ЦIыхубзхэм теухуа гушыIэ

ЦIыхубзыр  цIыхухъум нэхърэ нэхъ губзыгъэщ, ауэ абы и  акъылыр  псом япэу зытригъэкIуадэр  ар цIыхухъум  къызэрыримыгъэщIэнырщ.

Маккарти Мэри.

Сэ жысIауэ къалъытэм щыщу сэ зыри жысIакъым, ауэ    акъыл  зыхэлъ гуэрмэ -  шэч хэмылъу, жызыIар сэращ.

30 гъэхэм Голливудым и актрисэу щыта

Банкхед Таллулэ.

          Сабийм фи гумащIагъ къыщимылэжьам дежщ псом хуэмыдэу щыхуэныкъуэр.

Бомбек Эрмэ.

Нэхъыщхьэр цIыхум сэ стеухуауэ я гум илъракъым, атIэ сэ абыхэм яхузимурадырщ

Пащтыхь гуащэ Викторие.

А цIыхубзыр илъэс плIыщI зэрырикъурэ  зэрыхъур  илъэс щэщIрэ тхурэщ.

Уайльд Оскар.

ЦIыхубзхэм ныбжь яIэкъым: е  цIыхубз щIалэщ, е жьыщ.

Гитри Сашэ.

ЦIыхухъур илъэс  хыщIым балигъыпIэ йоувэ, цIыхубзыр  илъэс пщIыкIутхум.

Стивенс Джеймс.

Сыт хуэдэ  ныбжьми  нэхъ щIалэ ухъужыфынущ.

Уэст Мэй.

Жьыгъэр гъащIэм и ауанщ.

Де Бовуар Симонэ.

Ужьми   нэхъыфIщ, улIа нэхърэ.

Бардо Брижит.

 

Хъыджэбз дахэр ямылейуэ губзыгъэмэ -  узыщхьэщеху.

Сиважон Марк Жильбер.

ЗэрыжаIэмкIэ, Франджым щыпсэу  бзылъхугъэхэм  сэхусэплъым  трагъэкIуадэ ахъшэр  къэралым и армэм хухахым нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ.  ТекIуэныгъэр зейр нэрылъагъущ.

Ипохорская Янинэ.

ЦIыхубз Iей щыIэкъым, цIыхубз щхьэхынэщ щыIэр.

Рубинштейн Хеленэ.

Си щхьэгъусэм сырыху акъылыншэкIэ къоджэ. Ар пэжкъым, сэ си щхьэгъусэр  щхьэц фIыцIэщ.

Орбен Роберт.

 

 

Поделиться:

Читать также: