МэкъумэшыщIэхэмрэ хьэлъэзехьэхэмрэ япэлъэщакъым

ФутболымкIэ Урысей Федерацэм и Кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэ­зэхуэхэм и 1/128 Iыхьэм «Спартак-Нал­шы­кым» Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-р щыхигъэщIа нэужь ди щIалэхэм адэкIэ хьэрхуэрэгъу къахуэхъуащ Ставрополь крайм и Ивановскэ къалэм и «Ставро­поль АгроСоюз» командэр.

КъызэрыгуэкI къалэ цIыкIум и футбол командэм зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ зэIущIэхэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэ­гъуащ. Япэ джэгугъуэм абыхэм бжыгъэшхуэкIэ щыхагъэщIащ «ЕсэнтIыгур» - 3:0. КъыкIэлъыкIуэу зэхьэзэхуэм и 1/128-нэ Iыхьэм зэпеуэм къыщыхигъэкIащ Мэхъэчкъалэ и «Легион»-р – 4:3.
Налшык щызэхэта зэIущIэм и пэщIэдзэ дакъикъэхэм командэхэм жыджэрагъы­хуэ къамыгъэлъуагъуэу екIуэкIащ. Зым и тIасхъэм адрейм щыгъуазэ зэрызыщищIыным джэгум и щIэдзапIэр хухахат. Апхуэдэ мурадкIэ закъуэтIакъуэрэ дэтхэнэ лъэныкъуэми ебгъэрыкIуэныгъэкIэ узэ­джэ хъун Iэмал гуэрхэр къызэрагъэпэщащ.
Апхуэдэу епщыкIузанэ дакъикъэм хьэ­щIэхэр а махуэм «Спартак-Налшыкым» и гъуэр зыхъума Сиукаевым къебгъэрыкIуа нэужь топыр къызыIэрыхьа налшыкдэс­хэм контратакэ псынщIэ къызэрагъэпэщащ. Хьэшырым штрафноймкIэ къыхита топыр «СтавропольАгроСоюз»-м и гъуэ нэщIымкIэ иригъэунэтIыжын фIэкIа къы­зыхуэмына Топурия абы лъэIэсакъым.
Дакъикъэ зыбжанэ дэкIри ди щIалэхэр аргуэру ивановскэдэсхэм я гъуэм екIуэ­лIащ. Гупышхуэу ипэкIэ кIуэта хэгъэрейхэм топыр къахихащ икIи гъуащхьэ­хъумэхэм къапекIуэкIри гъуащхьэтетым хуэзанщIэ хъуащ Къумыкъур, арщхьэкIэ Джамболэт и топыр гъуэм техуакъым.
Япэ Iыхьэм и етIуанэ ныкъуэм «Спартак-Налшыкым» и джэгукIэм хигъэхъуащ икIи топыр нэхъыбэрэ иIыгъ хъуащ. АрщхьэкIэ абы сэпэбынагъ къыхахыфыртэкъым – я ебгъэрыкIуэныгъэхэм хуэфэщэн кIэух ирагъэгъуэтыфыртэкъым е гъуащхьэ­хъумэхэм къызэпаудырт.
Загъэпсэхуну икIыным куэд къэмынэжауэ, Дэхъум къыхита угловойм ехъулIэныгъэ къытхуихьыным зымащIэщ иIэжар. Штрафнойм ит Белоусовыр топым щхьэ­кIэ кIэлъеуэжащ, ауэ хьэщIэхэм я гъуащ­хьэтет Чикильдин абы хуэхьэзырти къиубыдащ.
ЗэпэщIэтыныгъэм и етIуанэ Iыхьэми командэхэм я джэгукIэм зихъуэжакъым – налшыкдэсхэр нэхъыбэрэ ебгъэрыкIуэрт, хьэщIэхэми Iэмал къазэрыхуихуэу, контратакэ псынщIэхэр къызэрагъэпэщырт.
Джэгум зэрыщIидзэжрэ куэд дэмыкIауэ «СтавропольАгроСоюз»-м бжыгъэр къы­зэIуихащ. И командэм и ебгъэрыкIуэныгъэр диIыгъыу хэгъэрейхэм я штрафнойм къилъэда Зароченцевым топыр къыIэ­рыхьащ икIи ар гъуащхьэтетым пэгъу­нэгъу плIанэпэм дигъэкIащ – 0:1. Къыхэд­гъэ­щынщи, а гъуащхьауэ дыдэращ «Легион»-м драгъэкIуэкIа зэIущIэм и бжыгъэр къызэIузыхари.
ЩытыкIэр ягъэзэкIуэжын мурадкIэ «Спартак-Налшыкым» и футболистхэр къаруушхуэкIэ ипэкIэ кIуэтащ. Профес­сионал командэр футбол джэгуныр зимыIэщIагъэ лэжьакIуэ цIыхухэмкIэ зэхагъэува гупым къыхигъэщIэныр къемы­зэгът. Къыхэдгъэщынщи, гъуащхьэхъумэ Тигиевыр таксистщ, гъуащхьэхъумэныкъуэ­ Нэхущ Къантемыр – курьерщ, бжыгъэр къызэIузыха Зароченцевыр хьэлъэзехьэщ...
Я къару псори зэщIэзыгъэуIуа ди щIалэ­хэм джэгур зэпIэзэрыт ящIыжыфащ. «Спартак-Налшыкым» и ебгъэрыкIуэныгъэм хэту топыр къызыIэрыхьа хэгъэрейхэм я капитан Хьэшыр Алан бжыгъэр зэ­хуэдэ ищIыжащ – 1:1.
Зэхьэзэхуэм и хабзэхэм ипкъ иткIэ зэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ иух хъунутэкъым – адэкIэ нэхъ лъэщыр пенальти еуэгъуэм щызэхэкIынурат. Псоми зэрытщIэщи, пенальтир насыпырыхьщ.
Зи джэгукIэр нэхъ жан хъуа хэгъэрейхэр зэтраIыгъэным я къару псори хухахат ивановскэдэсхэм, ебгъэрыкIуэныгъэ къызэ­ры­зэрагъэпэщын къару къахуэнэжатэкъым. Пенальтир нэхъ хэкIыпIэфIу къэ­­зы­лъыта «СтавропольАгроСоюз»-м и лъэныкъуэмкIэ зыщигъэбыдат. ДжэгупIэ губ­гъуэр хуит къызыхуэхъуа «Спартак-Налшыкыр» гупышхуэу я хьэрхуэрэгъухэм я лъэныкъуэмкIэ кIуэтащ икIи щIэх-щIэхыурэ гъуэм ебгъэрыкIуэрт.
Апхуэдэхэм ящыщ зым хэту топыр иIыгъыу штрафнойм илъэда Ашуевыр гъуащ­хьэ­хъумэхэм хабзэр къызэпауду фIэкIа къа­хуэгъэувыIакъым. ЕтIуанэ дагъуэр  къы­зыхуащIа Тигиевыр джэгум къыха­хуащ.
ЗэIущIэм хухаха зэман нэхъыщхьэр зэ­рытемыгъэкIуауэ зэриухам пенальти еуэгъуэр кърикIуащ. Топ пщIырыпщI командэхэм щыдагъэкIа нэужь, ЛIупым пенальтир хуэгъэзэщIакъым. КъыкIэлъыкIуэу топым бгъэдыхьа ди лъэпкъэгъу КIэблахъуэ Владислав хьэщIэхэм текIуэныгъэ къахуихьащ - 10:11. НэхъапэIуэкIэ ди ­гъуэм пенальтихэм ящыщ зы къыдигъэ­кIащ хьэщIэхэм я капитан Табыщ Артури.

Мэзкуу Къан.
Поделиться: