И напэ емыплъыжу лъэбакъуэ зымыча

Зи гуащIэм утепсэлъыхькIэ пхуэмыухщ, пщIэуэ хуэпщIымрэ зэрыбгъэлъапIэмрэ къилэжьым ефэгъуэкI зэпытщ тхакIуэ, усакIуэ, драматург, сурэтыщI IутIыж Борис. 
Борис и тхыгъэхэр гъуэзэджэщ, и адыгэбзэр шэрыуэщ, унэтIыныгъэ IэджэкIэ и зэфIэкIыр инт, и цIыху щIыкIэри гъэщIэгъуэныщэт. Сыт хуэдэ жанрым хэмылэжьыхьами, сыт хуэдэ тхыгъэ къимыгъэщIами, сыт хуэдэ Iуэхум зримыпщытами, дэтхэнэри нэгъэсауэ, псалъэ лей хуэныкъуэу зэфIихырт абы.
Зи купщIэкIэ тхыгъэшхуэхэм зыкIи къакIэрымыху и усэхэм я гугъу тщIынкъым, я цIэ къитIуэнщ и драматическэ тхыгъэ лъэщхэм, ди адыгэ лъэпкъ театрыр театр зыщIыжахэм ящыщ зыбжанэм. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Тыргъэтауэ», «Эдип», «Кхъужьеибэ», «Жьэмыгъуэ Африкэм», нэгъуэщIхэри.  
УзыфIэзыгъэлIыкI, узыщызыгъэукIытэ, и дуней тетыкIэмкIэ нэмысышхуэ къэзылэжьыф лIы Iущу щытащ Борис. Езыр апхуэдизкIэ угъурлыфэт, теплъафIэти, жыпIэнуракъэ, уитхьэкъурт, псалъэу къыжьэдэкIым мыхьэнэ ящIэлъти, цIыхухэм япхъуатэрт. 
Дунейм зэрехыжрэ илъэс пщыкIуплIым нэблэгъами Борис нэгум щIэтщ, цIыхупсэхэм къыхэнащ, и тхыгъэхэр лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэс зэрыхъуам и щыхьэту. Зэманым жьы дэмыхъу, адыгэбзэм и мэ гуакIуэр къыпщIезыгъэхьэ защIэщ Борис и къалэмыпэм къыщIэкIахэр. 
ЦIыху щхьэхуэхэм IутIыжым хужаIахэм IупщIу къахощ абы и IуэхущIафэр, и талантыр, и гуп хэтыкIэр, и зэпIэзэрытагъыр, нэгъуэщI хьэл дахэ куэди. 

Жэзым, пхъэм, нэгъуэщI зыгуэрхэм сытри къыхищIыкIырт Борис. АпхуэдизкIэ IэпщIэлъапщIэти, ар зыхэмызагъэ щыIэу къыщIэкIынтэкъым. Псэ хилъхьэфыртэкъым, армыхъумэ, зэIусэр зыхуей сэфэтым иригъэувэфырт.
ЕЛГЪЭР Кашиф.

Абы итхам езым нэмыс хуищIыжыфырт икIи ухэIэбащэу идэнутэкъым. Пэж жыпIэнумэ, ущIеIэбыжыни щымыIэу тхэфырт ар, щыщIалэ дыдэми щыщIэдзауэ. 
КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд.

Сыхуэпабгъэу сыхущIэкъуну мыхъумэ, зэи сыздынэмысыфыну лъагапIитI щыIэщ – ар КъардэнгъущI Зырамыку и IуэрыIуэдзыгъэмрэ IутIыжым и бзэ дахэмрэ. Борис адыгэбзэ ищIэ къудейтэкъым, абы анэдэлъхубзэр зыхищIэрт. 
ЦIЫПIЫНЭ Аслъэн. 

Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыр, ар зыгъэлъапIэр, абы и щхьэр езыгъэIэтыр, лъэпкъым псэ хэзылъхьэр IутIыж Борис хуэдэхэрщ. ЛъэпкъылIщ, гупсысакIуэщ, ущиякIуэщ, тхакIуэщ, усакIуэщ, сурэтыщIщ, кIэщIу жыпIэмэ, адыгэпсэм зезыгъэузэщI цIыху щыпкъэщ Борис. 
ХЬЭIУПЭ ДжэбрэIил. 
 

Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ