Псым япэ ибгъэщын щыIэкъым

Иужь зэманым газымрэ щIыдагъэмрэ апхуэдизу куэд тражыIыхьри, ди  щыIэкIэ-псэукIэмкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэр IэнатIэхэри ящогъупщэ. Зи гугъу  тщIынур псырщ, ар уимыIэу узэрымыпсэуфынурщ. Абы  щыгъуэми, еджагъэшхуэхэм къызэралъытэмкIэ, илъэс зытIущ нэхъ дэмыкIыу дунейпсо цIыхубэм и пащхьэ къиувэнущ ар къазэремэщIыкIым епха къалэн гугъур. Абы, хэбгъэзыхьмэ, щIихъумэнущэ экономикэми   политикэми егъэщIылIа Iуэху псори. Мы зэманым къэрали 100-м щIигъум къащэхун хуей мэхъу псыр. Жыжьэ дыIэбэнкъыми, ди Байкал къабзащэм и псыр яфIэфI дыдэщ Китайм и цIыхухэм.

 

АрщхьэкIэ, ирикъуу диIэми, гугъуехьхэр кIуэдыркъым. Къапщтэмэ, Урысейм и щIыналъэм ейщ   щIы хъурейм псы къабзэу щыIэм и Iыхьэ щанэр, ауэ абы и процент 80-р Уралым и щIыбым хуозэ, къэралым и процент 80-р щыпсэу  и европей лъэныкъуэм къыхуэнэжыр процент 20 къудейщ. ПхузэфIэмыкIын къалэнкъым, ауэ зэлэжьын хуейщ.

 Нэхъыжьхэм дощIэж СССР-м и лъэхъэнэм Сыбырым и псыежэхышхуэхэм къыхашу ипщэ лъэныкъуэмкIэ къудамэхэр къаутIыпщыну зэрамурадар. Уеблэмэ кIэнауэхэр дэтIыкIын щIадзат. АрщхьэкIэ щIыуэпсым  зэран  хуэхъуну къалъытэри, лэжьыгъэхэр ягъэувыIэжащ.

 Тэмэмуи ящIащ. Аргуэру бжыгъэхэм дыхуэкIуэнщи цIыхум дунейм лэжьыгъэу щригъэкIуэкIым и  процент 90-р  псым пыщIащ. Абы ар езыр зэрымысакъыр, зэрызэримыгъэзахуэр хэплъхьэжмэ, леишхуэ къытохьэ. Нэхъ Iеижщ къэхъукъащIэ шынагъуэхэм Iисрафу къытхалъхьэр: иужь илъэс 20-м Европэм и закъуэ псыдзэ къыщхьэдэуэхахэм еврэ мелард 27I-рэ я уасэ хэщIыныгъэхэр къахьащ, цIыху мини I50-м щIигъу щыхэкIуэдащ.

Шынагъуэр къокI нэгъуэщI лъэныкъуэмкIи: щIыр мэпхъэх. Пшахъуэм еубыд илъэс къэс тонн мелуан I2 хуэдиз.

Иджыри къэс дэ зи  гугъу тщIар цIыхухэр зэфэ псырщ. Ауэ хыхэмрэ тенджызхэмрэ я мыхьэнэр зыкIи нэхъ цIыкIукъым. Къэралхэм зэдащI сатум и процент 80 хуэдизыр абыхэмкIэ зэфIагъэкI, мылкъутэ кхъухь лъэщхэм пхаш гъуэгухэмкIэ щIыпIэ нэхъ къуейщIейхэм ерыскъыхэр, хьэпшыпхэр, цIыхур псэун папщIэ зыхуеину нэгъуэщIхэр яшэ.

Псым  ди гъащIэм щиубыд  увыпIэр зэрыгъунапкъэншэр псоми къагурыIуэ хуэдэщ, атIэ щхьэ щымысхьу ягъэкIуэщIрэ? Сыт щIызэрамыгъэзахуэр?  ЩIы хъурейм зы жэщ-махуэм псы къабзэ литр мелард 346-рэ фIокIуэд, ар зрикIуэ бжьамийхэр кхъахэ зэрыхъуам, зэрыгъуанэ- пщIанэм къыхэкIыу.  Аракъэ гудзакъэншагъэ жыхуаIэжыр? Ар мыгувэу цIыхухэм я щхьэхэм  къызэреуэжынур  къыбгурыIуэн папщIэ жыжьэрыплъэу ущытын хуейкъым.

Дунейм и къулеигъэ нэхъ  инхэр зыбгъэдэлъ Урысейм  и пащхьэм къиувэнущ хуэныкъуэ къэралхэр псыкIэ къызэригъэпэщыным хуэгъэза къалэнри. Ар  къалэн лъапIэу икIи ди пщIэр лъагэу зыIэту щытынущ.

 

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: