъутIэр. Анзор ар Iэзэу щхьэкIэ гъуэм дигъэкIащ.
ПсынщIэу бжыгъэр къызэрызэIуахам ди щIалэхэм я лъэр нэхъ жаныж къищIат. КъыкIэлъыкIуэ дакъикъэм Хьэшыр Алан къыхэжаныкIыну IэмалыфI дыдэ къыхукъуэкIат. «Дружба»-м и гъуащхьэхъумэхэм къапекIуэкIыу гъущхьэтетым хуэзанщIэ хъуа ди щIалэр лъэщу топым еуащ, арщхьэкIэ хьэщIэхэм я гъуэр а махуэм зыхъума абы и къуэш Тамерлан топым къригъэгъэзащ. Зэман дэкIри иджыри зэ Алан гъуэм екIуэлIащ, арщхьэкIэ мейкъуапэдэсхэм я гъуащхьэтетыр зэрыбыдэт.
ЗэIущIэм и япэ сыхьэт ныкъуэм тепщэныгъэр «Спартак-Налшыкым» иIыгъащ. «Дружба»-м контратакэ закъуэтIакъуэ къызэрыгъипэщыр налшыкдэсхэм я штрафнойм нэстэкъым – ди шIалэхэм къызэпаудырт. Апхуэдэхэм ящыщ зым мейкъуапэдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр хабзэм къемызэгъыу «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэхэм къызэпаудащ – штрафной. Мицаевым и гъуэм пэмыжыжьэу щагъэува топым Мэкъуауэ Алим хэгъэрейхэм штрафной лъэныкъуэмкIэ къыхитащ. Псом нэхъ лъагэу къыдэлъея Васильевыр топым щхьэкIэ кIэлъеуэжри, гъуащхьэтетым пэжыжьэ плIанэпэм ар дигъэкIащ.
Загъэпсэхуу къихьэжа нэужь зэныкъуэкъуныгъэр нэхъ кIащхъэ къэхъуащ. «Спартак-Налшыкым» и ебгъэрыкIуэныгъэхэм нэхъапэм хуэдэ гуащIэ щIэлъыжтэкъым. ХьэщIэхэми я лъэныкъуэмкIэ зыщагъэбыдауэ ипэкIэ кIуэтэну гукъыдэжышхуэ яIэ хуэдэтэкъым.
Джэгум щыщу сыхьэтым щIигъу блэкIауэ «Спартак-Налшыкым» и зи чэзу ебгъэрыкIуэныгъэр ЛIупым кърихьэжьащ. Ислъам штрафнойм гъунэгъу щыхуэхъум абы топыр гъуэм нэхъ пэгъунэгъуу щыт Хьэшырым и лъэныкъуэмкIэ къыхитащ. Гъуэ нэщIым хуэзанщIэу къыщыхута Алан аргуэру тэмэму техуакъым. Къытщхьэщытым иухауэ къыщIэкIынутэкъым абы и къуэшым и жагъуэ ищIыну.
Апхуэдэу шыщхьэуIу зэIущIэхэм «Спартак-Налшыкым» очкоибл щызыIэригъэхьауэ, епщыкIутIанэ увыпIэм къикIри еянэм нэс къыдэкIуеяуэ мазэр зэхуищIащ. Дыщыгугъынщ къыкIэлъыкIуэ лъэхъэнэхэри пэщIэдзэм къыкIэрымыхуу иригъэкIуэкIыну, футболеплъхэм гукъыдэж къезытыну текIуэныгъэхэр къахьыну.

Жыласэ Замир.
Поделиться: