ФIыуэ слъагъум и нэ щIыхухэр

Новеллэ
ЛIым зыдгъэлъагэ пэтми,
Я лъэгуажьэм ди жьакIэр нэскъым…

Агънокъуэ Лашэ.

Дунейм зауэ мыхъумыщIэу тетам я бжыгъэр зыми ищIэжыркъым. Абыхэм цIыху дапщи хэкIуэда?! Ауэ, ахэр зыми щыщкъым цIыхубзым къуищIылIа зауэм елъытауэ. Абы и бийуэ уигъэувамэ – уи Iэр Iэтауэ утыку ихьэ, дауэ ищIми - къыптекIуэнущи. ЦIыхубзым куэд хузэфIокI! Наполеон, Гитлер сымэ сытым щыщхэ абы елъытауэ?! Тхьэ фхуэсIуэнщ, ахэр цIыхубзу щытамэ текIуэныгъэр зэраIэнумкIэ! Уеблэмэ, иныжьри къишэнщи, уи пащхьэм къыщигъэфэнщ. А псор зэрищIэнури - пыгуфIыкIыурэщ…
Уэ, дауи, ар пщIэркъым, ахъумэ, си пащхьэм апхуэдэу зыбгъэпагэу уисынтэкъым. Уэ утопсэлъыхь лъагъуныгъэм, ауэ ар уи дежкIэ хамэу жыбоIэ. Си гум хуабагъэ гуэр зэрыпхуилъыр къэпщIащи, ди джэгум щытепщэр уэрауэ къыпщохъу.
Сэ узэпызудкъым, къэсакъым иджыри си «кIуэгъуэр». Уи нэ щIыхуитIым сыщIэплъэм сфIэфIщи, сыпогуфIыкIри сыщысщ.
- СщIэркъым сэ лъагъуныгъэ жыхуаIэр, - жыбоIэ уэ. - Ар хуэмыхухэм къагупсыса Iуэхугъуэщ. ПщIэ хуэпщIым, уигу къэкIым аракъэ лъагъуныгъэ хъужри?! Абы псалъэ лей хуейкъым. Сэ сыкъапщтэмэ, апхуэдэ IуэхугъуэхэмкIэ сыпхуэубыдынукъым. СыхыфIадзэжын щхьэкIи сыгузавэркъым. Уэри ухуитщ къыхэпхынумкIэ, сэ зыри хэзгъэзыхьыркъым. Зэи зыми къыкIэлъызжыхьынукъым… Си хьэлри шэчыгъуафIэкъым… Ауэ, зысхъуэжынуи зызгъэхьэзыркъым. Егупсыс, сызэрыщытым хуэдэу укъысхуэмеймэ, ар уи Iуэхужщ…
Уи псалъэхэм зыри пэздзыжакъым. СыткIэ сыхуей сэ а псалъэ лейхэм, уи нитIым псори къыщызжаIакIэ?! Абыхэм куэд щIауэ зыкъызагъэщIащ сэ.
Ауэ, итIанэми, мы зэпеуэм щытекIуар наIуэ сщIыну сыхуейщ. Уэ уздэпсалъэм, зэуэ си шэнтым зыкъытызоIэтыкI.
- Дэнэ уздэкIуэр?! – укъэгузэвауэ укъызоупщI уэ.
Хуэмурэ сотIысэхыжри, сыпхуогуфIэ:
- Тыншу сытIысауэ аращ…
Иджыпстурей Iуэхугъуэм къикIыр тIуми къыдгурыIуауэ дызоплъыж.
- Ей, уэри уэ! Сыту убзаджэ-тIэ, - удыхьэшхыурэ жыбоIэ. Сэри уи нэ щIыхуитIым гу щызмыхуэжу соплъ…
СфIэфIщ апхуэдэу къыщызжепIэм деж…

ГъукIэ Маринэ.
Поделиться: