ЗэфIэкI лъагэхэр къагъэлъагъуэу

Мэзкуу къалэ дэт ЦСКА-м и атлетикэ псынщIэ-футбол комплексым щекIуэкIащ Поддубный Иван и фэеплъу спорт бэнэкIэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэм хиубыдэ сабийхэм я зэIущIэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым алыдж-урым, бэнэкIэ хуитхэмкIэ и спортсмен ныбжьыщIэхэм зэпеуэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 9 щызыIэрагъэхьащ, абыхэм ящыщу 7-р дыщэу.
БэнэкIэ хуитымкIэ зэхьэзэхуэм зыхэта гупхэм пашэныгъэр щаубыдащ Дэжыг Ислъам (кг 25-рэ), Iэщыж Мухьэмэд (кг 35-рэ), Къашыргъэ Идар (кг 67-рэ), Iэщыж Щамил (кг 75-рэ) сымэ. Домбеякъыр зыIэригъэхьащ килограмм 32-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбэна Къаншокъуэ Дамир.
Алыдж-урым бэнэкIэм лIэужьыгъуэм дыщэ медалхэр къыщахьащ ФIыцIэхъу Тамирлан (кг 25-рэ), Къардэн Ратмир (кг 38-рэ), Уэдыжь Имран (кг 41-рэ) сымэ. Малкаров Омар зи хьэлъагъыр килограмм 32-рэ зи хьэлъагъхэм я гупым ещанэ щыхъуащ.
Мы махуэхэм пщIэшхуэ зиIэ зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэхэм щIэбэнынущ балигъхэр. Абыхэм яхэтщ иджырей олимп чемпионхэр, дунейпсо, урысейпсо зэпеуэхэм щытекIуахэр.

Къэхъун Бэч.
Поделиться:

Читать также: